Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и  Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентмы и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Налшык къалэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м
№763-П-П

«Такси псынщIэхэмкIэ цIыхухэмрэ хьэлъэмрэ къешэкIыныр къызэгъэпэщыным и IэнатIэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зэтес щIыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.«Такси псынщIэхэмкIэ цIыхухэмрэ хьэлъэмрэ къешэкIыныр къызэгъэпэщыным и IэнатIэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зэтес щIыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Налшык къалэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м
№765-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ автомобиль гъуэгухэмрэ щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ автомобиль гъуэгухэмрэ щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м
№767-П-П

«Языныкъуэ республикэ законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.«Языныкъуэ республикэ законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м
№769-П-П

 «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м
№771-П-П

 «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ»
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м

 

1-нэ статья
«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №23-РЗ-уэ 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мы къэкIуэнухэр къыщыхьа «г-1» пункт щIагъыр щIыгъун:
«г-1) рабочэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ IэщIагъэщIэхэм хуэзыгъэхьэзыр программэхэм тету лэжьыгъэм къыщхьэщашауэ ирагъаджэ сабий зеиншэхэмрэ, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ, я узыншагъэм сэкъат (абыхэм я акъылым зэрызиужьымкIэ къыкIэрыхуахэри яхэту) зиIэ зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ зэрырагъэджэну тхылъхэу зэрытхэну Iэмэпсымэхэу республикэ бюджетым и хьэкъкIэ къащэхунур зыхуэдизымрэ къызэращэхуну щIыкIэмрэ гъэувыныр;»
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт 2024 гъэм шIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2023 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м
№43-РЗ

Поделиться: