|
Литературэ
25 июля, 2023 - 12:27
Iуэтэж
Къартул и щхьэгъусэ Сэтэней, набдзэ зытелъым ялейуэ цIыхубз тхьэIухудт. Ар икIи дэрбзэр Iэзэт, шууей блэкIым зы IуплъэгъуэкIэ бзыпхъэ трихырти, хуэфIыпсу фащэ хуидырт. ФIыуэ зэрылъагъуу зэрышаитIым зэтIолъхуэныкъуэу щIалэ цIыкIуитIи зэдагъуэтауэ яIэт.
25 июля, 2023 - 09:00
Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ
Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ
(КIыщокъуэ Алим)
24 июля, 2023 - 11:26
Тхыгъэ кIэщIхэр
Унэгуащэм джэдыр здигъашхэм, зы джэд купраузыфэ джэджьей и пэм къихутам йоуIу. Джэджьейри купраузщ и фэкIэ, унэгуащэм кърыригъэшахэм ящыщщ.
Фызым и щхьэр игъэIущыж хуэдэу жеIэ:
- Уа, джэд купрауз делэ, джэджьей узэуIуу Iэнлъэм Iупхуар уи джэдыкIэм къришауэ уи бынми пщIэркъым, уэщхьыркъабзэщ.
Ауэ жаIэкъым цIыхухэм: «Джэд щыкъун и пщIыхьщ» псэлъафэр.
Сыт къыпыпхын «джэд акъылым». ЦIыхухэр нэгъуэщIщ, гупсысэ къаритащ Алыхьталэм.
21 июля, 2023 - 13:00
Адыгэхэр мэзылIкIэ, алмэстыкIэ (снежный человек) зэджэ псэущхьэхэр зэрыщыIамрэ ахэр здэкIуэжахэмрэ куэд щIауэ ядж щIэныгъэлIхэм. Хэти ахэр игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкIауэ, языныкъуэхэм ар дохутыр щIэныгъэлIхэм цIыхухэм зэгуэр драгъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гущIэгъуншэхэм я Iэужьу щытауэ къалъытэ. ТIум щыгъуэми, щыIар зыщIыпIи пхуэхьынукъым.
21 июля, 2023 - 12:57
АФIЭУНЭ Лиуан
Уехъуэпсэнкъудейуэ,
Щхъырыбнащхъуэкъомбэ
Пытщди
Щхъырыбейм.
НыбэкъцIыкIу
ЦIыкIучейуэ
ТхыпхъэщIыпхъэзащIи, -
Сыту дахэкIей!
21 июля, 2023 - 08:44
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радиом и унафэщI, зэдзэкIакIуэ, журналист цIэрыIуэ Мэремкъул Ларисэ литературэр и гъащIэ гъусэу къокIуэкI. Ар зыхуеджа зэдзэкIакIуэ IэщIагъэмкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Нэхъыщхьэращи, а лэжьыгъэм гукъыдэж къриту пэрытщ. Ар къыхощ литературэм, и зэдзэкIакIуэ лэжьыгъэм теухуауэ Ларисэ къыджиIахэм.
- Уи лэжьыгъэхэм хэт сымэ я IэдакъэщIэкI нэхъ уигу къыдыхьэу зэбдзэкIауэ къыхэбгъэщынт?
20 июля, 2023 - 12:58
Бхартрихари (570-651) къызэрежьар пащтыхьущ. Индием нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ брахман лIакъуэм щыщ и адэр дунейм ехыжа нэужь, тепщэгъуэр къыIэрыхьэри, унафэр илъэс зыбжанэкIэ IэщIэлъауэ, Бхартрихари и лъагъуныгъэ насыпыншэр щхьэусыгъуэ хуэхъури, инд щихъхэм зэращIым ещхьу, мэзым щIыхьэжащ, уни жьэгуи къигъанэри. Зи пычыгъуэ къэтхь «Шатакатрая» усэ тхылъыр дунейм къыщытехьар а зэманырщ, зэрытхар санкскрит пасэрей бзэрщ.
1
19 июля, 2023 - 11:31
Сабий таурыхъ
Дадэ гъавэ хъумапIэм зэрыщIыхьэу, псори зышх дзыгъуэшхуэр къилъэгъуащ, епхъуэри, адэкIи - мыдэкIи имыгъакIуэу къиубыдащ.
- УкъыспэщIэхуакъэ, нэжэс? - щыжиIэм:
- КхъыIэ сутIыпщыж, - къелъэIуащ бзаджащIэр. - АфIэкIа зэран сыпхуэхъужынкъым.
- Ар сыткIэ си фIэщ пщIын? - гъумэтIымащ дадэ.
- Дзыгъуэшхуэ и къуэм и псалъэ быдэр узот!
- Хъунщ-тIэ! - дадэ и гъэрыр иутIыпщыжащ.
19 июля, 2023 - 09:24
Школыр къэзыуха псоми фIыуэ яцIыху Крылов Иван и «Къуаргъымрэ бажэмрэ» шыпсэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, урыс усакIуэм и IэдакъэщIэкIыр тIэунейрэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIащ. Елбэд Хьэсэнрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ я усэбзэр зэфлъытыну Iэмал фиIэщ.
Къуаргъымрэ Бажэмрэ
ЗэзыдзэкIар Елбэд Хьэсэнщ
Махуэ хуабэм къуаргъыжь гуэрыр
Бейм и пщIантIэм щхьэщыхьат,
Тефэразэу зыщиплъыхьым,
18 июля, 2023 - 14:30
ОСЕЕВЭ Валентинэ
Iуэтэж
ЖьакIэ хужь кIыхь зытет лIыжь цIыкIу тетIысхьэпIэм тест, иIыгъ жьауэмкIэ сурэт гуэрхэр пшахъуэ гущIыIум щритхъэу.
– КIуатэ, – жери Павлик абы къыбгъэдыхьэри, тетIысхьэпIэм и
кIапэмкIэ къыпытIысхьащ.
Страницы
|