Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист-рекреацэ IэнатIэм зыщегъэужьыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№238-ПП
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист-рекреацэ IэнатIэм зыщегъэужьыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, 2019 гъэм фокIадэм и 23-м къыдигъэкIа Унафэ №167-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэнымкIэ, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыщIэхынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№240-ПП
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэнымкIэ, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыщIэхынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа Унафэ №206-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ актхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэ хэхахэм къару ямыIэжу къэлъытэнымрэ я IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№241-ПП

2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Налшык къалэ 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркым къедза щIыналъэр хъумэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2000 гъэм накъыгъэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №267-ПП-м и 3-нэ пунктым хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Маслов Н. А.» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров С. А.» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын.
2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм къыщыпщэкIуну, къыщыбубыдыну узыхуитхэм ящыщу къамылъыта псэущхьэхэмрэ бдзэжьейхэмрэ къызэраубыд хабзэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2010 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м къыдигъэкIа унафэ №40-ПП-м и 4-нэ пунктым хэт «- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрыр» псалъэхэр хэгъэкIын.
3. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кIэрыхубжьэрыхухэм я республикэ кадастрыр зэрызэкIэлъагъакIуэ щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №160-ПП-м и 4-нэ пунктым хэт «- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрыр» псалъэхэр хэгъэкIын.
4. Къару ямыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэхэу:
«Гидрометеорологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр къэпщытэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и кIэлъыплъакIуэ IэнатIэм и лэжьыгъэр зэтеухуэным хуэгъэзауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2000 гъэм мазаем и 19-м къыдигъэкIа унафэ №62-ПП-м;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэзхэр 2000 гъэм мафIэсым щыхъумэным и IуэхукIэ» 2000 гъэм мазаем и 26-м къыдигъэкIа унафэ №89-ПП-м;
«Аргудан и жыгеищIэхэр» щакIуэ хозяйствэм къегъэщIылIа щIыпIэр Налшык къэрал мэз-щакIуэ хозяйствэм хэгъэхьэжыным и IуэхукIэ» 2000 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м къыдигъэкIа унафэ №160-ПП-м;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэзхэр, абы щIэт къэкIыгъэхэр, щIэс псэущхьэхэр хъумэн къалэнхэр гъэзэщIэным сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIа Центр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2000 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къыдигъэкIа унафэ №195-ПП-м;
«КъБР-м и Малкэ -1 щIыпIэм и гъэтIылъыпIэм хыхьэ Куба Iыхьэм деж пшахъуэ-мывэ зэхэлъ къыщыщIэхыныр зэтеухуэным и IуэхукIэ» 2000 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къыдигъэкIа унафэ №202-ПП-м;
«КъБР-м и жылэхэр зэIузэпэщ щIыным, абыхэм щхъуантIагъэхэр щыхэсэнымрэ ахэр гъэкъэбзэнымрэ теухуа мазитI лэжьыгъэу 2000 гъэм ирагъэкIуэкIам кърикIуахэм я IуэхукIэ» 2000 гъэм накъыгъэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №262-ПП-м;
«Къэббалъкъэнерго» АО-м щIыщIагъыпсхэр къихутэну, иужькIэ езы IуэхущIапIэр зыхуейхэм ахэр къыхуигъэсэбэпын папщIэ къыщIишыну хуит щIыным и IуэхукIэ» 2000 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №273-ПП-м;
«Ион бзий къызыпкърыкI пкъыгъуэхэу производствэм къыщамыгъэсэбэпхэр республикэм и щIыналъэм ишыным и IуэхукIэ» 2000 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м къыдигъэкIа унафэ №304-ПП-м;
«КъБР-м и мэзхэр, абы щIэт къэкIыгъэхэр, щIэс псэущхьэхэр хъумэн къалэнхэр гъэзэщIэным сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIа Центрым и лэжьэкIэнум теухуа планыр къэщтэным и IуэхукIэ» 2000 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №336-ПП-м;
«КъБР-м и мэзхэм щIыхьэну пIалъэкIэ хуит мыщIыным и IуэхукIэ» 2000 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къыдигъэкIа унафэ №343-ПП-м;
«Чернэ речкэм дэт «ЗЭТ» ерыскъыпхъэ комбинат ООО-мрэ «ЗЭТ» фирмэм абдж къыщыщIагъэкI и заводымрэ щIыуэпс гъэтIылъыгъэхэр къагъэсэбэпыну хуит щIыным и IуэхукIэ» 2000 гъэм шыщхьэуIум и 26-м къыдигъэкIа унафэ №399-ПП-м;

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и гуэдзэн №4-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№242-ПП

2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №213-ПП-мкIэ къащтам, и гуэдзэн №4-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Поделиться: