Адыгэм и хэлъхьэныгъэ

Псоми зэрытщIэщи, ди бзэкIэ тха адыгэ литературэ диIэ зэрыхъурэ зыкъомыфI дэкIащ. Иужь илъэсхэм ди бзэм къыхыхьащ «хэхэс адыгэ литературэ» фIэщыгъэри. Абы къедгъэубыдыр хамэ хэку щыпсэу адыгэм нэгъуэщIыбзэкIэ итхарщ. Абы зэпкърыхауэ тетхыхьащ Къалмыкъ Аднан. «Пэжу, куэдым къызэралъытэмкIэ, хамэбзэкIэ тхар ар зэрытха бзэм и литературэм хохьэ. Ауэ сэ къысфIощI адыгэм итхар, ди адыгэбзэм къибгъэтIэса нэужь, ар адыгэ литературэм щыщ Iыхьэ хъууэ. Псалъэм папщIэ, тырку литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъа Омер Сейфеддин (Хьэтыкъуэ Умар) и тхыгъэхэр хамэбзэ куэдкIэ щызэрадзэкIым, ахэр дунейпсо литературэм хыхьащ. НтIэ, сыт адыгэ литературэу къэплъытэ щIэмыхъунур абы и тхыгъэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIахэр? КъимыдэкIэ, апхуэдэхэр зэдзэкIыныр ди лъэпкъ икъухьар зэхуэзышэж Iэмалхэм ящыщ зыщ.

«Хэхэс адыгэ литературэ» фIэщыгъэр иIэу нобэ ди бзэм щIэуэ къыхыхьар нэхъапэхэм щымыIауэ аракъым – ахэр щыIащ, ауэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIыртэкъым, тхакIуэм тетхыхьхэми ар зэрыадыгэр жызыIэн къахэкIыртэкъым. ТыркубзэкIэ тхэм тетхыхьыр тыркурт, хьэрыпыбзэкIэ тхэм – хьэрыпырт. Ахэр сыткIэ хуейт я лъэпкъхэр зэрыгушхуэ, я бзэм, я щэнхабзэм зезыгъэужь тхакIуэхэр зэрыадыгэр жаIэну? Арати, зэрылажьэ бзэхэм яй хъурт.

Хэхэс адыгэ тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэм къыхаха гуэрхэр адыгэбзэкIэ зэрадзэкIа нэужьщ а тхыгъэхэр адыгэ литературэм щыщ Iыхьэу утыку къыщихьар. Ахэр ди тхылъеджэхэм я деж къэсын папщIэ псом хуэмыдэу щIэгъэкъуэн хъуащ «Хэхэс адыгэ литературэ» фIэщыгъэр иIэу 2005 гъэм дунейм къытехьа тхылъыр.

Я хэку имысыж адыгэхэм, нобэ дэнэ щIыпIэ щымыпсэуами, я нэхъ мащIэрамэ, бзэ тIурытI ящIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зы бзэ фIэкIа зымыщIэ цIыхум гъащIэр зэрилъагъури а бзэм и «нэмкIэщ». БзитI зыщIэр ниплIкIэ маплъэ, и гупсысэр нэхъ жанщ, и щIэныгъэр нэхъ куущ. Ауэ апхуэдэр хамэбзэкIэ щытхэм дежи а бзэ къигъэсэбэпым и анэдэлъхубзэм и псэр, и гупсысэкIэр хелъхьэ. Аращи, абы и къарур тIуащIэ мэхъури, тхакIуэм и зэфIэкIри нэхъ ин ещI. Абы и щапхъэхэр дэри диIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ Хьэлауэ Бэшар. Ар тхакIуэшхуэ дыдэхэм яхэувауэ щымытми, ущымыгуфIыкIыу къанэркъым Хьэлауэм Щам къыщыдигъэкIа тхылъым, «Iущагъым и псынэ» зыфIищам.

Хьэлауэ Бэшар адыгэ щIалэщ, Сирием къыщалъхуащ, абыи Налшыки щеджащ, хьэрыпыбзэри, адыгэбзэри, урысыбзэри ещIэ. ИщIэ къудейм къыщымынэу, а бзищыр зей лъэпкъхэм я тхыдэми, я щэнхабзэми щыгъуазэщ. Псом ящхьэращи, и адыгэ лъэпкъым и гъуджэу къилъытэ нарт хъыбарыжьхэр фIы дыдэу ещIэ. А псори зыхыбощIэ Хьэлауэм и IэдакъэщIэкIхэм укъыщеджэкIэ. Ахэр зэрытхар хьэрыпыбзэми, адыгэ щэнхабзэм и зы Iыхьэу къэслъытэри, а тхылъым щыщ напэкIуэцI зыкъом зэздзэкIащ. «Феплъыт си лъэпкъыр зэрыдахэм, зэрыIущым», - къыбжиIэ хуэдэщ Бэшар и тхылъым».

Хьэлауэ Бэшар и усэхэм ящыщ:

Нартхэм зэращIу щытам ещхьу, Iущхэр Аущ жыг щIагъым щызэхуэсащ, нэхъ пщIэ мыхъунур кърабжэкIыну. Абыхэм

жаIащ:

Зыбгъэхеижын щхьэкIэ, нэгъуэщIыр умыгъэкъуаншэ.

Умей къыумыщтэ.

Зумыгъэпхъашэ – къутэгъуафIэ ухъунщ.

Хъыданыжьу зумыгъэлалэ – къузыгъуафIэ ухъунщ.

Хьэдзэм Iэмбатэ къыхыумыщIыкI.

ХуумыщIыжыфын бжэ Iуумых.

Зы уэшх ткIуэпсым иуфэнщIыным хуэдиз зумыщI.

МафIэс ирибгъэункIыфIын папщIэ псы къабзэ къыумылъыхъуэ.

Мывалъэ хьэсэ умывэ – зыри къытекIэнкъым.

Уафэ уимыIэу уэшх ущымыгугъ.

Зумыгъэпагэ,

Тхьэм зызыгъэпагэ, щхьэщытхъужхэр фIыуэ илъагъуркъым.

ЛъагапIэ уздынэсам нэхърэ нэхъ лъагэж щыIэщ.

Джэдум дзыгъуэ кърехуэкI,

Хьэр дыгъужьым щошынэ,

Дыгъужьым мыщэм зыпыIуедз,

Мыщэр пылым пэщIокIуэт,

Пылыр дзыгъуэм егъащтэ.

УпщIэ:

– А гупым хэт нэхъ лъэщыр?

Дзыгъуэрауэ жумыIэ!..

 

ЖаIащ, жызыIари адыгэращ:

Жыг зи закъуэр жьапщэм щошынэ.

Лъабжьэ зиIэм къуэпси къыдэжынущ.

 

Тхьэм и лIыкIуэ Хьисэ жиIащ:

Нэфым нэф къришэкIмэ, тIури мащэ йохуэ.

 

Адыгэм жиIащ:

Зы мащэм тIэу уихуамэ – унэфщ.

 

Тхьэм и лIыкIуэ Мухьэмэд жиIащ:

ФIэщхъуныгъэ зиIэм блэр зы гъуэмбым тIэу щызригъауэркъым.

ТхьэмыщкIэщ тхьэкIуми, нэи, бзэгуи иIэу дэгур, нэфыр, бзагуэр.

Нэхъ тхьэмыщкIэжщ, щIэныгъэ иIэу къэзымыгъэсэбэпыфыр.

 

ЖаIащ, жызыIари адыгэращ:

Напэм япэ псэр ихуэ.

Зауэ екIуэкIыу унэм ущимыкIукI!

ЛIыгъэр къащэхуркъым.

Iэщэр пхъумамэ, уехъумэж.

Зыщумыгъэгъупщэ:

Мыщэм башкIэ уеуэмэ, богъэгубжь.

Зы жыг мэз хъуркъым, зылI дзэ пэлъытэкъым.

ЛIы зэкъуэтхэм бгыр ирагъэкIуэт.

Зауэм и кIэр хьэдагъэщ.

ЗауэлIхэм ядэзэуэну ежьа лIы лъашэм зыгуэр ещащ:

– Уа, тхьэмыщкIэ, укъыщIэмыпхъуэжыфурэ уаукIынщ.

Абы пидзыжащ:

– «Уа, тхьэмыщкIэ! Сэ сыкъыщIэпхъуэжыну сыкIуэркъым.

СыкъимыкIуэту сызэуэну сокIуэ.

 

Къэзанокъуэ Жэбагъы еупщIахэщ:

– ПцIымрэ пэжымрэ сыт я зэхуаку?

Къэзанокъуэр и тхьэкIумэмрэ и нэмрэ теIэбащ,

А тIум я зэхуакур и зэхуакущ къригъэкIыу.

 

Адыгэм жиIащ:

Псэр мыплъэмэ, нэри плъэркъым.

ЩIэуэ къэунэхур зэвгъащIэ, блэкIари зыщывмыгъэгъупщэ.

Жьы зимыIэм щIэ иIэкъым.

УпщIэ щIэщхъуркъым, щIэщхъу щIэнэжыркъым.

Уэгум хъыринэ иумыщIэ!

ЩIэныгъэншэм насып иIэнукъым.

Адакъэр мыIуэкIэ, нэху щын къанэркъым.

 

Кавказырысым жиIащ:

Къамылъхуа лIэркъым,

Хамыса къэкIыркъым.

Хэхъуэ здэщыIэм хэщIи щыIэщ.

Ажалыр къызэрысу, гугъэр мэкIуэд.

Псым итхьэлэм блащхъуэми зыкIэрещIэ.

Псым итхьэлэр, хы лъащIэми щогугъэ.

 

Адыгэм жиIащ:

ЛIы хъунур гущэхэлъу къыбощIэ.

Уэшх къыщешх щIыпIэм жыг къыщокI.

ГуфIэмрэ гуIэмрэ зэпхащ.

Лъабжьэ зиIэм щхьэкIи иIэщ.

ЦIыху бзаджэр жыг лъабжьэншэм ещхьщ.

УмытIыс щIыкIэ зыплъыхь,

Умыпсалъэ щIыкIэ гупсысэ.

Тыншу къакIуэр тыншу мэкIуэж.

Жьым къихьар псыдзэм ехьыж.

Дохъушокъуэ Синэ.

Поделиться:

Читать также: