Литературэ

Адыгэр зэрыгушхуэ усакIуэ

Журналист, тхакIуэ, усакIуэ Къантемыр Тыркубий Хьэбэз районым щыщ Куэшхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ. ЗанщIэу къыхэгъэщыпхъэщ, Тыркубий хуэдэу зи къуажэр фIыуэ зылъагъур зырызщ. Зыхуэфащэу къилъытэу абы я жылэжьым цIыху къыдинакъым темытхыхьауэ, езы къуажэм хуиуса уэрэдыр мыпхуэдэу иухыжащ:

Си гъащIэм ущыщщи,

IэщIыб узмыщIын,

Сэ гуащIэу схэлъ псори

Уэ тыгъэ пхуэсщIынщ.

Дадэ Ахъмэтхъан

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

 Дэ къуажэкIэм дыщыст. Ихъуреягъыр хъупIэрэ, нэм илъагъур щхъуантIэу.   КъуажэкIэ дыдэ дыхъунт, ди хадапхэм   дадэ нанэ зыфIэсщахэр имысамэ.

КЪЭФАКIУЭ ХЪЫДЖЭБЗ

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

Мурат Маринэ зэрилъагъу махуэрэ и нэгум щIэт зэпытт. «Сытэджми сытIысми си щхьэм итщ, арауэ пIэрэ-тIэ лъагъуныгъэ жыхуаIэр?» - егупсысырт ар. Езым къызэрилъытэмкIэ, мы дунейр зэуэ зэлъыIукIуэтри, зэрысабий лъандэрэ зэхих таурыхъхэм хэт тхьэIухуду къыхукъуэкIат а хъы-джэбзыр.

Лъэс лъагъуэ цIыкIу

«Сэ къыстеувэ, ущIегъуэжынкъым, сэ уздэзмышэфын щIыпIэ щыIэкъым, - жиIащ лъэс лъагъуэм, зэгуэрым жыжьэ сыкIуэну мурад сщIауэ ди пщIантIэ сыкъыщыдэкIым. Сэ ар згъэщIэгъуащ. «Уа, сыту щхьэщытхъу мы лъэс лъагъуэ цIыкIур! – жысIэрт сигукIэ, абы сытету сыздэкIуэм. – Сэ сщIэркъэ уэ уи кIыхьагъыр здынэсыр – мес мо автобус къэувыIэпIэм сепшэлIэфыну къудейщ».

КъэфакIуэ хъыджэбз

Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Мурат фермэмкIэ имыгъэзэжу, председателым деж кIуащ. «Седжэну сыхуейт», – щыжиIэм, здэкIуар къытекIиящ:
– Дыгъуасэ «сылэжьэнущ», жыпIэри укъысхуэкIуащ, нобэ къалэмкIэ зебгъэхьын хуейуэ къыщIидзыжауэ ара?
– Сэ Iэщ дохутырущ сызэреджэнур, къэзухым, мыбы къэзгъэзэжынущ, – жеIэ Мурат, а Iуэхум быдэу зэрегупсысар IупщIу.

ДжэгуакIуитIыр зэрызэхуэзар

Агънокъуэ Лашэ Шэрджэсым щыщ джэгуакIуэшхуэ Мыжей Сэхьид и хъыбар щызэхихым, ар зригъэцIыхуну ежьащ. ЩIэупщIэурэ Сэхьид и унэр къигъуэтащ, пщIантIэм дыхьэри, и шым щепсхым, Мыжейр къыпежьащ: 
- Еблагъэ, гъуэгуанэ кIыхь къызэпыпча хуэдэщ, хьэщIэ утщIынщ, - жиIэри.
Лашэ зыкъригъэщIэну игу илъти, къыхидзащ:

- Бланафэ бгъэнри уи унэ кIуэцIу,
Уи кIуэцIыкIыщIэри гуэгушыхъу кIуапIэу, 
УнапIэу узэрысри домбей укIыпIэу,
ПIейтеягъэкIи укъыхэмыщту,
Тетыгъуэр бащэу уи хасэу,
Куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу!

Ди хьэблэ щIалэ цIыкIухэр

Журт Биберд

(Сабийхэм папщIэ Iуэтэж)

         «ЛIыжь-фызыжьхэр я закъуэу унэм къыщIэнащ. Я бынхэр жыжьэ щопсэу е яIэххэкъым. Ахэр хуэныкъуэщ дэIэпыкъуэгъу. Апхуэдэхэм деж, цIыкIухэ, фэ Iэджи фхузэфIэкIынущ. Зи ныбжь хэкIуэтахэм дэтхэнэ зыри зэрылъэкIкIэ дэIэпыкъун, абыхэм я гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIэн хуейщ.

 ДэIэпыкъуэгъуншэу къэна зы дадэм папщIэ ди хьэблэ щIалэ цIыкIухэм ящIауэ щыта зы Iуэхугъуэ сигу къинэжащи, ар фхуэсIуэтэжынщ», - илъэс куэд ипэкIэ, езыр иджыри псэууэ, итхыгъащ къэбэрдей тхакIуэ Журт Биберд.

ЦIыхубэм ягу дыхьа усакIуэ

Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Семэн Руслан къызэралъхурэ фокIадэм илъэс 75-рэ ирикъуащ.

Адыгэм и хэлъхьэныгъэ

Псоми зэрытщIэщи, ди бзэкIэ тха адыгэ литературэ диIэ зэрыхъурэ зыкъомыфI дэкIащ. Иужь илъэсхэм ди бзэм къыхыхьащ «хэхэс адыгэ литературэ» фIэщыгъэри. Абы къедгъэубыдыр хамэ хэку щыпсэу адыгэм нэгъуэщIыбзэкIэ итхарщ. Абы зэпкърыхауэ тетхыхьащ Къалмыкъ Аднан. «Пэжу, куэдым къызэралъытэмкIэ, хамэбзэкIэ тхар ар зэрытха бзэм и литературэм хохьэ. Ауэ сэ къысфIощI адыгэм итхар, ди адыгэбзэм къибгъэтIэса нэужь, ар адыгэ литературэм щыщ Iыхьэ хъууэ.

Нарт Пагуэрэ Хьэнэжьрэ

Нарт Пагуэ зылъэгъуам нарт слъэгъуакъым жремыIэ, - хужаIэу псэуащ Пагуэ. «Пагуэ иныжь щылъхущ», - хужаIэу адрей нартхэм нэхърэ IэфрэкIищкIэ нэхъ ину щытащ.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ