ГуфIэгъуэ махуэр дагъэлъапIэуШахмат Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр ягъэлъапIэу шахматымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и шахматисту 140-м нэблагъэ. МахуищкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуащ Козак Александр, Муртаз Iэдэм, Жабоев Iэдэм, Жылэ Руслан сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Щыхьмырзэ ФатIимэ, Тихомиров Святослав, Ольховик Максим, Алэкъей Сэлэдин сымэ. Темыркъан Давид, Доминов Соломон, Балъкъыз Темболэт, Нартокъуэ Вячеслав сымэ ещанэ хъуащ. АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
|