Геометрием и лъабжьэрПасэрей Мысырым геометрием и лъабжьэм щыхащIыкIырт илъэс мини 4-5 япэкIэ. Ар къыщысэбэпырт ухуэныгъэм. Иджырей геометрием и лъабжьэгъэтIылъу къалъытэ пасэрей алыдж щIэныгъэлI Евклид. Ар ди эрэм ипэкIэ III лIэщIыгъуэм псэуащ. Абы ейм «Евклид и геометриекIэ» йоджэ. ЩыIэщ абы къыщхьэщыкI геометрие, европей щIэныгъэлIхэм зэхагъэувауэ. Геометрие щIэныгъэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэу Къалъытэ Евклид и «ЩIэдзапIэр» («Начало»). Евклид игъэбелджылащ геометрием и теоремэ 465-рэ. Абы и щIэныгъэмкIэ убжэмэ, щимэм и къуапэхэр градуси 180-рэ мэхъу. Риман и геометрием градусыр щынэхъыбэщ, Лобачевскэм ейм - щынэхъ мащIэщ. Евклид и постулатхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтакъым илъэс 2200-м и кIуэцIкIэ. Пасэрей алыджым «геометрие», «математикэ» псалъэхэр щызэхуагъадэрт. ГупсысакIуэ, щIэныгъэлI Платон и еджапIэм ущыщIыхьэкIэ, блыным тритхат: «Геометрием хэзымыщIыкI къыщIремыхьэ». Франджы пащтыхь Бонапарт Наполеон а щIэныгъэм фIыуэ хищIыкIырт, дзэ Iуэхухэр къыгуэхыпIэ имыIэу абы ирипхырт. Уеблэмэ, а щIэныгъэр и лъабжьэу лэжьыгъэ зыбжанэ итхащ. Геометрием хэтщ «Наполеон и теоремэкIэ» зэджэ. Абы и цIэр фIащащ зы задачэм, щимэм и точкэ щхьэхуэу тIум. Пасэрей алыдж щIэныгъэлI цIэрыIуэ Архимед жиIэрт дунейм и къэхъукIэри, и щыIэкIэри геометрие щIэныгъэр и лъабжьэу бгъэнэIуэфыну. Архимед и къэпщытэныгъэхэм, и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я нэхъыщхьэу къилъытэрт цилиндр кIуэцIым ит конусымрэ шарымрэ къызэрыппщ формулэр. Пасэрей алыдж философ Пифагор зэпкърихащ абы и цIэр зыфIащыжа теоремэ гугъур. Ар игъэбелджылащ, зэбгъузэнатIэхэр зи кIыхьагъхэр зэхуэдиз щимэм гъусэ яхуищIурэ. Пифагор и теоремэр куэдым къагурыIуэртэкъым, уеблэмэ иужьым «шыд лъэмыж» фIащыжауэ щытащ. Езы щIэныгъэлIыр шыдкIэ еджэрт теоремэм и купщIэр къызыгурымыIуэу, гукIэ зэзыгъащIэхэм. Геометрием и формулэхэр къигъэсэбэпурэ, пасэрей алыдж щIэныгъэлI Эратосфен ди эрэм ипэкIэ III лIэщIыгъуэм щIыр къипщауэ щытащ. Иджырей щIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэжамкIэ, Эратосфен и бжыгъэхэр зымащIэкIэ фIэкIа къыщхьэщыкIыркъым езыхэм къагъэлъэгъуам. Геометрие щIэныгъэм и цIэр фIащащ 1893 гъэм астрономхэм къызэIуаха астероидым.
Поделиться:
Читать также:
09.09.2024 - 17:30 →
Нартыху IэфIым и чэзущ
09.09.2024 - 14:41 →
МыIэрысэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэщIэхэр
09.09.2024 - 12:36 →
Гулъытэншэ ящIыркъым
08.09.2024 - 22:39 →
Ветеранхэм я хорым и макъамэм щIэту
08.09.2024 - 22:38 →
ХэхакIуэхэм концерткIэ яIущIащ
|