Ди хьэблэ щIалэ цIыкIухэр

Журт Биберд

(Сабийхэм папщIэ Iуэтэж)

         «ЛIыжь-фызыжьхэр я закъуэу унэм къыщIэнащ. Я бынхэр жыжьэ щопсэу е яIэххэкъым. Ахэр хуэныкъуэщ дэIэпыкъуэгъу. Апхуэдэхэм деж, цIыкIухэ, фэ Iэджи фхузэфIэкIынущ. Зи ныбжь хэкIуэтахэм дэтхэнэ зыри зэрылъэкIкIэ дэIэпыкъун, абыхэм я гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIэн хуейщ.

 ДэIэпыкъуэгъуншэу къэна зы дадэм папщIэ ди хьэблэ щIалэ цIыкIухэм ящIауэ щыта зы Iуэхугъуэ сигу къинэжащи, ар фхуэсIуэтэжынщ», - илъэс куэд ипэкIэ, езыр иджыри псэууэ, итхыгъащ къэбэрдей тхакIуэ Журт Биберд.

         Биберд  и хъыбарым хэта лIыхъужьхэр балигъ хъууэ дади зэрыхъужрэ куэд щIащ. Компьютерымрэ Интернетымрэ зи Iэпэгъу иджырей сабийхэм я гъащIэри я дуней еплъыкIэри а япэ итахэм куэдкIэ къащхьэщокI. Биберд и хъыбарым хэта дадэм хуэдэу плIэкIэ пхъэгъэсын къэзыхьи щыIэжкъым жытIэ щхьэкIэ, абыхэм я гулъытэри, я гущIэгъури, нэхъыжьхэм яхуэщIын хуей пщIэри зыщIыпIи кIуакъым - цIыхухэм я псэукIэр зэрефIэкIуам къыдэкIуа Iуэху еплъыкIэщIэхэр къэунэхуауэ аркъудейщ, уеблэмэ нэхъ гъэщIэгъуэныххэ ящыхъунущ гулъытэм теухуа хъыбарым къыдэкIуэу, нэхъапэм езыхэм я ныбжьым ита цIыкIухэр зэрыпсэуам щыбгъэгъуэзэныр.

         Зыкъом щIащ мыр къызэрыхъурэ. Зауэ нэужь зэман хьэлъэт. Къуажэм дэсхэм щIагъуэ яхэттэкъым зи Iыхьлы е зи бын зауэм хэмыкIуэда. Тпэмыжыжьэу псэурт зы лIыжь-фызыжь, я щIалищри  зауэм хэкIуэдауэ. Хьэблэм дэс псоми яфIэгуэныхь хъурт Цацурэ Мацэрэ - арат лIыжь- фызыжьым зэреджэр. Зэгуэрым, щIымахуэ уейуэ, дэ, щIалэ цIыкIухэр, хэти чын кърихуэкIыу, хэти лъэрыжэкIэ къэджыхьу мылым дытетт. Ди хьэблэ лIыжьым, Цацу, пхъэ дамэфI телъу чыцэмкIэ къыхэкIыжауэ къэтлъэгъуащ. Ар псы Iуфэм къэсри, дэкIуей-къехыжу зыкъомрэ Iутащ. Куэдрэ дыкIэлъыплъа иужь дэ тщыщ зыгуэрым жиIащ:

         - Си гугъэмкIэ, а тхьэмыщкIэм лъэмыжыр къыхуэмыгъуэтыжу аращ.

 Ди лъэрыжэхэр зыщIэтхри, дадэм дыбгъэдэлъэдащ.

         - Си нэхэм фIыуэ ялъагъужыркъым, си тIасэхэ! – жиIащ лIыжьым дызэрыбгъэдыхьэххэу. Хэти лIыжьым иIыгъ пхъэ гъур тIэкIур къеIытхащ, хэти абы и Iэпэр иубыдри, ар я унэ нэдгъэсыжащ. ЕтIуанэ махуэм къэхъуар ди егъэджакIуэм хуэтIуэтэжащ. Ар зыкъомрэ хэплъэри, зи ныбжь хэкIуэтахэм ядэIэпыкъун зэрыхуейм теухуауэ хъыбар куэд къыджиIэжащ. А махуэм щыщIэдзауэ ди пщэ итлъхьэжащ Цацурэ Мацэрэ дадэIэпыкъуну.

- Дауэ дазэрыдэIэпыкъунур? - щIэупщIащ ди еджэгъухэм ящыщ зы.

ЕгъэджакIуэм къыджиIащ абыхэм яхуэтщIэфынур. Дэри, зыкIи къыдэмыхьэлъэкIыу, пхъэ къахуэтшэрт, псы къахуэтхьырт, щхьэлым дахуэкIуэрт, я пщIантIэр яхузэлъэIутхырт - пщIэн мащIэт? Гъатхэ зэрыхъуу я шыгъуэгу хадэр къахуэттIащ, яхухэтсэжащ, къэкIа нэужьи яхузетхьащ. Мис апхуэдэу дадэIэпыкъурт зи ныбжь хэкIуэта лIыжь-фызыжьым. Дэ къуажэ школыр къэдуха иужьи, ди хьэблэ щIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ зыщагъэгъупщакъым быну яIэр зауэм хэкIуадэу зи закъуэу къэна Цацурэ Мацэрэ.

 

               

Поделиться:

Читать также: