Iэпкълъэпкъым и щыуагъэ

Сабийм и Iэпкълъэпкъым ныкъусаныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIэу дунейм къыщытехьэ щыIэщ. Абыхэм ящыщщ пщэ Iушэр, тхыцIэ зэмыпцIар, Iэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэ лейхэр, кIапэ зыпытхэр, гидроцефалиер, нэгъуэщIхэри. Сыт ахэр къызыхэкIыр, щхьэ ныбэрылъым и Iэпкълъэпкъым апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр игъуэтрэ?

Spina bifida жыхуиIэу щIэныгъэм ицIыху узыфэр ныбэрылъым къызэрефыкIыр УЗИ-м къегъэлъагъуэ иджыпсту. Нэхъапэм ар къызыхэкIымрэ зыхуахьынумрэ ямыщIэу, цIыхухэр иришынэу, мэжалIэм, гыбзэм, нэлатым и Iэжьу хуагъэфащэрт. Пэжыр жыпIэмэ, щIэныгъэр нобэ здынэсами къахуэхутакъым абы и щхьэусыгъуэр. Хуагъэфащэ цIыхум и генетикэм щыуагъэ гуэрхэр къыхэкIыу, щIыуэпсыр, хьэуар, псыр фIей зэрыхъуам и ягъэу, бзылъхугъэ уэндэгъум зрихьэлIа хущхъуэхэм ящыщ зэран хъууэ. Ауэ дызытепсэлъыхь узыфэр пасэми щыIащ, цIыхум хущхъуэ зримыхьэххэу щыщыта лъэхъэнэхэм.

Биолог-эволюционист Хекстрэ Хопи и кIапцIэм фэбжь игъуэту, еIэзэн хуей щыхъум, тхыцIэр зэриухыж «кIапэр» зиIысымрэ абы и мыхьэнэмрэ къихутэну мурад ищIат. Апхуэдэу, Хекстрэ номинхэм я геномым къыщигъуэтащ Alu жыхуаIэ ДНК пычахуэр. А налъэр хабзэ гуэрым тету зэкIэлъыкIуэркъым, атIэ хэчыхьауэ ДНК-м хэту аращи, «къэзыпкIыхь ген» фIащащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Alu пычахуэхэр пасэрей вирус гуэрым къыхэкIауэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым илъу аращ, ДНК-м и проценти 10-м хуэдиз хъууэ. Мис а пычахуэм щIэныгъэлIхэр «ириджэгуу», дзыгъуэхэм я ДНК-м хэтыр ягъэIэпхъуэм, зэрахъуэкIыурэ, гъэщIэгъуэн къахутащ: дзыгъуэхэм я кIапэр кIэщI хъурт е пымытыххэу къалъхурт.

Апхуэдэ дзыгъуэхэм я куцIым екIуалIэ псантхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт. Аращ щхьэ куцIым и зы Iыхьэ гуэр чэму сабийхэр къыщIалъхур, тхыцIэ зэмыпцIауэ Spina bifida жыхуаIэж узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыу зыхуагъэфащэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, эволюцэм къриубыдэу цIыхум и кIапэр зэрыпыхуам щIита уасэр аращ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къалъхуагъащIэ 1000-м хуэзэу зым къофыкI мы узыфэ шынагъуэр.

ЩIэныгъэлIхэм ящIэркъым дзыгъуэхэмрэ цIыхухэмрэ я Iуэхур зэхуэдэми, псэущхьэхэм къефыкI узыфэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъу дыдэр цIыхухэм зэран къыхуэхъуми къыхуэмыхъуххэми. Къэпщытэныгъэхэр щIадзагъащIэу аращ. Ауэ, къуапи кIапи къэмынэу иджам хуэдэу, медицинэм чэнджэщ щхьэпэхэр зэбгретыкI: ныбэрылъыр узыншэу къызэтенэн, Spina bifida къемыфыкIын папщIэ, цIыхубз уэндэгъум, Iэмал имыIэу, фолиевая кислота зрихьэлIэн хуейуэ.

Ныбэ ихъуа сабийр тхьэмахуи 3 - 4 щрикъум ирихьэлIэу и псантхуэ системэм бжьамийм хуэдэу зешыхь, и лэжьыгъэр зэтреублэри, а системэм тхыцIэмрэ щхьэ куцIымрэ къокIыкIыж. И чэзум ирихьэлIэу псантхуэхэм зызэхуамыщIмэ, Spina bifida жыхуаIэм зеужь: сабийм и тхыцIэм гъуанэ иIэу къалъху, а гъуанэмкIэ куцI уэтэпс къикIыу. А гъуанэр инышхуэу щытынкIэ хъунущ, ныбэрылъым и сэкъатыр УЗИ-м къигъэлъагъуэу. Гу лъумытэххэуи Iузэу щыIэщ, пщэдыкъыцым щIихъумэу, зэрымыщIэкIэ къахутэу.

Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ фолиевая кислота жыхуэтIэу, уэндэгъухэм ирахьэлIэ хущхъуэм зэрану пылъри. 2018 гъэм кърахьэкIыу щытащ мэх зиIэ бзылъхугъэхэм я ныбэрылъым а хущхъуэр сэбэпышхуэ зэрахуэхъур. 2022 гъэм къахутам тепщIыхьмэ, щыуэндэгъум фолиевая кислота ефа цIыхубзхэм къалъхуащ лышх уз къефыкIыу я сабийхэр, е иужькIэ сымаджэ хъуащ.

Гузэвэн щIадзэн хуейщ Великобританием щыпсэухэм… А къэралым и щIэныгъэлIхэм я жэрдэмкIэ, гуэдз хьэжыгъэм фолиевая кислота халъхьэ. Сыту жыпIэмэ, бзылъхугъэм лажьэ зэриIэр занщIэу къыщыгурымыIуэ щыIэщи, ныбэрылъым и чэзум а кислотар къылъымысмэ, сымаджэ хъуну къалъытэ, икIи махуэ къэс Iэпкълъэпкъым къыIэрыхьэмэ нэхъыфIу ягъэуващ. Великобританием и закъуэкъым, къэралыгъуэ 80-м даIыгъащ а гупыжыр.

Пэжщ, щIэныгъэлIхэм къахэкIат апхуэдиз кислотар зэран хъуну жызыIахэри. Ауэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм щыхьэт техъуэну зы дунейпсо къэпщытэныгъи щыIэтэкъыми, нэхъ мащIэм жаIэм зыри едэIуакъым.

ГъэщIэгъуэнракъэ, фолиевая кислотам я гур хуэмыкIуэу, «псэкIэ» зыхащIэм хуэдэу, ар зыхуатх бзылъхугъэхэм я Iыхьэ щанэм зрахьэлIэркъым. Иужьрей уз зэрыцIалэу дунейр зыубыда коронавирусым зыкъыщигъэлъэгъуащ мыбдежи – фолиевая кислота зэзыхьэлIахэм нэхъ псынщIэу ковидыр къаубыдащ, нэхъ хьэлъэу къефыкIащ, нэхъыби илIыкIащ. Аращ UC Davis Health IуэхущIапIэмрэ Бирмингем щыIэ университетымрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуар.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: