Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Согаевэ Элинэ Зейтун и пхъур Iуащхьэмахуэ суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувыным теухуауэ

«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Согаевэ Элинэ Зейтун и пхъур Iуащхьэмахуэ суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум илъэсищ пIалъэкIэ гъэувын.

2. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI                              ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м

№757-П-П

Поделиться: