ЛIыхъужьхэр ягу къагъэкIыжУрысей гвардие Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и къудамэу Звёзднэ жылагъуэм щыIэ дзэ частым и лэжьакIуэхэр, а къуажэм и курыт еджапIэм щIэсхэр ящIыгъуу, хуеблэгъащ я лэжьыгъэр ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я унагъуэм. ЕджакIуэ цIыкIухэр щыхьэщIащ майор Золотарёв Юрий, лейтенант нэхъыщхьэхэу Мельников Виктор, Мальцев Константин, Гоженкэ Вячеслав сымэ, капитан Цыганенкэ Сергей, прапорщик нэхъыщхьэхэу Герасимов Евгенийрэ Гурдзибеев Ахъмэтрэ я унагъуэхэм. НыбжьыщIэхэм кърагъэлъэгъуащ лIыхъужьхэм я сурэтхэр, я лэжьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща нагъыщэхэр. Урысей гвардием и лэжьакIуэ, а лIыхъужьхэм ядэлэжьа, ахэр зыцIыхуахэм ягу къагъэкIыжащ дэтхэнэри цIэрыIуэ, гукъинэж зыщIа Iуэхугъуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|