Къалэн гъэбелджылахэм сом мелард 11-м щIигъу хухахащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ­КъБР-м Хабзэр къызэгъэпэ­щынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу зэхыхьэм и зэIущIэ.

Абы и лэжьыгъэм хэтащ ­КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­фэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэ­къуауэ Тимур, министрхэр, хабзэхъумэ, къэпщытакIуэ-кIэ­лъыплъакIуэ IэнатIэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм, муниципалитетхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и прокурор Хабаров Николай, КъБР-м ухуэныгъэм­рэ псэупIэ-коммунальнэ хо­зяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, республикэм Тарифхэм­рэ псэупIэ IэнатIэм кIэлъып­лъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мэкъуашэ Алим, КъБР-м щыIэ МВД-м и минист­рым и къуэдзэ Мамхэгъ Назир сымэ. 
Къызэхуэсахэр тепсэлъы­хьащ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм и фIагъым, ахэр щызэфIагъэкIыну къагъэлъэгъуа пIалъэхэм зэрыкIэ­лъып­лъым, абы къахуигъэув Iуэхухэр хабзэр къызэпамыуду зэрырагъэкIуэкIыр къызэрапщытэм. Апхуэдэу и гугъу ящIащ къэрал мылъкум епха щIэпхъаджагъэхэр къыщIагъэщыным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэмрэ хэщIыныгъэр ирагъэкъужы­нымкIэ ялэжьхэмрэ. Къыхагъэщащ коммунальнэ хозяйствэмкIэ федеральнэ ведомствэхэм я щIыналъэ къудамэхэр, къэ­рал къулыкъущIапIэхэм я хэгъэгу IуэхущIапIэхэм, щIыпIэ са­моуправленэхэр а унэтIыныгъэмкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм зэ­рехъулIэр.
Мы илъэсым республикэм лъэпкъ проект 12 щагъэзащIэ, абы хохьэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, узыншагъэр ­хъумэнымкIэ, щэнхабзэмкIэ, спор­тымкIэ, мэкъумэш хо­зяйст­вэмкIэ, туризмэмкIэ, ­хьэ­­рычэтыщIэ IуэхумкIэ, ­гъуэ­гу-транс­порт, псэупIэ-ком­муналь­нэ IэнатIэхэр, нэгъуэщI­хэри.
2023 гъэм ягъэзэщIэну лъэпкъ проектхэм хухаха мылъкур сом мелард 11-м щIегъу. А ахъшэр хуаутIыпщащ курыт еджапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэ­хэр, гъуазджэмкIэ сабий школхэр, спорт комплексхэр, амбулаторэхэр, поликлиникэхэр, ­сымаджэщхэр, коммунальнэ Iуэху­щIапIэхэр, гъуэгухэр, нэ­гъуэщI IэнатIэхэр ухуэным икIи зэгъэпэщыжыным.

Поделиться: