Дадэ, дзыгъуэшхуэр, джэдуужьыр.

Сабий таурыхъ
Дадэ гъавэ хъумапIэм зэрыщIыхьэу, псори зышх дзыгъуэшхуэр къилъэгъуащ, епхъуэри, адэкIи - мыдэкIи имыгъакIуэу къиубыдащ.
- УкъыспэщIэхуакъэ, нэжэс? - щыжиIэм:
- КхъыIэ сутIыпщыж, - къелъэIуащ бзаджащIэр. - АфIэкIа зэран сыпхуэхъужынкъым.
- Ар сыткIэ си фIэщ пщIын? - гъумэтIымащ дадэ.
- Дзыгъуэшхуэ и къуэм и псалъэ быдэр узот!
- Хъунщ-тIэ! - дадэ и гъэрыр иутIыпщыжащ.
Махуэ зыбжанэ дэкIауэ хъумапIэм щIыхьэмэ, дадэ аргуэру елъагъу: хузэхэшхыхьыр зэхишхыхьауэ дзыгъуэшхуэр щысщ, дзапэ уэрэд кърешри.
Дадэ и жагъуэ хъуащ дзыгъуэшхуэр пцIыупсу къызэрыщIэкIар. Ар епхъуэщ, лъэмбытI иримыгъэчу еIуящIэр аргуэру къиубыдри, еупщIащ:
- Апхуэдэу-тIэ уи псалъэр зэрыбгъэпэжыр?
 - Сэ сымыгъуэщ, сэ сыгъуамэщ, - къэгъынэнащ дзыгъуэшхуэр. - Мы зэ закъуэм аргуэру гущIэгъу къысхуэщIыж…
Дадэ тIэкIу зрилъэфыхьри, етIуанэуи иутIыпщыжащ дзыгъуэшхуэр. Аргуэру зыкъом дэкIри, хъумапIэм къытригъэзащ дадэ. Бжэр Iуихмэ, аргуэрыжьт: хузэхэшхыхьыр зэхишхыхьри, и дзапэ уэрэдыр къыхидзауэ щысщ а уэ пщIэр.
- Догуэркъым, уувыIэжынукъэ уэ? - жриIащ дадэ, дзыгъуэшхуэм и пщафэр иубыдри. - Щхьэ умыукIытэрэ?
- СоукIытэ мыгъуэ, - къэгъынэнащ зэранщIакIуэр, зэрихабзэуи, лъаIуэу щIидзащ.
- АтIэ, апхуэдэу щыхъуакIэ, сыкъеджэнщ джэдуужьым. Абы угурыIуэмэ, уи гугъу сщIынкъым.
Заул дэкIри, ираджа джэдуужьыр щабэрыкIуэрэ зигъэзыжу, зигъэуардэрэ зигъэпщу, «фий, дзыгъуэмэ», - жиIэу къэсащ. Къэсащ, зэрагъэпIейтеяр игу зэрыримыхьар нэрылъагъурэ гъумэтIымэу:
- Хъарзынэу телевизор сеплъу сыщыст! Сытым хуэдэу джэду шхын бэлыхьхэр къигъэлъагъуэрэт абы! Сэ лы гъурри гъэшхэкIри сужэгъуащ, сыхэвгъэкIыжащ псоми… Сыт къэхъуар?
КъыщIраджар щыжраIэм джэдуужьым и пэр зэригъалъэри, и щхьэр игъэсысащ. И нэхэр иуфIыцIри, и лъакъуэ ижьыр дадэ иIыгъ дзыгъуэшхуэм дежкIэ ишиящ:
- Iух адэ, хыфIэдзэ! …
- Ар сыт щхьэкIэ? - игъэщIэгъуащ дадэ. 
- Хьым! - къыпыгуфIыкIащ пащIагъуэр. - Мыпхуэдэ IэфIей-лъэфIейхэм сеIусэныр си дежкIэ напэтехщ! … Сэ, лIэун, сыиджырей щауэщ, махуэ къэскIэ псы хуабэкIэ зызотхьэщI, дыху лъапIэхэр зыщызохуэ. Си шхыныгъуэхэр куэдым ямыгъуэтщ, диван щабэм силъу махуэ псом телевизор соплъри сыщылъщ… ГъащIэкъым, дуней жэнэтщ! А псом иужькIэ, сыт мы къысхуэвгъэлъагъуэ бамэр зищIысыр? Дыдыд Iей, Iух адэ!
А псалъэхэр щызэхихым, дзыгъуэшхуэм дадэ зыкъыIэщIиудащ, шынагъуэу къэгъуахъуэри, джэдуужьым жьэхэлъащ:
- ЗэтепIэ уи жьэр! Сэ сымыгъуэ-сыгъуамэу сыкъэплъагъу щхьэкIэ, си пщIэр зыхуэдизыр сощIэж! Сэри пэкIэ псы сефэркъым, пщIэнтIэпсыр къапыжу лажьэхэм къалэжьар ядэзышххэм сащыщщ! Абы къыфIэбгъэкIмэ, - жиIэу ар джэдуужьым щыжьэхэкIуатэм, мыдрейр щтэри щIэпхъуэжащ.
- Ей-ехь, сымыщIа щхьэкIэ, мы дзыгъуэшхуэр сэ сыщыгугъэм щыIэкъым! - жиIэри дади къэгузэвэжащ. Жэщ псом гупсысэщ-гупсысэри, лIыжьым и гъавэр нэгъуэщIыпIэ игъэIэпхъуащ. АрщхьэкIэ, дзыгъуэшхуэм ари къигъуэтащ. Иджы тхъэжу мэпсэу, дадэ къилэжьар фIэIэфIыпсу дешхри щIэсщ гуэным. Дади сыт ищIэн, поплъэ зэман нэхъыфI къэхъужыным - дзыгъуэр дзыгъуэу, джэдур джэдууэ щыщыта зэманыр къэунэхужыным!
Тхьэмокъуэ Барэсбий.
Поделиться:

Читать также: