Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

 

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I8 гъэм щIышылэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №7-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм ятеухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным  и IуэхукIэ»  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ къищтам, хэтхэм мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

 

а) Советым хэгъэхьэн Дудар Хь. I. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Хьэрычэт IэнатIэр дэIыгъынымкIэ и центр» ЩIыналъэ фондым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);

б) Къайсын З. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зегъэужьынымкIэ зэгухьэныгъэ» акционер обществэм и генеральнэ директорым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)»; 

в) Уянаевэ I. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм социальнэ зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ и лIыкIуэ хэха»; 

г) Советым къыхэгъэкIыжын Дудуевэ М. М., Зыхьэ Р. С., Къанщауэ Б. Хь., Крючков К. В.

2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ

КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ,

2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м

116-УГ

 

 

Поделиться: