Фраги Махътумкули

 Махътумкули Фраги (1724 - 1807) цIэмкIэ щэнхабзэм къыхэна усакIуэр тыркумэн лъэпкъым щыщщ. ЩIалэр дунейм къыщытехьа лъэхъэнэм и лъэпкъыр персхэм я жьауэм щIэтт. Усэ тхыныр IэщIагъэ хуэхъуа иужь, Махътумкули псевдоним папщIэу «Фраги» цIэ лейр къищтащ.

 ЩIалэм япэ егъэджакIуэ хуэхъуар и адэрщ. И сабиигъуэм персыбзэрэ хьэрыпыбзэкIэ еджэфырт, ар куэдкIэ и фIыгъэт и адэм зэхуихьэсауэ унэм тхылъ куэд зэрыщIэлъым. ЗэрыусакIуэм нэмыщI, Махътумкули иджыри фащIэт, дыщэкIт, гъукIэт.

1753 гъэм усакIуэм зы илъэс щрихьэкIащ Бухъар хъаныгъуэм, Идрис-Бабэ жыхуаIэ щихъым и кхъэлэгъунэм пэгъунэгъуу яухуа мыдрисэм.

1754 гъэм ар Бухъэра макIуэри, Кокельташ мыдрисэ цIэрыIуэм щIотIысхьэ. Аращ Махътумкули щызригъэцIыхуар Сирием щыщ щIэныгъэлI Нури-Казым, а лъэхъэнэм и щIэныгъэкIэ адрейхэм къахэщ ущиякIуэр. Нури-Казым и гъусэу, Махътумкули Узбекистаныр, Къэзахъстаныр, Таджикистаныр, Афганистаныр къызэхикIухьри, Индиеми нэсауэ щытащ.

1757 гъэм щIалитIыр Хорезм и щыхьэр Хивэ екIуалIэри, абы Махътумкули Шергъази-хъан 1713 гъэм щиухуа мыдрисэм и щIэныгъэр щынигъэсащ.

1750 гъэм усакIуэм и адэр дунейм йохыж. Езым и Хэкум къегъэзэжри, зэкIэлъыпыту гуауэ зыбжанэ зыхещIэ. Гъэр хъуа и къуэшитIым къагъэзэжакъым. ФIыуэ илъэгъуа пщащэри нэгъуэщIым иратащ. ИужькIэ Махътумкули унагъуэ иухуэри, къуитIи игъуэтыжащ, ауэ и щIэблэм кIэлъыплъыну Iэмал иIакъым, сабийхэр цIыкIуу IэщIэкIащ. А псом гурыIуэгъуэ ещI Махътумкули и усэхэр щIэнэщхъейр. ИтIани, аращ тыркумэн тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъари, ар лъэпкъым Iурылъ бзэ къызэрыгуэкIым пэгъунэгъу зыщIари.

Сымыпсэлъэн слъэмыкI

ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ

Си гъащIэр дзыхьщIыгъуэджэщ, сопIейтей.

Ажалыр къосри, къэсщэхун джэбын?

Дунейр убгынэм, бгъуэтын гъуэгу сэтей?

Сыт сщIэн? ГущIэгъукIэ Тхьэшхуэм селъэIун?

Алыхь Iэмырыр сыткIэ къысхуэщIэн?

Псэм мамырыгъэр дауэ естыжын?

Мы си гур зыщIэбэным зытезгъащIэу,

Пшахъуэху къумыжьым щихъыу сихьэжын?

Пагагъэр япэм щыблэрт си псэ нэщIым,

Ажалыр нэпскIэ сопIыр сэ иджы.

Мы си пкъыр псэншэу къизнэу губгъуэ къумым,

Шхын хьэкIэкхъуэкIэхэм яхуэсщIыжын?

Сэ си псэм фIэфIт гущIэгъукIэ зигъэнщIыну,

Гурыгъуу иIэр фIэфIт зэгъуэкI ищIын;

Акъыл шабзэшэм си гур зытхьэкъу псори

Къашыргъэм хуэдэу сфIэфIт къезгъэукIын!

Сэбэпкъым, Фраги, цIыхур дэзыхьэххэр:

Iэпкълъэпкъыр псэншэм, фыгъэм IэщIэмыкI.

УимыIэм псалъэ, пхуэгъэплъэнкъым нэхэр…

Сэ си бзэр псэущ, сымыпсэлъэн слъэмыкI!

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: