ЩIыуэпсым тетхыхьащ

Пришвин Михаил урыс тхакIуэщ. 1873 гъэм щIышылэм и 23-м Орлов губернием, Хрущёво къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ. И адэм шы игъэхъурт, ахэр шыгъажэхэм хигъэтт. Удз гъэгъахэмрэ жыгхэмрэ игъэкIырт яхуэсакъыу. Абы нэмыщIи, щакIуэ Iэзэти, мэзым кIуэрейт. Арауэ къыщIэкIынущ езы тхакIуэми щIыуэпсыр фIыуэ щIилъэгъуар. Зэдэлъхузэшыпхъуитхур цIыкIуу къанэри, адэр дунейм ехыжащ пасэу. Сабийхэм я анэ Марие ахэр зыхуей хуигъэзащ, игъэсащ, щIэныгъэ яритащ. ЩыцIыкIум, Пришвиным хьэблэ сабийхэр и ныбжьэгъути, ахэр зэдэджэгурт дунейр тIэу пкIэгъуэ яхуримыкъуу. 
Гимназием щыщIэсым ныбжьыщIэм нэхъ фIэфIт литературэмрэ географиемрэ. И сабиигъуэ хъуэпсапIэт дунейр къызэхиплъыхьыну. Илъэс куэд дэкIа нэужь а зыщIэхъуэпсари къехъулIащ. Ар щыIащ Карелием, тенджыз Хужьым, Северная Двинам и мэзхэм, Къэзахъстаным и къумхэм, Кърымым, Заволжье. 
Пришвин Германием и университетым аграрнэ факультетыр къыщиухауэ щытащ. Агроному, къуажэ егъэджакIуэу, репортёру лэжьащ. ЩэкIуэн фIэфIт, мэзым щыкIуэкIи Iэмал имыIэу сурэттехыр къыздищтэрт.
ЩIыуэпсым и дахагъэм итхьэкъурти, фIэфIт псы Iуфэхэм, мэзхэм, удз гъэгъахэр щыкуэд губгъуэхэм зыщиплъыхьыну. Псэущхьэхэмрэ бзухэмрэ набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт. Гуапэу тетхыхьырт Пришвиныр щIыуэпсым. ИкIи псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ гулъытэ щахуищI рассказ кIэщIхэр зыхуэгъэзар сабийхэращ. ГурыIуэгъуэу гъэпсащ апхуэдэ и тхыгъэхэр, сабийхэр тыншу къоджэ, игъащIэкIи я гум ираубыдэ. Рассказхэм цIыкIухэр хуагъасэ гуапэу, дыкъэзыухъуреихь дунейр ягъэлъапIэу, щIыуэпсыр зыхащIэу, псэущхьэхэм ядэIэпыкъуу щытыну. 
ЩIыуэпсым теухуа и рассказхэм жыгым пыт тхьэмпэхэр зэрыхъейр, псынэпсыр зэрыIущащэр, жьы мащIэр къэкIыгъэхэр зэредэхащIэр щызыхыбощIэ. ЩIэджыкIакIуэ цIыкIухэр я гупсысэ къабзэмкIэ апхуэдэ дуней дахэм хохьэ. ТхакIуэм и лъагъуэм ирикIуэ хуэдэщи, псалъэкIэ абы къигъэлъэгъуахэм къыхохутэ. Пришвин Михаил зэрысабийрэ фIыуэ илъагъурт бзу цIыкIухэмрэ псэущхьэхэмрэ: ядэджэгурт, якIэлъыплъырт, иджырт, къащхьэщыжырт. И рассказ цIыкIухэм хыболъагъуэ ныбжьыщIэхэмрэ псэущхьэ цIыкIухэмрэ я зэхущытыкIэр. 
«Илъэс куэдкIэ мэзхэм зыщысплъыхьын, мафIэ сщIыурэ сыпэрысын хуей хъуащ и зэманыр къэсу а таурыхъхэр, мэз Iэуэлъауэхэр иджыпсту фэр папщIэ згъэпс си тхылъ цIыкIухэм хэзгъэхьэн папщIэ», - итхауэ щытащ Пришвин Михаил. ТхакIуэм сабийхэм папщIэ итха зы рассказ Нало Заур зэридзэкIауэ дыкъевгъаджэ.
 

ЩIалэ цIыкIухэмрэ бабыщ шырхэмрэ

Йоуэри, игъуэ хъуати, псы бабыщ цIыкIум мурад ещI и шырхэр мэзым къыщIишу, къуажэбгъумкIэ блишу, гуэлым ишэжыну - хуиту псэун щхьэкIэ. Гъатхэм гуэлыр къыщиукIэ, ар жыжьэ мауэри, абгъуапIэ хъун къэбгъуэтын щхьэкIэ, вёрстищ хуэдизкIэ гуэлым зыпыIубдзу мэз псыпцIэм хэт Iуащхьэжь цIыкIухэм укъэкIуэн хуейт. Гуэлыр уэжа нэужьи а вёрстищыр лъэсу якIужын хуей мэхъу. 
ЦIыхум, бажэм е къашыргъэм къыщалъагъун щIы пцIанэ техьэмэ, бабыщ анэм яужь зыкърегъанэ, и шырхэм ятемыплъэкъукIын щхьэкIэ. Арати, кIыщым деж, гъуэгум зэпрыкIын хуей щыхъум, абы шырхэр япэ ирегъэщ. 
Мис абдежым ахэр щIалэ цIыкIухэм къыщалъагъури, я пыIэхэр къадзурэ, пыIэ щIагъым щIрагъэубыдэу щIадзэ. 
Абыхэм шырэ цIыкIухэр къаубыду яужь итыху, бабыщ анэм и жьэр ущIауэ къакIэлъижыхьащ, гузавэурэ ящхьэпрылъэт-къащхьэпрылъэтыжу щытащ. ЩIалэ цIыкIухэм бабыщ анэри, шырхэм ещхьу, пыIэкIэ къаубыдыну щыхуежьэм ирихьэлIэу сэ сабгъэдохьэ. 
- Сыт мы бабыщ шырхэм хувигугъэр? – зызгъэткIийуэ соупщI щIалэ цIыкIухэм. 
Шынауэ жэуап къызатыж:
- ДутIыпщыжынщ, - жаIэри.
- «ДутIыпщыжынщ, дутIыпщыжынщ!» - сахуогубжь. – Сыт къыщIэвубыдыххар? Дэнэ щыIэ иджы абыхэм я анэр?
- Мес, мобдей щысщ! – къызэдокIий щIалэ цIыкIухэри, сагъэлъагъу Iуащхьэжь цIыкIур: бабыщ анэр пэжу абы тест, гузавэу и жьэр ущIауэ. 
- ПсынщIэу! – сахуолъ щIалэ цIыкIухэм. – ФыкIуи и шырхэр псори ефтыж! 
Я гуапэ хъуа хуэдэт сэ абыхэм яжесIар: бабыщ шырхэр яIыгъыу зэрохь IуащхьэмкIэ. 
Бабыщ анэр тIэкIу Iуолъэт, ауэ щIалэ цIыкIухэр къызэрытекIыжу, и къуэхэмрэ ипхъухэмрэ я деж зыкъедзыж, къащыжын и мураду. Езым и бзэкIэ быным зыгуэр псынщIэу яжреIэри, зэнтхъыпкъэмкIэ мажэ. Мыдрейхэри шыритху хъууэ абы кIэлъожэ. 
Мис апхуэдэу, зэнтхъыпкъэм хэту, къуажэм къыпакIухьурэ, гуэлымкIэ яунэтIыж. 
СыгуфIэу си пыIэр щхьэрысхри, згъэуфафэщ аби, сакIэлъыджащ: 
- Гъуэгу махуэ, шырэ цIыкIухэ! – жысIэри. 
ЩIалэ цIыкIухэр къысщыдыхьэшхащ. 
- СлIо фыщIэдыхьэшхыр, делэжь цIыкIухэ? – яжызоIэ абыхэм. - Тынш фи гугъэрэ абыхэм я дежкIэ а гуэлым нэсыныр? ПсынщIэу, фэри фи пыIэхэр щхьэрыфхи, факIэлъыджэ: «ФIыкIэ!» - жыфIи. 
Мис а япэм, бабыщ шырхэр къыщаубыдым, гъуэгу сабэм иуа пыIэхэр яIэтри, щIалэ цIыкIухэр зэуэ зэдэгуоуащ:
- ФIыкIэ, шырэ цIыкIухэ! - жаIэри. 

ПРИШВИН Михаил,

ЗэзыдзэкIар НАЛО Заурщ.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: