Шэрэдж акъужьыр мэдэхащIэ…

Нало Ахьмэдхъан зылъэгъуам, и псэлъэкӀэ зэхэзыхам зэи щыгъупщэжынукъым. Ар цӀыху дахэт. И теплъэ къудейкӀэтэкъым зэрыдахэр. Ар дахэ щӀэхъукӀырт и акъылым, и дуней лъагъукӀэм, и цӀыху щӀыкӀэм. ЦӀыху нэсыр зыхилъхьэ щымыӀэу фӀыуэ илъагъурт, зэи имылъэгъуами, дилъэгъуа дахагъым къыхэкӀыу, зришалӀэу ӀэплӀэ хуищӀыфынут. Ауэ цӀыхугъэншагъэри хуэшэчыртэкъым. Къызэреузыр къапщӀэу, игу хэщӀырт, ар зэригъэзэхуэн псалъэ къилъыхъуэрт, ауэ щимыгъуэткӀэ, Ӏэмалыншэу зы гукъэкӀыж гуэркӀэ зыщхьэщигъэкӀырт. Апхуэдэ зы хъыбар кӀэщӀкӀэ, гъэсэпэтхыдэу къапщтэ хъуну, сыхуейт «Адыгэ псалъэм» и щӀэджыкӀакӀуэхэм садэгуэшэну.
Зэгуэрым, гурыхь щымыхъун гуэр зэрызэхихар, абы зэрырибэмпIар и нэгум IупщIу къищу Нало Ахьмэдхъан еджакIуэхэм къытхыхьэри, занщIэу къыдэупщIат: «ЦIыхугъэкIэ зэджэр хэт къызжиIэн?» ДэркIэ гурыIуэгъуэт ар ди жэуап зэрыпэмыплъэр, псори щым дыхъуауэ и псалъэм къыпищэнуми дежьэрт. Ахьмэдхъани кIыхь зригъэщIакъым: «Лъэпкъ библиотекэшхуэм и щIыбагъкIэ екIуэкIыу щыт тетIысхьэпIэм зы цIыхубз тест. КIуащ БетIалрэ Балъкъэр Борисрэ зы лъэныкъуэкIэ кърикIуэрт, сэри, цIыхуитI-щы си гъусэу, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыкъикIырт. Гъыуэ щыс цIыхубзыр япэу къэзылъэгъуар БетIалти, зыхэпщIэу зричри, нэхъ псынщIэу хуэкIуэу къежьащ. И щхьэ кърикIуам щIэупщIа хъунти, цIыхубзми, къуажэм къызэрикIар и псэлъэкIэмкIэ къапщIэу, «Сыт напэр сиIэу згъэзэжыну, си ахъшэ тIэкIур здыкIэрыхуар сымыщIэу сфIэкIуэдащ», жиIэри, нэхъри нэхъ иныжу гъыуэ щIидзащ. Ар БетIал щызэхихым, цIыху хьэлэмэтт ар езыр, гуапэу дыхьэшхри, напэм теухуауэ апхуэдэ гуныкъуэгъуэ уиIэу удгъэкIуэжынкъым, мыр къащтэ, – жиIэри, и гуфIакIэм къыдихщ ахъшэ зэкIуэцIылъ хъарзыни, цIыхубзым IэщIилъхьащ. «Иджы, тэджи, укъызэмыплъэкIыу кIуэж!» – жиIэри, фIыщIэ щIыпIи иримыгъахуэу цIыхубзыр IуигъэкIыжащ. «Уа, БетIал, уи мынэIуасэ цIыхубзым апхуэдизу сыт ущIедэхэщIар?» – жытIэри деупщIати, ар Шэрэдж акъужьырщ дэхэщIар, сэракъым», – къыфIигъэкIакъым абы нэгъуэщI. Мыр сигу къыщIэкIыжаращи, сыплъэмэ слъагъуу зы щIалэжь, къуажэм къикIа цIыхубз гуэрым и бохъшэр IэщIиудри, щIэпхъуэжащ. А щIалэм сыт хуэдэ псыхъуэм и акъужьт къедэхэщIар жысIэри сегупсысащ, ауэ цIыхугъэ пхэмылъмэ, псыхъуэм и даущ макъри зэхыумыхын, и акъужьри къыплъэмыIэсын, жысIэжащ. Уи щхьэ еппэсыр нэгъуэщIым деж щыплъагъунырщ цIыхугъэр», – иухащ и псалъэр Налом.
 

 

ТАБЫЩ Мурат.
Поделиться: