Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм  КъэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ и Указ

«КъэхъуащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрхэм зы регламентым тету лэжьыгъэр зэрытрагуашэ щIыкIэр зэтеухуэным и IуэхукIэ» 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №648-м, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къэхъуащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2023 гъэм гъатхэпэм и 31-м къыдигъэкIа Указ №29-УГ-м япкъ иткIэ унафэ сощI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж и центрым теухуа Положенэр къэщтэн.

2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм жэуап ихьу гъэувын:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж и центрым и лэжьыгъэр зэтриухуэнымкIэ, абы зригъэужьынымкIэ;

 КъэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрым зыщригъэужькIэ икIи ар зэригъэлажьэ щIыкIэм техникэ Iэмал игъэбелджылынымкIэ икIи ар пхигъэкIынымкIэ.

3.КъэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрым и пэшхэр, Iэмэпсымэхэр, лэжьэнымрэ шынагъуэншагъэмрэ ехьэлIахэм я щыIэкIэр къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ жэуап зыхь органу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Iуэхухэр зезыхьэ управленэр гъэувын.

4. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м

№126-УГ

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм»  «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я убзыхукIэм и IуэхукIэ» 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я убзыхукIэми IуэхукIэ» 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указым мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) ухэзыгъэгъуазэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм цIыхубэ властыр къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ я зэхуэдэу щыIэ хабзэхэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 20-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «а» пунктым япкъ иткIэ унафэ сощI:;

б) 3-нэ пунктым щIыгъужын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министр» псалъэхэр.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м

№128-УГ

Поделиться: