ТхакIуэ цIэрыIуэ

Урыс тхакIуэ, журналист, сценарист, усакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м (1989 гъэ), УФ-м (1994 гъэ) я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэта Искандер Фазиль къызэралъхурэ гъатхэпэм и 6-м и илъэс 95-рэ ирикъуащ.

Искандер Фазиль Абхъаз Республикэм и Сыхъум къалэм 1929 гъэм гъатхэпэм и 6-м къыщалъхуащ. И адэр лъэпкъкIэ иранщ, и анэр абхъазщ. Москва 1954 гъэм къыщиухащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр. Курск, Брянск къалэхэм журналисту щылэжьащ. 90 гъэхэм щыщIэдзауэ Фазиль Москва щыпсэуащ, ар щытащ Урысейм щыпсэу абхъазхэм я зэгухьэныгъэм и нэхъыжьу.

ТхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Сандро из Чегема», «Человек и его окрестности» романхэр, «Стоянка человека», «Кролики и удавы», «Созвездие Козлотура», «Софичка», «Школьный вальс или энергия стыда» повестхэр, «Тринадцатый подвиг Геракла», «Начало», «Петух», «Рассказ о море», «Дедушка» рассказхэр, «Зеленый дождь», «Горные тропы», «Доброта земли», «Молодость моря», «Зори земли», «Путь» усэ тхылъхэр. И тхыгъэхэр псори зэритхар урысыбзэщ. Абыхэм лъабжьэ яхуэхъуащ совет гъащIэр, цIыхухэм я хьэл-щэныр, цIыхубэм мэкъумэш IэнатIэр къызэраIэтауэ щытар, къыщалъхуа Абхъаз щIыналъэр.

Искандер и тхыгъэ зыбжанэм фильмхэр къытращIыкIащ: «Время счастливых находок» (1969), «Чегемский детектив» (1985), «Воры в законе» (1988), «Созвездие Козлотура» (1989), «Праздник ожидания праздника» (1989), «Пиры Валтасара, или ночь со Сталиным» (1989), «Расстанемся - пока хорошие» (1991 гъэ), нэгъуэщIхэри.

Искандер Фазиль и «Софичка» повестым къытращIыкIа фильмыр игъэуващ кинорежиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александр и гъэсэн Коваленкэ Кирэ. Лэжьыгъэр зэгъусэу трахащ Сокуров Александр дебют киномкIэ и «Пример интонации» фондымрэ «Ленфильм» киностудиемрэ.

Коваленкэ Кирэ зэрыжиIамкIэ, Абхъазым и тхыдэр, и хабзэхэр, и лъэпкъ фащэхэр зыхуэдам теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIыу илъэситIкIэ зэлэжьа фильмыр зы мазэм къриубыдэу абхъаз щIыналъэм и къуажэхэм щытрахащ. Ар зэрекIуэкIыр абхъазыбзэщ, жаIэр урысыбзэкIэ кIэщIэтхауэ.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, повестыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэ цIэрыIуэ Искандер Фазиль дунейм ехыжащ, и тхыгъэм къытращIыкIам еплъыну хунэмысу.

Искандер Фазиль цIыхухэм ящыгъупщэркъым, и тхылъхэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. 2002 гъэм «ПщIэрэ щыхьрэ» орденыр абы къыхуагъэфэщащ. Абхъазым и банкым 2009 гъэм къыдигъэкIащ Искандер Фазиль и сурэт зытет дыжьын ахъшэ, «Абхъазым и цIыху цIэрыIуэхэр» серием хыхьэу. ТхакIуэм и цIэр зэрехьэ Сыхъум къалэм и Урыс къэрал драмэ театрым (2017 гъэ). Апхуэдэу Москва щыIэщ Искандер Фазиль и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ центр (2014 гъэ).

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: