Бжьыхьэ дыгъэпс

Дунейм и дахэгъуэщ. Къытепсэ бжьыхьэ дыгъэр фIэбэмащIэу, шындэбзиймкIэ щопэщащэ Зулэ.
… « Гъатхэ дыгъэр си нысэм типси, бжьыхьэ дыгъэр си пхъум типсэ», - жызыIам и Iуэху зыIутар тхьэм ищIэнщ, ауэ, жыпIэнурамэ, хэлъщ а бжьыхьэ дыгъэпсым нэсу дызыщымыгъуазэ къару щэху гуэр. Псоми ухуэнэплъэIусынри Iэмалыншагъэкъым… Чыхум хыхьэжа гупсысэхэм здыхэтым, хьэнцейгуащэ къезышэкIхэм я макъ къызэхихащ абы. Телъыджэщ, Зулэ къыхуэгубзыгъыжыркъым, иужь дыдэу хьэнцейгуащэ щилъэгъуар. ИIыгъ пщIантIэ жыхапхъэр хыфIидзэри, макъыр къыщыIу куэбжэпэмкIэ жащ.
 - Хьэнцейгуащэ… мамэ, хьэнцейгуащэ кърашэкI, Iей, зэхэпхыркъэ?-здэжэм, Iэ хуещI пщIантIэкум ис и анэми.
- Сыт бжьыхьэ хьэнцейгуащэ мыгъуэ? - къыфIигъэкIакъым адрейм, арщхьэкIэ, гъэщIэгъуэн къыщыхъужа - хуэм цIыкIуурэ куэбжэм гъунэгъу зыхуищIауэ яхукъуоплъ.
- Псы ятепкIэнур къащтэ, къыщыкIуакIэ, тобэ ирехъуи, укъагъанэу IукIыжынкъым ахэр, - кIэлъидзащ абы и пхъум, и ежэжьэкIар фIэауану. Псы пэгун ныкъуэ иIыгъыу Зулэ зыхудэкIахэр цIыкIу зытхухт зэрыхъур.
 Аддэ, я сабиигъуэм, сыт хуэдэу гупышхуэ зэрыгъэхъурэт ахэр, хьэблэм дэс нанэхэм хьэндыркъуакъуэ хуэпар яIыгърэ, ину тхьэм елъэIухэу: «Хьэнц, хьэнц, Хьэнцейгуащэ зыдо-о-шэ, ялыхь, уэшх къегъэщэщэх…» Апхуэдэрыххэурэ хьэблэ-хьэблэр къызэхакIухьырт. Я хьэлъэр зэрырикъуу псыхъуэ ныджэшхуэм кIуэрти, а тхьэ зэрелъэIум хуэдэурэ, апхуэдизрэ кърахьэкIа хьэндыркъуакъуэр псым хаутIыпщхьэжырт. ПхужымыIэным хуэдизт мо махуэ лыгъейм псы хуэлIа хьэндыркъуакъуэ тхьэмыщкIэм и щIэпхъуэжыкIэр. Дэтхэнэ зы сабиймкIи сыту гурыIуэгъуейт а псор: дауэ а хьэндыркъуакъуэ цIыкIум и щыгъынхэр зэрыщихыжынур? - абы щегупсыскIэ и гур хэщIыпэрт Зулэ.
Хьэндыркъуакъуэ-псыхэгъапкIэр зэрызэфIэкIыу, пхъэ дакъэжь мафIэ псыхъуэ лъэгум щызэщIагъанэрти, жылэм къыщыхахар зэрызехьэу ныджэм щапщэфIырт: зы лъэныкъуэкIэ ху пIастэр, нэхъ адэIуэкIэ кхъуейжьапхъэр, лэгъуп зэфIэщIам къикъуэлъыкI шей къарэр… Сабийхэр ирагъэувэкIынт, фалъэ зырыз IэщIагъэувэнти, я IутIыжщ жыхуаIэрат. Сытуи IэфIыщэт ныджэ удзыпцIэм псоми зэгъусэу щызэдашх ерыскъыр…
КIарцей щIагъым щызэхэува цIыкIухэм зэуэ яхэплъащ Зулэ, псыр зытрикIэну хьэнцейгуащэр нэкIэ къилъыхъуэу - яхилъагъуэркъым. «Фи хьэнцейгуащэр-щэ?- жиIэу щыщIэупщIэм, псоми я Iэр зымкIэ яшиящ - дзапэфIанэ цIыкIуитIыр Iумытыжрэ, дуней гуфIэгъуэр и нэгум къищу щытт зы хъыджэбз цIыкIу. ЦIыхур апхуэдизу лъагъугъуафIащэу къыпщыхъунри бжьыхьэ дыгъэм елъытауэ пIэрэ жыпIэнт, абы ущыIуплъэкIэ… щыгъын тIэкIум псыр къыпож, езы цIыкIур щIыIэм игъэдиящи, зэщIокIэзызэ. ИтIани, мэгуфIэ, зыри къэмыхъуам хуэдэу. Абы нэхъ IэмащIэлъэмащIи яхэттэкъым гупым. Сабиигъуэм къыхэна хьэндыркъуакъуэ цIыкIур аргуэру и нэгу къыщIэуващ Зулэ. 
Псыр мы цIыкIум тескIэнкъым, арыншами щIыIэм евгъэсащ жиIэри, нэхъ яхэкIуэтауэ лъэныкъуэкIэ щыт хъыджэбз цIыкIумкIэ пэгуныр игъэзащ.
- КхъыIэ сэ къыстомыкIэ, - лъэIуащ ар, - сщыгъ бостейр къысхуащэхуа къудейщ…
- Сэ къыстекIэ, сэращ хьэнцейгуащэр, - и макъ щабэр зэхэпх къудейуэ къэкIуэтащ и гур зыщIэгъуа цIыкIунитIэр. ТIум языхэзми псыр ятрикIэну Зулэ и Iэр хуекIуэкIакъым - зыр бжьыхьэ хьэнцейгуащэт, адрейм и бостейр щIэрыпст. Къахудиха ахъшэр яIэщIилъхьащ.
- Си бостейм уехъуэпсати, мис иджы уэри мы ахъшэмкIэ къыпхуащэхункъэ, - ар къыжраIэурэ Iуашыжа цIыкIур аддэ щынэсыжами, къызэплъэкIыурэ гуфIэрт, псыр къыпыжми, бжьыхьэ дыгъэпсым хуэдэу.
 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: