Литературэ

МЫДАIУЭМ НАСЫП ИIЭКЪЫМ

Адыгэ IуэрыIуатэм, тхыдэм, лъэпкъ гъуазджэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна, щIэин дахэ къызыщIэнахэм ящыщщ Ало ЛутIэ. Абы илъэс куэдкIэ егугъуу зэхуихьэсыжа таурыхъхэр, езым игъэзащIэу къытхуэна  уэрэдыжьхэр уасэншэщ.  КъищынэмыщIауэ, ди уэрэджыIакIуэ куэдым жаIэ  Алом и утыку итыкIэр, уэрэд жыIэкIэр щапхъэ зэрахуэхъуар, абы дэплъейуэрэ а IэщIагъэр къызэрыхахар. ЛутIэ  зэхуихьэсыжа хъыбархэр зэрыт «Уэрий дадэ»   тхылъыр 1989 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.

Абы ит хъыбархэм ящыщ   ди гуапэу тыдодзэ.

Псалъэпкъ гъазэ

«Къуэ» псалъэм къытепщIыкIахэр

Къуэ - куууэ псым диха щIыналъэ, уэх;

КъуэтIыхь - быдапIэм и хъуреягъкIэ Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуауэ къекIуэкI шытх, быдапIэр къызэратIыхь къуэ;

КъуэтIыгъэ - (жьы хъуа псалъэщ) - зыгуэрым и кIыхьагъкIэ ирикIуэу датIыкIа щIытI;

Къуэшыхь - куууэ дэкI къуэм и кIэух, и лъэныкъуитIымкIи джабэ къыIуту;

Къуае - къуэ дыхьэгъуей;

КъуакIэ, къуэкIий - къуэ дэха, дэуда;

Iууэйси и усыгъэр

 Нобэ фэдгъэцIыхуну усакIуэ бзылъхугъэр и лъэпкъкIэ узбекщ, и цIэ дыдэр: Iууэйси Джэхан-Атынщ (I78I-I845). Дунейпсо усыгъэм зэрыхэIуар «Iууэйси» цIэ леймкIэщ. Зэрытхэу щытар узбекыбзэм и чагатай къудамэрщ. И IэзагъкIэ, бзэр зэригъэIурыщIэ хъэтIкIэ Iууэйси хуагъадэ и лъэпкъэгъу цIыхубз усакIуэхэу Надирэ, Махзунэ сымэ. Щыри Коканд щэнхабзэкIэ зэджэ лъэхъэнэм хеубыдэ. 

Дамыгъэжь

- Беслъэн, ХьэтIэхъу, Мысост – зэшхэт, Къасокъуэхэ я къуэхэт, - жиIэрт Хьэрис и къуэ Бэч, Дамыгъэжь бгыжь и деж лэгъуп щызэфIищIэм. - А зэшищыр лIыгъэншакъым, уэрэ сэрэ кIэсу дахьынкIи хъунт. ЗекIуэлIхэт, щакIуэ бланэхэт. Я нэр зытеплъэр я фочышэ былымт, шыкъулътырым хуэдэу лъэ быдэхэт. ЦIыхулъэ здынэмыса быдапIэхэр я щакIуапIэ-зекIуапIэт. Уи ныбжь ситынт, си щIалэ, Мысост и цIэр зезыхьэ мы Дамыгъэжьым и хъыбар ди хьэщIэщым щаIуэтэжу сыщедэIуам. 

ЖызыIэн зи куэдыр куэдым гу лъызытэрщ

   Псоми я зэхуэдэ пэжу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынщ цIыхур цIыху хуэдэу, и напэр къабзэрэ и бзэр дахэу дунейм тетын зэрыхуейр. АрщхьэкIэ зэ еплъыгъуэкIэ тыншу къыпщыхъу апхуэдэ дуней тетыкIэр къызэмыхъулIэхэри мащIэкъым. Сыту пIэрэ атIэ абы и щхьэусыгъуэр? Апхуэдэ гупсысэм щIэмычэу игъэпIейтейхэм ящыщщ жыIэгъуэхэр щызэхуэхьэса  «Чэнджащэ щыуэрейкъым» тхылъыр зи Iэда­къэщIэкI ГубэщIыкI Влади­мир. Ар зэуэ наIуэ пщохъу абы и жыIэгъуэхэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь. Ар  яужь иткъым псори дигъэсэжынуи, зы­ми ди акъыл здынэмыса гуэр езым ищIэу зыкъытфIигъэ­щIынуи.

ЛIыжь губзыгъэ

ТхакIуэм и гукъэкIыжхэр

Сабийхэм папщIэ

Ди хьэблэ лIыжь хъарзынэ дэсащ, динри ищIэрэ щIэныгъи бгъэдэлъу. Мыр къэзгупсыса хуэдэу къыфщымыхъун папщIэ, нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхунщ а лIыжьыр. Адыгэ генерал Нэхущ Борисрэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, академик Нэхущ Iэдэмрэ я адэ Нэхущ Мэремт ар.

Iуэтэжхэр

Псыкъуийм псы кърахыу щыт цIыхубзитIым къабгъэдыхьащ нэгъуэщI зы цIыхубзи. Абыхэм япэгъунэгъуу, мывэшхуэм деж зы лIыжь цIыкIу щетIысэхащ, зигъэпсэхуну.

Зауэм кIэух иIэкъым

Зэрихабзэу, Дахэуэс пщэдджыжь нэмэзым къызыщыуащ, Iэуэлъауэншэу гъуэлъыпIэм къебэкъуэхри, шхыIэн кIапэр сакъыу кIэщIиупщIащ IэфI дыдэу жей и пхъум. Жэщ кIуам хьэкум мафIэ гуащIэ илъами, пэшыр упщIыIужат. ЦIыхубзым зехуапэри пэшым къыщIокI. МащIэу къепсэпсауэрт. «ЩIыIэ къэхъунущ, - и гум къокI Дахэуэс, - пхъэ тIэкIури икIэм ныдогъэс». Гуэщым щIохьэри пхъэ гъур IэплIэ къыщIех. Хьэкум мафIэ ирищIа нэужь, шейнык гъуабжэ цIыкIур трегъэувэ. 

«МэлыIычхэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ» романым щыщ пычыгъуэ

Нэхъапэм хьэщIэщу яIауэ, иджы «ищхъэрэ унэ» зыфIищыжам хэт пщэфIапIэм щIэст Зэирэт. Абы, Iуамыхыжауэ, хьэкушхуэ щIэтт, унагъуэм жьэгукIэ пщэфIа шхын ягу къихьэмэ, щипщэфIу. ПщэфIапIэбжэр зэрыIупхыу къэдабэ плъыжь ибзауэ диванышхуэм уIуплъэт. Диваным Iэнэ цIыкIу бгъурытт. 

Бзылъхугъэмрэ жэнэтымрэ

Псысэ
Бзылъхугъэ гуэрым и лIэгъуэр къэблагъэри, псэхэхыр къыхуэкIуащ. ЦIыхубзым ар зэрилъагъуу пыгуфIыкIри, «Сыхьэзырщ» жиIащ.
-Сыт узыхуэхьэзырыр? - щIоупщIэ псэхэхыр.
-Ди щхьэщыгу итым и пащхьэ сихьэжу, жэнэтыр унапIэ схуэхъуным, - жиIащ абы.
-Жэнэтым уагъэкIуэну дэнэ щыпщIэр? – псэхэхым игъэщIагъуэу щIоупщIэ.
-Сыт сыщIамыгъэкIуэнур? Сыкъызэралъхурэ гугъу сехьу сопсэу, Тхьэм и нэфIыр къэзлэжьауэ къысщохъу.
-Дауэ гугъу узэрехьар?

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ