Экскурсоводхэм я щIэныгъэр къапщытэ![]() Дунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр щIыпIэхэм щыгъуазэ зыщIу къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр иджыблагъэ Налшык къалэм щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ а IэнатIэм щылажьэхэу ди республикэм щыщу цIыхуищрэ Ставрополь крайм къикIа зырэ. Абыхэм къапэщылъащ ябгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр япэщIыкIэ тестхэмкIэ къагъэлъэгъуэну икIи а Iыхьэм пхыкIа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуэлхэм, Джылы-Су, псы хущхъуэхэр къыщыщIэж щIыпIэхэм, Безенги аузым тепсэлъыхьын хуейуэ билетхэр къыхахащ. Мыбдежми экскурсоводхэм яхузэфIэкIащ къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэр я щIэныгъэхэмкIэ къыдахьэхын икIи зыпэрыт IэнатIэхэм фIыуэ зэрыхащIыкIым щыхьэт техъуэ тхылъхэр къратащ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





