Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Налшык къалэ округым и «КъуэкIыпIэ» псэупIэ хьэблэм мэжджытышхуэ щыухуэным ехьэлIа, абы и проектымрэ и ухуэныгъэмрэ теухуа къалэнхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну лэжьакIуэ гуп къызэгъэпэщын.
2. Къэщтэн Налшык къалэ округым и «КъуэкIыпIэ» псэупIэ хьэблэм щаухуэну мэжджытышхуэм и проектымрэ и ухуэныгъэмрэ теухуа къалэнхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну лэжьакIуэ гупым хэтхэу мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуахэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ    КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м
№320-РГ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м къыдигъэкIа
Унафэ №320-РГ-мкIэ къащтащ

Налшык къалэ округым и «КъуэкIыпIэ» псэупIэ хьэблэм щаухуэну мэжджытышхуэм и проектымрэ и ухуэныгъэмрэ теухуа къалэнхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну лэжьакIуэ гупым 
ХЭТХЭР

Абрэдж А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъур (лэжьакIуэ гупым и унафэщIщ)
Бэрбэч А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрыр (лэжьакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэщ)
Ахъуэхъу Т. Б. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
Дзасэжь Хь. У. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
 Унэжокъуэ А. Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и архитектор нэхъыщхьэр (лэжьакIуэ гупым и секретарщ)
Чочаев Ш. Ю. - «Абу-Хьэнифэ Iимамым  и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университет» дин щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэм и ректорыр (зэгурыIуауэ)

Поделиться: