Литературэ

Сабийхэм папщIэ

Сабий  цIыкIу  къытхэхъуар

Тхурехъу лъэпкъым цIыху щыпкъэ.

Дуней нэху къызытехьам

Трырет сыткIи ар хъуэпсэгъуэу.

Япэу и нэр къызэрыплъэу,

КъыщIэукI Iуплъау цIыхуфI,

Хьэуа къабзэу жьыдишар

Iэпкълъэпкъ псом хурырехъу къару.

И унагъуэу здахьыжыным

Хурырехь насып, берчэт.

И Iыхьлы къыхуэгуфIэнхэм

Щхьэщихыну Iейр къыщIыкI.

Езы цIыкIур кърехъу уардэу,

Узи лажъи IурекIуэт.

КъарууфIэрэ гуащIафIэу

Хрегъахъуэ махуэ къэс.

 ***

Фи бын дыдэм ефIэкIыжу

ПланетэщIэм япэ лъэбакъуэу щытчахэр

(Псысэм и етIуанэ Iыхьэ)

 Лъапэ махуэ     

ПIалъэ къратам фIэмыкIыу, дыздэлъатэм и щIыпIэ зэманымкIэ сыхьэтиплIрэ дакъикъэ плIыщIрэ тхум, «Союз-2» - р ПланетэщIэм и щэрэ тIощIрэ еханэ бгъуэщIым щетIысэхащ.

Ахъмэтыкъуэм и къалэмым къыщIэкIахэр

Урыс-Кавказ зауаем и зэманми, мамыр псэукIэр зэтеувэу щыщIидза япэ махуэхэми лIэнкъэнэну зэпыщIэта лъэпкъхэм я дежкIэ тынштэкъым лъагъумыхъуныгъэ яку дэлъар гъэкIуэдыныр, ауэ, абы къыдэкIуэуи, зэзэуа лъэпкъхэм я цIыхухэм къагурыIуэрт икIэм-икIэжым ахэр Iэмал имыIэу, ар сыт хуэдизу мыхьэлъэми, зэкIужын, мамыру зэдэпсэун зэрыхуейр. ЗэпыщIэта лъэпкъхэм зэхущытыкIэ тэмэм зэрахъуэпсапIэр, лъэныкъуитIми зэхуэдэу абы я фейдэ зэрыхэлъыр нэхъ пасэу къызыгурыIуахэри, къызэрезэгъкIэ, нэхъ хуэсакъыу ар къэзыгъэсэбэпу щIэзыдзахэри лъэпкъхэм ауэ къызэрыгуэкI я цIыхухэрщ.

«Дахэнагъуэ»

Драматург цIэрыIуэ Акъсырэ Залымхъан и тхыгъэхэм «Дахэнагъуэ» пьесэр я фIыпIэу зэрыщытым шэч хэлъкъым. Абы нэхъ наIуэ къыщыхъуащ Акъсырэм и драматургием хэлъ хьэлэмэтагъхэр.

ДЫЩЭКI Марие и усэхэр

ГъащIэ

Зэраныгъэ сщIащэрэт  жызмыIэу,

ЗэрыслъэкIым хуэдэу сыкъопсэу.

Щыуагъэ сIэщIэкIмэ, зы цIыхум тезмылъхьэ,

А псомкIи псынщIагъэр сэ си щхьэм фIэзмых.

Зызогъэкъуаншэ, сошхыдэ, сохъущIэ,

ИтIани зыгуэрхэм ар ягъэу къысфIощI.

ЩымыIэ зи гъащIэр зыхьыф щапхъэ защIэу,

Къыхохьэ пцIы гуэри, догъэпщкIу  хуэмыхуагъ.

Къэхъуакъэ псынщIагъэм икIагъ къыщихьа,

ИужькIэ ди Iэпэм дыщедзэкъэжа?

Хэт нэпс къыфIемыкIуэу зи гъащIэр зыхьар?

Зэм гушхуэу, зэм хэплъэу дунейм  темытар?

ЛIам унафэ ищIыжыркъым

Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр

Къэзанокъуэ Жэбагъы щылIэм и щхьэгъусэр бгъэдыхьэри еупщIащ:

- Сэ дауэ сыпсэуну, сыт унафэу къысхуэпщIрэ?

- Сэ уи унафэ сщIыну си Iуэху пхэлъыжкъым. ЛIам унафэ ищIыжыркъым. Уи унафэр фыз хьэдагъэм щащIынщ, - къыжриIащ, «узратыжынур фыз хьэдагъэм щыжаIэнщ» къригъэкIыу.

 

Сыкъаплъэмэ, фэракъэ слъагъунур!

ЛIыжьыр и псэм еджэу телът, и къуэжьхэр къеувэкIауэ щхьэщытт. ЛIыжьыр и къуэхэм яхуэарэзытэкъым.

- Уэ, ди адэ, моуэ уи напIэ зэтехи, тIэкIу къаплъэт! - щыжраIэм:

Нэгурэш-шоколад

Ещанэ Iыхьэ
 

ГъащIэм теухуа гупсысэхэр

Куэд щIащ абы лъандэрэ, илъэсипщIым нэблагъэ дэкIащ, ауэ ноби зэхэсх хуэдэщ а ныбгъуэ макъыр. Гуапэу, IэфIу сигу къинэжащ ар…

ПланетэщIэм щытлъэгъуахэр

(Псысэ) 
Гъуэгуанэ жыжьэм и ублапIэ
НэгъуэщI уафэщIхэм лъэтэф «Вега-234» хьэршырыкIуэ кхъуафэм сурэт гъэщIэгъуэн зытриха ПланетэщIэм яутIыпщауэ щытахэр ЩIым къэсыжат, къалэну къапэщытахэр гъуэзэджэу ягъэзэщIауэ. 

Нэгурэш-шоколад

ЕтIуанэ Iыхьэ

1

Пщэдджыжьым Нэгурэш адэ-анэм я зэдауэ макъым къегъэуш.

        - Сыт зэребгъэщIынур? Илъэс зыбгъупщI дэкIмэ, «уадыгэ?» жиIэу зыри къоупщIыжынукъым, лъэпкъхэр зэхошыпсыхьыж. Зэрыщыту инджылызыбзэм зэщIищтэнущ дунейр. Адыгэбзэри, хуей хъумэ, хуэмурэ зригъэщIэжынщ. 

        Нэгурэш и гуапэт и анэр къызэрыщхьэщыжыр. Ауэ и адэм зыгуэркIэ екъуэншэкI хуэдэу къыщIыщыхъури ищIэртэкъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ