|
Литературэ
29 сентября, 2023 - 14:24
29 сентября, 2023 - 14:19
Махътумкули Фраги (1724 - 1807) цIэмкIэ щэнхабзэм къыхэна усакIуэр тыркумэн лъэпкъым щыщщ. ЩIалэр дунейм къыщытехьа лъэхъэнэм и лъэпкъыр персхэм я жьауэм щIэтт. Усэ тхыныр IэщIагъэ хуэхъуа иужь, Махътумкули псевдоним папщIэу «Фраги» цIэ лейр къищтащ.
ЩIалэм япэ егъэджакIуэ хуэхъуар и адэрщ. И сабиигъуэм персыбзэрэ хьэрыпыбзэкIэ еджэфырт, ар куэдкIэ и фIыгъэт и адэм зэхуихьэсауэ унэм тхылъ куэд зэрыщIэлъым. ЗэрыусакIуэм нэмыщI, Махътумкули иджыри фащIэт, дыщэкIт, гъукIэт.
29 сентября, 2023 - 11:00
Сэ закъуэныгъэм сыкъыхуигъэщIащ,
Сигу щIыIэрысыр гукъэкIыжкIэ спIыжу.
Псэр ежьэу зэрыкIуэдрэ куэд щIащ,
Iэ зыдэслъэжыр абы и сыныжьырщ.
29 сентября, 2023 - 10:13
Серебряковым къагъэтIылъыжар къищтэри, Арслан хуишиижащ. ЩIалэ цIыкIум ар зэрыIэрыхьэжу гъущIыр и Iупэм иригъэIусэри, къезытыжам щхьэщэ хуищIащ.
- Дыгъужь шыр нэсщ, - жиIащ Рябовым, абы и зыIыгъыкIэм хьэщыкъ зэрищIар нэрылъагъуу, - зыуи къыпщымыхъуу бийм и увыIэпIэм уихьэн жыхуэпIэр… Хьэуэ, сэ игъащIэкIэ къызгурыIуэну къыщIэкIынкъым къуэкIыпIэм щызекIуэ хабзэхэр.
- Хуеймэ, ди гупым къыхренэ - Серебряков и нэр триубыдэри еплъащ гъэрыпIэм къришам - и гур зэуэ кIэрыпщIат а щIалэ цIыкIум.
28 сентября, 2023 - 10:00
Андерсен Ганс Кристиан дуней псом щыцIэрыIуэ тхакIуэщ. «Гадкий утёнок», «Принцесса на горошине», «Снежная королева», «Дюймовочка» псысэхэр хэти ецIыху. И тхыгъэхэр бзи 150-кIэ зэрадзэкIащ икIи абыхэм я щIэщыгъуагъыр зэи икIыркъым. Андерсен къигъэщIа лIыхъужьхэр жьыми щIэми яцIыху.
27 сентября, 2023 - 10:44
(Iуэтэж)
Жэпуэгъуэм нэсыным къэнэжа щIагъуэ щыIэкъым. Псы Iуфэхэм, псыпцIэхэм иджыри ущрохьэлIэ гупышхуэ зэрыгъэхъуа къуалэбзухэм, кърухэм, губгъуэ бабыщхэм. Абыхэм лъэтэжыну загъэхьэзыру аращ. ЩIымахуэ щIыIэ къапэмыплъэмэ, абыхэм языныкъуэхэр ди щIыпIэм къыщинапэ щыIэщ, Iэгъуэблагъэм псыпцIэ итыххэмэ. Ахэр щIымахуэм апхуэдэу щтыркъым, итIанэ, лъагэу зэщIэкIа къамылхэм яшхын пэрыхьэту щагъуэт.
26 сентября, 2023 - 10:44
Зы жэщи дэкIыртэкъым а дыгъужьым унагъуэ гуэр имыгъэунэхъуу. Е зы мэл ихьынт, е зы жэм иукIынт. Арати, есар гугъукъэ, жэщ мазэхэ кIыфIу зыкъыхуигъазэри, щхъуэжьыр къуажэм къыдыхьащ, хадапхэхэр нызыхиущыхьщ-къызэхиущыхьри, зы чэт цIыкIу къигъуэтащ, мэл зыбгъупщI щIэту.
25 сентября, 2023 - 14:36
ДифI догъэлъапIэ
Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 160-рэ ирокъу
25 сентября, 2023 - 12:24
Дунейм и дахэгъуэщ. Къытепсэ бжьыхьэ дыгъэр фIэбэмащIэу, шындэбзиймкIэ щопэщащэ Зулэ.
… « Гъатхэ дыгъэр си нысэм типси, бжьыхьэ дыгъэр си пхъум типсэ», - жызыIам и Iуэху зыIутар тхьэм ищIэнщ, ауэ, жыпIэнурамэ, хэлъщ а бжьыхьэ дыгъэпсым нэсу дызыщымыгъуазэ къару щэху гуэр. Псоми ухуэнэплъэIусынри Iэмалыншагъэкъым… Чыхум хыхьэжа гупсысэхэм здыхэтым, хьэнцейгуащэ къезышэкIхэм я макъ къызэхихащ абы. Телъыджэщ, Зулэ къыхуэгубзыгъыжыркъым, иужь дыдэу хьэнцейгуащэ щилъэгъуар. ИIыгъ пщIантIэ жыхапхъэр хыфIидзэри, макъыр къыщыIу куэбжэпэмкIэ жащ.
25 сентября, 2023 - 11:17
Пришвин Михаил урыс тхакIуэщ.
Страницы
|