Нарт Пагуэрэ Хьэнэжьрэ

Нарт Пагуэ зылъэгъуам нарт слъэгъуакъым жремыIэ, - хужаIэу псэуащ Пагуэ. «Пагуэ иныжь щылъхущ», - хужаIэу адрей нартхэм нэхърэ IэфрэкIищкIэ нэхъ ину щытащ.

Зы махуэ гуэрым Пагуэ деж къэкIуащ зы нарт гуэр, зы шы гъуабжэм тесу адрей шы гъуабжэр Iэдэжу иIыгъыу. «Пагуэ!» - жери къыщыджэм, Пагуэ щIэкIри - и цIыхугъэхэм ящыщтэкъым.

- Еблагъэ! - жиIащ Пагуэ, нарт хабзэкIэ.

- Себлэгъэнут икIи сыхьэщIэнут. Ауэ япэщIыкIэ си гъэхьэщIэкIэн хуейр бжесIэнщи, апхуэдэу сыбгъэхьэщIэфынумэ, себлэгъэнщ, сумыгъэхьэщIэфынумэ, себлэгъэнукъым, - жиIащ.

- Iэу, сэ сынарткъэ, - жиIащ Пагуэ, - узгъэхьэщIэнщ.

- АтIэ сыбгъэхьэщIэнумэ, мазищкIэ сыпхуэхьэщIэнущ. Мазищым и кIуэцIкIэ махуэ къэсыхукIэ си шы гъуабжитIым ху нэдитIрэ мэкъу IэтитIрэ яшхын хуейщ. Сэ мэлми, гъэлъэхъуми зы пшэрыхь нэхъ ин сшхын хуейщ, абы хуэфащэ пIастэ, нэгъуэщI дэшхын щIыгъуу, - жиIащ хьэщIэм.

Пагуэ еплъыхри гупсысащ.

- Хъунщ, - жиIащ Пагуэ.

Пагуэ хьэщIэр къыдишэри, хьэщIэщымкIэ ишащ. Къуажэр къызэхуишэсри хьэщIэм и унафэр щажриIэжым, къуажэм дэсхэм хэт мэлитху, хэти мэлищ, хэти ху гулъэ, хэти мэкъу къыхуашащ. ХьэщIэм и шитIым фIэкIа Iуэху ямыIэу лIитIи бгъэдигъэуващ. ЗылIи мэл укIын фIэкIа Iуэху имыIэу игъэуващ. Езыми пхъэ пшынэр къищтэри, хьэщIэм бгъэдэтIысыхьэжащ.

ХьэщIэр мазищым и кIуэцIкIэ, къубгъан щыщIихынум фIэкIа, къыщIэкIакъым. Жэщ къэсыхукIи щхьэ-лъакъуэм фIэкIа къимыгъанэу мэл ишхащ, нэгъуэщI къахьхэри абы дигъакIуэу. Мазищыр ирикъуа нэужь:

- НакIуэ, Пагуэ, деплъынщ шыхэм, - жиIащ хьэщIэм. Пагуэ шыхэр къыщIригъэшри хьэщIэр иригъэплъащ.

- Мис уишхэр, си хьэщIэ, еплъ! - жиIащ Пагуэ. ХьэщIэм пэрылъэщI хужь кърихри шым телъэщIыхьащ, еплъыжри:

- Афэрым, Пагуэ, - жиIащ.

Шы гъуабжитIым я кIэпкъитIым къеIэри, етIуанэуи:

- Афэрым, - жиIащ.

- Иджы, Пагуэ, дежьэнущи, уи шыр дэнэ щыIэ? - къеупщIащ хьэщIэр.

Пагуэм и пщIэгъуалэр къафэу къыщIригъэшащ, еплъым и нэр тепщIыпщIэу. ХьэщIэр пщIэгъуалэм и кIэпкъым еIэри, пщIэгъуалэр пхэщIкIэ игъэтIысащ.

- Ухуейкъым мыпхуэдэш, шэс си шы гъуабжэм, - жери Пагуэмрэ хьэщIэмрэ зэщIакъузэри дэкIащ.

Куэд якIуа, мащIэ якIуа, ахэр жэщ-махуэ куэдкIэ кIуащ. Хы Iуфэм Iухьэри хьэщIэм жиIащ:

- Иджы, Пагуэ, сэ мы хым сыхыхьэнущ. Ноби пщэдеи сыкъэсынукъым. ПщэдеймыщкIэ пщэдджыжьым сыкъэмысмэ, кIуэж, укIуэжыфмэ. Сыкъэсмэ, сыпсэущи дызэхуэзэжынщ. АпщIондэхукIэ шым уемыпсых, уи лъакъуэр лъэрыгъым къыумых. Уемызэш, умышынэ!

- Захуэщ, ауэ уи цIэр къызжеIэ, - жиIащ Пагуэм.

- Си цIэр Хьэнэжьщ, - жиIащ дыхьэшхри. Хьэнэжь псым хэпкIэри икIащ. Пагуэ зегъэкIэрахъуэри псым Iутщ.

Апхуэдэурэ жэщи хъуащ, махуи хъужащ, аргуэру жэщи хъужащ. Жэщри кIуэри пщэдджыжьым, кIэху къищIу щыхуежьэм, шы гъуабжэм и тхьэкIумитIыр зэблигъэплъу псым хэплъэу щIидзащ. «Мыбы зыгуэр къокIуэ», - жиIэри Пагуи хэплъэу хуежьащ.

Абы хэту къэрэкъуэлэныбэм кIэрэ пэрэ имыIэу къикIыу хуежьащ. Шыхэм тенджызым къикIын яухри, Хьэнэжьи къикIыжащ.

- Упсэу, Пагуэ? - жиIащ Хьэнэжь.

- Сыпсэущ!

- Упсэумэ, уэ шы ужьым къинэ, сэ шыпэм сыкIуэнщ. Мыбы зыгуэр къэкIуэнущи ущымышынэ, уэ уи гугъу къищIынукъым. Ауэ, укъыхигъэзыхь хъумэ, къамышы тIуащIэр си дежкIэ нэшии сэ сегъэлъагъу, - жиIэри, езыр шыпэм кIуащ, Пагуэ шыкIэм къанэри, шыр кърахужьэри къежьэжащ.

Пагуэр зэплъэкIыурэ къакIуэурэ, илъэгъуащ мафIэ къыIурихым гъуэгу напщIитIыр илыгъуэу, уафэхъуэпскIым хуэдэу зыгуэр къакIуэу. Пагуэм и джатэр кърихри, зигъэхьэзыращ пэувыну. АрщхьэкIэ Пагуэм блэлъэтри, Хьэнэжь и дежкIэ иунэтIащ. Пагуи абы кIэлъыщIэпхъуащ. Хьэнэжьи къызэплъэкIри, къажэр щилъагъум, и джатэр кърихри къыщIэпхъуащ и бийм и дежкIэ. Зэхуэжэурэ шыбгъэкIэ зэжьэхэуэри зэригъэкIуэтыжащ.

Аргуэру зэжьэхэлъэдэжри, джатэкIэ зэуэри тIури ехуэхащ. Пагуи нэсащ. Пагуэр еплъри, къэжар Хьэнэжьым иукIауэ щылът. Хьэнэжьым еплъри, лъыр къежэхыу лIэрт.

- Пагуэ, сэ солIэ, ауэ си шы гъуабжэм сулыкъу кIэрыщIащи, ар къыкIэрытIэтыкIи абы изу си бийм и лъым щыщ къигъэлъади къызэт, - жиIащ.

Пагуэ сулыкъум из лъы иригъэлъадэри иритащ. Хьэнэжь дригъэзейри, зыри къримынэу ирифащ.

- Иджыри къигъэлъадэ, Пагуэ! - жиIащ. Пагуэ аргуэру сулыкъум из иригъэлъэдащ. - Иджы и щхьэр гъэбыдэжи си шы гъуабжэм кIэрыщIэж. - Пагуэ сулыкъум и щхьэр игъэбыдэжри кIэрищIэжащ.

- Афэрым, Пагуэ, уэ къысхуэпщIар пхуэзмыщIэжыфауэ сылIэнущи, абы нэхъ гукъеуэ сиIэкъым. Сэ мы си бий сукIыжам къуэших сиIэти иукIащ, иджы езыр сэ сукIыжащ. Сэ си уэсятыр зы закъуэщ: и щхьэр къыпыупщIи, си шы гъуабжэм кIэрыпхэ. Сэри Нэхущ вагъуэжьыр къыщыщIэкIым деж сылIэнущи, си хьэдэри си шы гъуабжэм телъхьэжи, и пхэщIыщхьэм теуIуи утIыпщыж. Уэри ар здэкIуэм и ужь иуви кIуэ, аращ си уэсятыр, - жиIэри, Нэхущ вагъуэжьыр къыщыщIэкIым, Хьэнэжь и псэр хэкIащ.

Пагуэ иныжьым и щхьэр къыпиупщIри шы гъуабжэм кIэрипхащ. Хьэнэжь и хьэдэр трилъхьэжри, шы гъуабжэм и пхэщIыщхьэм теуIуэжри иутIыпщыжащ. Езыми шыхэр къигъанэри, шы гъуабжэм и ужь иувэри ежьэжащ.

Шы гъуабжэр кIуэжурэ къурш зэхуакум дыхьэжащ. Чэщанэ закъуэ дэтти, абы и деж къэувыIэри щыщащ. Узримыгъэплъу дахэу зы тхьэIухуд къыщIэжри, гъуэгыу щIэлъэдэжащ: «ди дэлъху закъуэ къэнар щыIэжкъым», - жиIэри. Пагуэ кIэлъыдыхьэри епсыхащ. Хьэдэри иныжьым и щхьэри къыкIэритIэтыкIащ. ТхьэIухудыр аргуэру къыщIэкIри Пагуэр щIишащ.

Гъуэгыурэ и нитIыр нэф хъуауэ я анэжьыр гъуэлъыпIэм исти къеупщIащ:

- Си къуэм сулыкъу къуимытыжауэ пIэрэ? - жиIэри.

Пагуэ щIэкIри, сулыкъур къыхуихьащ. Фызыжьым сулыкъум итым щыщ и нэм щихуэри хъужащ. Къинар зыри къэмынэу ирифащ.

- АтIэ, си щIалэ, си къуэр симыIэжми, уэ узиIэщ. Уигу ирихьмэ, сипхъу закъуэ къысхуэнар узот, - жиIащ фызыжьым.

Пагуэ Хьэнэжь и шыпхъур фызу къишащ. И фызри, я анэжьри зыщIигъури я унэ къэкIуэжащ.

Игъазэри шыхэр къихужри къуажэм яхуигуэшащ. Езыри тхъэрэ псэууэ къэнэжащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: