Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ йохъуэхъу

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ я махуэмкIэ си гуапэу сохъуэхъу!
Мы махуэм дэ догъэлъапIэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн гугъухэр гъэзэщIэным хуэхьэзыр, жылагъуэм я хуитыныгъэмрэ хабзэмрэ, шынагъуэншагъэр къэмылэнджэжу зыхъумэ, лIыгъэрэ хахуагъэ къэзыгъэлъагъуэ цIыхухэр. 
Псом хуэмыдэу фIыщIэ псалъэхэр яхуэфащэщ МВД-м и ветеранхэм, хабзэр хъумэным хуащIа хэлъхьэныгъэ иным, Хэкум хуэпэжу я къулыкъур зэрырахьэкIам папщIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэр Iэзагъышхуэ зыхэлъщ, хьэл зэтеубыда зиIэщ, IэнатIэм щыпэрыувам ята псалъэхэм хуэпэжу зи къалэныр езыхьэкIхэщ. 
Фэращ экстремизмэм, коррупцэм, щIэпхъаджагъэ зэхуэмыдэхэм япэу пэщIэувэр. Фи лэжьыгъэм фызэрехъулIэм куэдкIэ елъытащ жылагъуэм щыIэну зэпIэзэрытыныгъэр, цIыхухэм я мамыр псэукIэр, я пщэдейр зыхуэдэнур. 
Хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм зэманым къахуегъэув жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэныщIэхэр икIи фэ фхузэфIокI фи пщэрылъхэр ехъулIэныгъэкIэ зэфIэфхын.
ФIыщIэ фхузощI фызыпэрыт IэнатIэм къалэн къыфщищI Iуэхухэр Iэзагъышхуэ хэлъу, хьэрэмыгъэншэу зэрывгъэзащIэм папщIэ. Шэч къытесхьэркъым фэ дяпэкIи гудзакъэ фхэлъу лэжьыгъэм фызэрыпэрытынум, законым, Урысейм и цIыхухэм я хъумакIуэ нэсу фызэрыщытынум.
Узыншагъэ, ефIэкIуэныгъэ, зэIузэпэщыгъэ фи щхьэкIи фи унагъуэкIи фиIэну сынывохъуэхъу.

 

Поделиться: