Ахъшэ щIыхуэм хохъуэ2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ. Я щхьэ Iуэху щхьэкIэ къагъэсэбэпыну цIыхухэм ирата кредитым процент 22,6-кIэ хэхъуащ - сом мелард 48,3-м нэблагъэ. Ипотекэ кредиту, цIыхухэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн, е ар къащэхун папщIэ банкхэм ятар процент 35,4-рэ хъуащ, ахъшэм хуэбгъакIуэмэ, ар сом мелард 40,3-м нэблагъэ мэхъу.
Дызэрыт илъэсым и япэ мазибгъум банкым цIыхухэм щIыхуэу къыIахам, нэгъабэ и иджы зэманым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, хуэдэ 1,7-кIэ хэхъуащ, ипотекэр - хуэди 2-кIэ. 2023 гъэм и щIышылэ - фокIадэ мазэхэм банкхэм псори зэхэту къыIаха ахъшэ щIыхуэр сом мелард 51,3-м щIигъуащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|