Къэбэрдей Хасэм унафэ къыщащтэ.
Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.
Адыгэ гупсысэкIэм «хасэ» псалъэр нэхъыбэу зрипхыр нарт лъэхъэнэрщ. А зэман жыжьэм щегъэжьауэ, лъэпкъым нэхъ лIы Iущу исхэр щызэхуашэсу, цIыхубэм яхуэщхьэпэну унафэ лъагэхэр къыщащтэ зэхуэсхэм я гугъу щащIым деж, а псалъэр къагъэсэбэп.
ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува къудей мыхъуу, зэманым къыздихь къалэнхэмрэ Iэмалхэмрэ елъытауэ Iэджэрэ зызыхъуэжа а унафэ щIапIэм тхыдэм и кIыхьагъкIэ игъэзэщIа пщэрылъым уриплъэжыныр гъэщIэгъуэн къудейкъым, ущие куэди хэлъщ. Ди мурадым дылъэIэсын папщIэ, щIэгъэкъуэн къытхуохъу тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэ-жэр Валерэ и IэдакъэщIэкIыу 1992 гъэм Налшык къыщыдэкIауэ щыта «Адыгэ Хасэ» тхылъ цIыкIур.
Адыгэ Хасэ - къудамищу зэхэт парламент
Нобэрей дуней утыкум къэралыгъуэ яухуауэ ит лъэпкъхэм апхуэдэ Iэмал къезытыр тетыгъуэ - хэгъэгум щызекIуэ унафэхэр цIыхубэм ялъэзыгъэIэс политикэ Iэмэпсымэ - зэраIэрщ. Дунейпсо терминхэм ящыщу а мыхьэнэр нэхъ къызэщIэзыубыдэ псалъэр «парламент» жыхуаIэращ, езыхэм я бзэм къыхахауэ къэрал къэс фIэщыгъэ щхьэхуэ къыщагъэщхьэпи къохъу. Псалъэм папщIэ, Германием - Бундестаг, Украинэм - Радэ, Урысейм - Думэ, къинэмыщIхэр. Унафэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъ президентым укъыфIэкI-мэ, щIыналъэм щыпсэу цIыхубэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэнкIэ щыгугъыу, дзыхь зыхуащI, хэхыныгъэкIэ къыхагъэщхьэхукI лIыщхьэхэр щызэхуашэс а политикэ ухуэныгъэрщ къэралыр къэрал зыщIыжыр. Аращ цIыхубэр зыгъэтыншыпхъэ хабзэщIэхэр къыщыдагъэкIри, ахэр гъащIэм хэпща зэрыхъуну Iэмалхэр къыщагъуэтыфри. Апхуэдэ политикэ Iэмэпсымэ иIащ «Шэрджэсей» цIэр зэрихьэу илъэс щитI хуэдиз ипэкIэ Кавказ Ищхъэрэм ита хэгъэгум. Адыгэхэм я парламентым зэреджэу щытар Хасэщ.
«Хасэ» псалъэм и мыхьэнэр нэсу къызэщIаубыдэн мурадым елэжьа тхыдэджхэм я лэжьыгъэхэр, хэкум къихьэну къызыхуихуа дзэзешэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ яIуэтэжахэр зэпилъыта нэужь, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къэжэр Валерэ шэч къытримыхьэжу жеIэ Адыгэ Хасэм къикIуа гъуэгуанэр ноби Iуэху зэфIэхыкIэ IэзагъкIэ узыдэплъеиж хъуну IуэхущIапIэу зэрыщытар.
Тхыдэм и кIыхьагъкIэ Адыгэ Хасэм и къалэныр езым и гукъыдэжкIэ зэи зэримыгъэтIылъам, абы къыщащта унафэхэр цIыхубэ гъащIэм щыщ зэрыхъуам, Хасэм хэтынухэр зэрыхахыу щыта щIыкIэм тэмакъкIыхьу ущриплъэжкIэ, уи фIэщ мэхъу адыгэ парламентым и лэжьэкIэр нобэ уей-уей жезыгъэIэу дунейр зыгъэзджыздж къэралыгъуэшхуэхэм я хэгъэгу зехьэкIэм емыфIэкIамэ, абыхэм къакIэрыхуу зэрыщымытар. Псом хуэмыдэу, а гупсысэр наIуэ пщещI Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхыдэм, сыту жыпIэмэ, Къэбэрдейр Шэрджэсейм и Iыхьэ нэхъ лъэрызехьэ къудейтэкъым, ар Кавказым ит хэгъэгухэм я нэхъ лъэщт.
«Хасэмрэ пщы-уэркъхэм я лъэхъэнэм зэфIэува Шэрджэсеймрэ я тхыдэр джыныр ди къалэнхэм я нэхъ лъапIэщ», - къытригъазэурэ щытрегъэчыныхь Къэжэр Валерэ и тхылъым. Адыгэ хэгъэгу псоми я тхыдэм ириплъэ пэтми, Къэбэрдейр щапхъэ нэхъ Iэгъуэу къигъэсэбэпурэ, щIэныгъэлIыр гупсысэ пэжым тоIэбэ: Хасэр фIэкIуэда нэужьщ лъэпкъым и хуитыныгъэр щыфIэкIуэдар. Абы къегъэлъагъуэ Хасэм хуэфэщэн къару егъэгъуэтыжын плъапIэр езы лъэпкъым хуитыныгъэ игъуэтыжын хъуэпсапIэм быдэу зэрепхар.
ГъэщIэгъуэнщ Хасэм зэманым елъытауэ зэрызихъуэжа щIыкIэм уриплъэну. Абы гугъэзагъэу топсэлъыхь тхыдэдж цIэрыIуэ Нало Евгение: «Адыгэ Хасэр цIыхубэр лIакъуэкIэ зэрымыгъэгуэш щIыкIэ лъэпкъ зэхуэс мыхьэнэ иIэу зэфIэуващ. ИужькIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ къахэщхьэхукIа нэужь, дэтхэнэ лIакъуэри езым и Хасэ иIэжу щхьэхуэу зэхуэсырт. Лъэхъэнэр мамырмэ, Хасэшхуэр зэрыхъур къудамитI къудейт: пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. Ауэ зауэ зэманым абы и лэжьэкIэм зихъуэжырти, ещанэ къудамэу мэкъумэшыщIэхэмрэ цIыху щхьэхуитхэмрэ къахыхьэрт».
Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ Хасэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр
Адыгэ Хасэр зыхуэдар уи нэгум къыщIэбгъэхьэжыну ущыхуежьэкIэ, нэхъ укъэзыгъэуIэбжьуи, удэзыхьэхыуи, зи жэуапыр къэбгъуэтыным урихулIэуи къэув упщIэхэм язщ абы и цIэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым тетыгъуэ зэриIэр къызэригъэнаIуэ зэхуэсышхуэм «хасэкIэ» зэреджэр зэхъуэкIыныгъэ имыгъуэту лIэщIыгъуэ бжыгъэм къызэрыпхихыфар. Къэралыгъуэ IуэхузехьэпIэ зыфIэпщыфыну пщы-уэркъ Хасэм ущрихьэлIэр Шэрджэсейр е Къэбэрдейр дунейпсо утыку зэрихьам теухуа дэфтэрхэрщ. Ауэ щыхъукIэ, Сосрыкъуэ санэхуафэ здаша, Нэсрэн ЖьакIэ зи жьантIэм дэса зэхуэсми зэреджэр Хасэт.
«Сыт а тIум зэхуаIуэхур?» - къехьэкI-нехьэкI хэмылъу егъэув упщIэр Къэжэр Валерэ. ЩIэныгъэлIым къызэрыфIэщIымкIэ, Хасэм теухуауэ зыгуэр къыдэзыгъащIэу къытфIэщI IуэрыIуатэ тхылъхэм дзыхьышхуэ яхуэпщI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэр къэралыгъуэ щхьэхуиту зэрыщытар цIыху цIыкIум, псом хуэмыдэу езы лъэпкъым щыщхэм, щагъэгъупщэжын мурадым къару мымащIэ телэжьащ.
Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ лъэпкъым ищIэр зэрыщыбгъэгъупщэжыфынур? Япэрауэ, тепсэлъыхьыпIэ иумытурэ. ИтIанэ - и нэкIэ илъэгъуам, гукIи ищIэжым и нэгум ущытеIэзэщIыхьыжурэ, абы мыхьэнэ иIар нэгъуэщI зыгуэр хуэдэу жепIэурэ. Ещанэу - пэжыфэ тету зэбгъэпцIа пцIыр къытебгъазэм-къытебгъазэурэ зэрызэхебгъэхым нэмыщI, езым нэгъуэщI жиIэныр хуумыдэурэ. ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, Адыгэ Хасэр зэрыщыта дыдэр лъэпкъым IэщIагъэхужын унафэм а къару псори щызэдэлэжьащ.
Нарт лъэхъэнэм щыIа хасэхэм къэралыгъуэ Iуэху зэрызэрамыхуари, ар политикэм, хэгъэгу хуитыныгъэр хъумэн Iуэхум зэрыпхуемыпхынури апхуэдизкIэ гурыIуэгъуэти, куэдрэ къытебгъазэу утепсэлъыхькIэ цIыхубэр абыкIэ пхуэгъэщхьэрыуэнутэкъым. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, Нарт Хасэр зыкIи къыщхьэщыкIыу къыпфIэщIыркъым нобэ гуфIэгъуэ тхьэлъэIу жыхуаIэу ефэ-ешхэ щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм. Зэзэуэнрэ текIуахэр ягъэфIэжынрэ фIэкIа хабзэ зыхэмылъа лъэпкъыр «хьэщхьэрыIуэу», «лъэпкъ мыгъасэу» щытауэ езым и фIэщ пщIыжынуи «цивилизацэ» къыхуахьыху езыхэр мэзым щIэсауэ къафIэбгъэщIынри гугъу хъунутэкъым, Iэпкълъэпкъ къарукIэ зэрызэпеуэмрэ фадэр зэрахуэхь лъэкIыныгъэмрэ фIэкIа къызыхэмыщ нарт хъыбарыжьхэм фIэкIа къахуумыгъанэмэ.
«Адыгэ Хасэм и пщэ дэлъа къалэнымрэ ар игъэзэщIэн папщIэ къигъуэтыфу щыта хэкIыпIэхэмрэ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, IуэрыIуатэм и закъуэ тегъэщIапIэу урикъуркъым», - жеIэ Къэжэр Валерэ. - Сыту жыпIэмэ, нарт хъыбархэм Хасэр къызэрыхэувэр нэхъыжь е лъэпкъ зэхуэсыпIэ къудейуэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр джа хъун папщIэ, гулъытэ нэхъыбэ хуэфащэщ Къэбэрдейм XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм щекIуэкIыу щыта пщы-уэркъ зэхуэсхэмрэ зэIущIэхэмрэ. УрысыбзэкIэ «феодальнэ хасэ» жыхуаIэ а зэгухьэныгъэхэрт лъэпкъым къыпэщылъ къалэнхэр щаубзыхури ахэр гъэзэщIа зэрыхъуным теухуа унафэхэр къыщащтэри.
Хасэр нэхъыжь уэршэрыпIэ къудейуэ къыпщыхъуныр щыуагъэ дыдэу зэрыщытыр щIэныгъэлIым емышу къытригъазэурэ жеIэ. Ар лъэпкъым и блэкIар щагъэгъупщэжын папщIэ пхагъэкIа тхыдэ пхэнжым къыуит хуэгъэфэщэныгъэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр къыщыбгурыIуэнур пщы-уэркъ хасэхэм я Iуэху зэфIэхыкIэм щыгъуазэ зыпщIмэщ. Абыхэм я лэжьэкIэм къегъэлъэгъуэж адыгэ тхьэмадэхэм я унафэр хэгъэгу кIуэцIым щызекIуэу зэрыщытари, абыхэм я псалъэм къарууэ щIэлъари, апхуэдизыпщ зэрыс хэкум зэгурыIуэныгъэр къыщымытIасхъэу хамэ щIыналъэхэм зыпащIэфу, ядекIуэкIыфу зэрыпсэуари. Апхуэдэ хэку зехьэкIэ нэгъэса зиIа лъэпкъыр «зыужьыныгъэм хуэхейуи», «къыкIэрыхуауи», «кIыфIыгъэм хэтуи» зыми и фIэщ пхуэщIыжынутэкъым. Аращ зэрыпхъуакIуэм Хасэм и тхыдэ пэжыр игъэкIуэдыжыным къаруушхуэ щIрихьэлIар.
Адыгэхэр езыхэм я къарукIэ псэужыфу щытауэ жыпIэныр къэралыгъуэм имыдэн Iуэху еплъыкIэт а зэманым. Абы къыхэкIыу, IуэрыIуатэми къыхахар езыхэр я мурадым тезыгъэIэбэн щыхьэтхэрт. НэгъуэщI щхьэусыгъуэ хуэбгъуэтыркъым, псалъэм папщIэ, 1936 гъэм къыдэкIа «Къэбэрдей IуэрыIуатэ» («Кабардинский фольклор») тхылъым адыгэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм - XIX и пэм я щхьэ яхъумэжын папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм теухуа хъыбари уэрэдыжьи узэрыщримыхьэлIэм. Ахэр Iуэху ящIу хамыщыпыкIамэ, а зэманым щыIа хасэхэм я лэжьэкIэри зыщIыпIэ деж къыщыхэщынут.
Дауэ хъуами, лъэпкъым и тхыдэм «гъуанэ» гуэр къыщыунэхуащ, адрей лъэпкъхэм я деж щызекIуа щапхъэхэмкIэ зэрыхуейуэ якудауэ. Абы къыхэкIыу, Хасэм и мыхьэнэр нарт лъэхъэнэм къаубла «цIыхубэ зэхуэс» жыхуаIэм хуагъакIуэри ежьэжащ. Я мурадыр адыгэхэм я хэку зехьэкIэр мыхьэнэншэу къагъэлъэгъуэнырти - къехъулIащ.
Ар зэрыпцIыр къыщIэзыгъэщ щапхъэу урикъунщ лъэпкъым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ пщы Инал щэджащэр, къэбэрдеипщхэми беслъэнеипщхэми я адэжьыр, пщы уэлийуэ щыхахар Хасэрауэ зэрыщытыр, абы и щыхьэтхэр IуэрыIуатэми къыхощ.
Иджыпсту адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь гуэрхэм лъэпкъым игъащIэм зэгурыIуэныгъэ яхэмылъауэ, зи акъыл зэтемыхуэхэм асыхьэтым зызэраупсейрэ зэрыукIыж зэпыту щыта хуэдэу зэхыуагъэх. Адыгэ хасэжьхэм я лэжьэкIэр абы щыхьэт техъуэркъым. Зы пщы гупым Урысейм и лъэныкъуэр, адрейхэм - Кърымым и лъэныкъуэр яIыгъыу, Къэбэрдейм зэман кIыхькIэ Къэщкъэтаухэмрэ Бахъсэнхэмрэ жаIэу, пщы гупитI щызэдэпсэуащ. ИтIани, лъэпкъпсо Iуэху къыщыдахкIэ, лъэныкъуитIыр зэхуэзэрти зэдэлажьэрт.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIа пасэрей Нарт Хасэмрэ лIэщIыгъуэ курытхэм, XVI-XIX лIэщIыгъуэхэм, зэфIэува пщы-уэркъ Хасэмрэ зэдгъэпщэнуи зэдгъэщхьынуи Iэмал къыдэзытыр тIуми дащытепсэлъыхькIэ «хасэ» псалъэр къызэрыдгъэсэбэпырщ. Ауэ сыт хуэдизу хэгъэзыхьауэ нарт хъыбархэм дримыплъэжми, дэ абыхэм жыжьэрэ гъунэгъуу къыщыдгъуэтыфыну къыщIэкIынкъым пщы-уэркъ Хасэм хэлъа къарумрэ зэгъэзахуэмрэ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур, зэрыжытIауэ, апхуэдэ щапхъэхэр щыIэпауэ щытми, ахэр цIыхубэм щагъэгъупщэжыныр мурад укъуэдияуэ зэрыщытарщ. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр - а зэфIэдгъэувэжыну дызыхуежьа тхыдэм щыхьэт хуэтщIыну дызыхуежьэ урыс дэфтэрхэр зэрыпхъуакIуэм, фIы игу имылъу адыгэ лъэпкъыр зэрызэхэтым щыгъуазэ зищIыну яужь ихьа цIыхухэм я IэдакъэщIэкIыу зэрыщытырщ. Псалъэм папщIэ, куэдрэ зи цIэ урихьэлIэ Потёмкин Павел Кавказыр урыс Iэщэм и унафэм щIигъэувэныр зи пщэрылъу къаутIыпща дзэпщт. «Абы пцIы иупсынутэкъым» зыхужыпIэфын дэтхэнэ урыс тхыдэтхми ди бзэр имыщIэу, езыхэм жыIэщIэ яхуэхъуахэм жраIэм тещIыхьауэ псори къазэрыгурыIуэм ищIыIужкIэ, езыхэр зэдаIуэр пащтыхьырт. Нобэ абыхэм ятхам къеджэж дэри ди щIэныгъэбзэр зэрыпхъуакIуэм и бзэу зэрыщытым ди зэхэщIыкIым и къарур фIыуэ щIех. Къанэр сыт? Адыгэ щIэныгъэлIхэм дзыхь яхуэтщIу, абыхэм жаIэм япкъ иткIэ, Хасэр зэрыщытар хуэгъэфэща защIэу къызыфIэдгъэщIынырщ. Ауэ а Iуэхури узэмыплъэкIыжу узыгъэгушхуэхэм ящыщкъым. ЩIэныгъэлIхэр зэрытхэр зэрыурысыбзэм укъыфIэкIмэ, ахэри я гур утIыпщауэ хуиту псалъэркъым. Къытхуэнэр щыIэр зэхуэтхьэсыжу ди Iэмал, ди акъыл къызэрихькIэ Iуэхур зыгурыдгъэIуэнырщ.
Пэж ящIыну зыхуежьа пцIым къару игъуэтын папщIэ, зыхуейр зэрыпхагъэкIын Iэмал ягъуэтын хуэдэу, Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ (феодальнэ) Хасэмрэ зэтехуэу зыгуэр яхэлъын хуейт. Сыт ар?
Япэрауэ, Нарт Хасэри пщы-уэркъ Хасэри щхьэж зыхиубыда зэманым хуэфащэ политикэ Iэмэпсымэт, лъэпкъыр зезыгъакIуэ тетыгъуэм ищI унафэхэр щаубзыхурэ ар зэрыпхагъэкIыну щIыкIэм щытепсэлъыхьу. ЕтIуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми цIыхубэм я гъащIэр зэрагъэкIуэныр я пщэ дэлът. Ещанэрауэ, а чэнджэщ зэIэпыхыпIэхэм екIуалIэр лъэпкъым и Iыхьэ мащIэрт. ЕплIанэрауэ, абы хэтхэр хахыу щытакъым. Нарт Хасэм, псалъэм папщIэ, лIыхъужьхэр ирагъэблагъэрт, ауэ апхуэдэпщIэ зылъагъэсынухэм я цIэ къизыIуэр цIыхубэратэкъым. Апхуэдэ дыдэт пщы-уэркъ Хасэм и Iуэхури. Абы хагъэхьэхэм а хуитыныгъэр щIы яIыгъым и гъусэу, я адэхэм къыIэпах щIэину къаIэрыхьэу арат. Етхуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми я тхьэмадэхэр псэуху тетыну хахырт: Нэсрэн-ЖьакIэ - нартхэм, пщы-тхьэмадэр - феодальнэ Хасэм.
Адыгэбзэм «хасэ» псалъэм нэмыщIи «зэIущIэ, зэхуэс, чэнджэщ» хуэдэ псалъэхэу цIыху бжыгъэшхуэ зэрызэхуэзар къэзыгъэлъагъуэ куэд хэтщ. А мыхьэнэ дыдэрщ яIэр Хасэм и лэжьэкIэм тепсэлъыхьрей, лыхь (Польшэ щылъху) зыплъыхьакIуэ Потоцкий Ян «пэкIу» зыфIища зэхуэсхэм. Къэжэр Валерэ гу зэрылъитауэ, «Хасэм и зэIущIэ», «Хасэм и зэхуэс», «Хасэ пэкIу» жыпIэ щыхъукIэ, пасэрей щIэныгъэлIхэр, дунеяплъэхэр, урыс дзэзешэхэр зытепсэлъыхь зэIущIэшхуэхэм я нэхъыбэр Хасэу зэрыщытам шэчышхуэ къытумыхьэми хъунущ. Ар зы еплъыкIэщ.
Мыдрей еплъыкIэм ипкъ иткIэ, дэтхэнэ зэIущIэми ХасэкIэ уеджэну хуит укъэзымыщI щхьэусыгъуэщ лъэпкъыр зэхуэсыху, ар парламент зэхуэс защIэу зэрыщымытар. Абы къыхэкIыу, «зэIущIэ, зэхуэс, пэкIу» псалъэхэр Хасэм теухуауэ къэбгъэщхьэпэ хъуми, езы Хасэм и закъуэ утыку къыщихьэм дежщ абы къэралыгъуэ унафэ щIыпIэм къытехуэ мыхьэнэ щихьыр, ар лъэпкъым и парламенту къэплъытэн Iэмал къущитыр.
Адыгэ Хасэр зищIысыр сыт?
Адыгэ Хасэр зищIысыр этнографием (лъэпкъхэр зыдж щIэныгъэм) япэ дыдэ къыхэзыхьар урыс дзэзешэ Потёмкин Павелщ. Абы и гукъэкIыжхэм къыхощ «зэIущIэшхуэ», «чэнджэщышхуэ» жыхуиIэ зэхуэсхэр зэрылажьэу щыта щIыкIэр. Ахэр гупищу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, зи нэхъыжь къэзыгъакIуэ мэкъумэшыщIэхэр. Нобэрей политикэ псалъалъэр къэбгъэщхьэпэмэ, адыгэ парламентыр «трехпалатнэт», ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэ гуэшарэ къудамищу зэхэту.
Потёмкиным 1784 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэхэм щыжеIэ: «Ахэр [адыгэхэр] псори щызэхуэзэ зэIущIэшхуэр е чэнджэщышхуэр - мыхьэнэ куу зиIэ, екIуу къызэрагъэпэщ зэхуэсщ, мурад нэхъ лъагэхэри иупхыну хуэфащэу. Абы къыщыхалъхьэ дэтхэнэ зы жэрдэмри къызыбгъэдэкIыр пщыхэрщ: зы цIыху-цIыхуитI е нэхъыбэ зэчэнджэщыжу утыку кърахьауэ. Ар къызэрызэрагъэпэщыр мыпхуэдэ щIыкIэкIэщ. Пщы-тхьэмадэм уэркъхэмрэ лъэпкъхэм я нэхъыжьхэмрэ щызэхуэзэну щIыпIэм теухуауэ хъыбар ярегъащIэ. Ахэр зэхуэса нэужь, къызыхэкIа лIакъуэм елъытауэ, псоми гупищу загуэш: пщыхэр, уэркъхэр, лъэпкъхэм я нэхъыжьхэр. Пщыхэм зыгуэр къыхалъхьэну щыхуейм деж, я жэрдэмыр уэркъхэм бгъэдалъхьэ. Къыхалъхьа Iуэхум фIырэ Iейуэ хэлъым ахэр топсэлъыхь, ауэ езыхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм арэзы мэхъу. Абыхэм къабыл ящIа унафэр лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм я пащхьэ иралъхьэ. ЦIыхубэр арэзы зытехъуэ унафэр хабзэ (закон) мэхъу. Ахэр хуитщ пщыхэм къыхалъхьэу уэркъхэм къабыл ящIа унафэр якъутэжыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я пщэ къыдохуэ утыку кърахьа хабзэщIэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну. Уэркъхэр абыхэм ядоIэпыкъу. Пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр лъэпкъым къабыл егъэщIыныр зи пщэрылъыр уэркъхэрщ».
Абы нэхъри зрегъэубгъу зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян 1798 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIар къыщиIуэтэж сатырхэм: «Зэрыхэгъэгуу зыгъэпIейтей Iуэхухэм «пэкIу» жыхуаIэ, лъэпкъ къэс къабгъэдэкI лIыкIуэхэр къызэкIуалIэ зэIущIэхэм щытопсэлъыхь. Ахэр ныбжькIэ нэхъыжь пщым е пщы-тхьэмадэм ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ зэхуэсхэр къудамитI мэхъу: пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. КъудамитIми щхьэж и лIыкIуэхэр адрейм хуегъакIуэ, зэрыжаIэмкIи, а зэхуэсхэр екIуу, зэхэтыкIэ дахэм и щапхъэу йокIуэкI. Аращ адыгэхэм я къэрал зехьэкIэм теухуауэ къытхуэщIар».
Потоцкэм жиIэм шэч къытрыдегъэхьэ а зэманым къыдэкIа нэгъуэщI дэфтэрым. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хасэр абы щыгъуэ къудамищ хъууэ щытащ. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ адыгэ тхыдэм теухуауэ напэкIуэцI куэд къызэзынэкIа, нэмыцэ зыплъыхьакIуэ Клапрот Юлиус 1807 - 1808 гъэхэм итхахэр: «Iуэху гуэр зэфIэхын щыхуейм деж, пщы нэхъыжьхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэ нэхъ бейхэр зэхуосри, унафэ къащтэ. Абыхэм куэд дыдэ къыщапсэлъ, къекIуэлIахэр Iэуэлъауэшхуэхэр къагъэIуу щызодауэ».
Хамэ лъэпкъхэм щыщ зыплъыхьакIуэхэм жаIэм ядыщIыгъужыпхъэщ езы лъэпкъым къыхэкIа Нэгумэ Шорэ и къэгъэлъэгъуэкIэри: «Зэхуэсхэр зэрекIуэкI щIыкIэр хабзэ гуэрым теуващ хуэм-хуэмурэ. Пщыхэм къыхалъхьэ дэтхэнэ жэрдэмми езыхэм щIыпIэ хэха гуэрым кърагъэблэгъа нэхъыжь зыбжанэ щытопсэлъыхь. ИтIанэ пщыхэмрэ а нэхъыжьхэмрэ Iуэхур уэркъ псори зэкIуалIэ зэхуэсым бгъэдалъхьэри, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр къыхелъхьэ. Уэркъхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм абыхэм зытрагъэчыныхь еплъыкIэм арэзы тохъуэ. КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу Iуэхур пщыхэм я унафэм щIэт, псори зэкIуалIэ лъэпкъ зэхуэсышхуэм и утыку къралъхьэж. ЦIыхубэм къабыл ящIар хабзэ мэхъу. Пщыхэм я жэрдэмыр уэркъхэм я деж щыпхыкIа нэужьи, цIыхубэращ хуитыр ар къащтэнрэ къамыщтэнрэ. ЦIыхубэр макъкIэ (тхыгъэншэу) арэзы зытехъуа унафэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я къалэныр хабзэр гъащIэм хапщэнырщ. Абы щхьэкIэ зыдагъэIэпыкъу езыхэм я унафэ щIэт уэркъхэр. Уэркъхэм я къалэнщ лъэпкъпсо зэхуэсхэм (къызэрыбгурыIуэн хуейр - Хасэм) къекIуэлIа цIыхубэм пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр щыпхагъэкIыну».
Гу лъытэгъуафIэщ Потёмкинымрэ Нэгумэмрэ Хасэм теухуауэ жаIэр зэрызэтехуэм. ЖытIам къытыдогъазэри, адыгэ парламентыр нобэрей къэралыгъуэ псалъалъэкIэ, «палатищу» е къудамищу зэхэт къэрал унафэ зэфIэхыпIэт. А къудамищыр - пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр.
Хасэмрэ пщы уэлиймрэ
Хасэмрэ пщы уэлиймрэ зыхуэбгъэдэфынур, псалъэм папщIэ, нобэрей Урысейм и Президентымрэ Федеральнэ Зэхуэс жыхуаIэмрэщ. Сытми, къэралыгъуэм и унафэщI нэхъыщхьэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъу къулыкъущIэшхуэхэр щызэIущIэ IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэу къэралым итымрэ. Адыгэ IуэрыIуатэм ущрохьэлIэ лъэпкъым и къежьапIэр зрапх пщы Инал, къэбэрдеипщхэмрэ беслъэнеипщхэмрэ къызытехъукIыжар, пщы-тхьэмадэу Хасэм зэрыщыхахам. Ар щыхьэту къоув, япэрауэ, демократ хэхыныгъэхэр адыгэхэм я щыпэлъагъуу зэрыщымытамкIэ. ЕтIуанэу, апхуэдэ къэрал зехьэкIэ Iэмалыр пасэ зэманым къызэрыщежьам нэмыщIыж, ар дуней хабзэ зыщIахэм адыгэхэри зэращыщымкIэ.
Адыгэхэр урысхэм нэIуасэ яхуэхъуу, Урысейм и унафэм хэгъэгум хуэмурэ зыщиубгъун зэрыщIидза щIыкIэм уриплъэжмэ, гу лъыботэ хасэмрэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ зэрызэдэлажьэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къызэрыздишам.
Къэбэрдей пщы уэлийхэм (пщышхуэ, пщы-тхьэмадэ) ятеухуауэ япэу зыгуэр къыщытIэрыхьэр XVI лъэхъэнэм тепсэлъыхь Iэрытххэмрэ лъэпкъхэр зэрызэтепщIыкIыр къэзыгъэлъагъуэ дэфтэрхэмрэщ. Абыхэм къыхохуэ, псалъэм папщIэ, пщышхуэ къалэныр зыхьынур Мэзкуу къыщагъэлъагъуэу, ар Къэбэрдейм къабыл щащIыжын хуейуэ зэрыщытар. КъызэрыбгурыIуапхъэр - Мэзкуу къыщыхалъхьа жэрдэмыр зыдэн-зымыдэн политикэ Iэмэпсымэ Къэбэрдейм зэрыщыIарщ икIи абы и хьэтыр Мэзкуу щалъагъуу зэрыщытарщ.
Архив дэфтэрхэм щыгъуазэ дызэращIымкIэ, а зэман жыжьэм щегъэжьауэ пщышхуэу къагъэлъагъуэр езым и фIэфIыныгъэкIи нэфI-нейкIи хахыу щытакъым, ахэр пщы Инал къытехъукIа лIакъуэм щыщу зи чэзум къылъысу арат. Япэрауэ, тетыгъуэр къызылъыс лIакъуэр зэхагъэкIырт, итIанэ а лIакъуэм пщышхуэу щытыну зыхуэфащэр къыщыхахыжырт.
Адыгэ тхыдэм къыхощ пщы къудамэхэр КIэс жыхуаIэ Инал и адэжьым деж къызэрыщежьэр. Дэфтэрхэм зэрыжаIэмкIэ, пщышхуэ къалэныр а КIэсым къытепщIыкIа лIакъуэм (Инал и щIэблэм) щызэIэпахырт, икIи ар адэм къыбгъэдэкIыу къуэм Iэрымыхьэу, къуэш нэхъыжьым къыIэщIэкIмэ, къуэш нэхъыщIэм Iэрыхьэу къекIуэкIащ. Абы къыхэкIыу, пщышхуэ къалэныр зы лIакъуэм зэманыфIкIэ ирихьэкIынкIи хъунут.
ГъэщIэгъуэн дыдэщ «Къэбэрдей лъэпкъыр» («Описание кабардинского народа») зыфIаща, 1748 гъэм дунейм къытехьа лэжьыгъэм Къэбэрдейм унафэр зэрыщызэIэпахым теухуауэ къиIуатэр:
«Къэбэрдей лъэпкъыр нобэр къыздэсым Инал зи цIэ пщы закъуэм и унафэм щIэту Бахъсэнрэ абы пэгъунэгъу псыежэххэмрэ я Iуфэхэм щыпсэуащ. Инал къуитху иIащ. Я адэр дунейм ехыжа нэужь, зэкъуэшитхум къэбэрдей лъэпкъыр тху иращIыкIащ. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, нэхъыщхьэ дыдэу щытыр зэкъуэшхэм я нэхъыжьырт, ар дунейм ехыжмэ, абы къыкIэлъыкIуэу нэхъыжьыгъэр къызылъыс и къуэш нэхъыщIэм тепщэ къалэныр къыIэрыхьэрт. Къуэш имыIэмэ, унафэр зыIэрыхьэр езым и къуэ нэхъыжьырт. Дунейм ехыжа я адэм адрей и къуэхэр а нэхъыжьыгъэр зылъысам и жьауэм щIэту псэун хуейт, зыхэпсэукIыпхъэр тепщэгъуэр зылъыса я къуэш нэхъыжьым къариту, езыхэри абы и жыIэм щIэту.
Зы лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, ныбжькIэ е укъызыхэкIам елъытауэ, пщышхуэу ущытын къалэныр къыплъысмэ, зэфIэкIат. Ауэ зи чэзу къэсу апхуэдэ хуитыныгъэ зыгъуэтхэри лъэпкъпсо зэхуэсым, абы къикIыр - Хасэм - къабыл щащIын хуейт, абы щхьэкIэ «Къэбэрдейпсо хасэ» зэхуашэсырт.
Псалъэм папщIэ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, 1589 гъэм пщышхуэ къалэныр зыхуэфа- щэ хъуар абы и къуэш нэхъыщIэ Жансэхъут. Абы теухуауэ урыс дэфтэрым къыщокIуэ: «Абы [Жансэхъу] пщыгъуэр Мэзкуу къыщратат, ауэ Къэбэрдейм ар къабыл щащIакъым». ИужькIэ Жансэхъу унафэр къызэрыIэрыхьам къегъэлъагъуэ Iуэхум зэрызихъуэжар. ИтIани, Адыгэ Хасэм Мэзкуу къыщыдэкI унафэр къабыл имыщIыну хуиту зэрыщытам абы зэфIэкIыу иIам и инагъыр къыбгурегъаIуэ.
Пщыгъуэр лъэпкърэ лIакъуэкIэ, укъызыхэкIа елъытакIэ къыплъысу щыта щхьэкIэ, уи япэ итыр лIэмэ, тахътэм занщIэу уашэу утрагъэтIысхьэу зэрыщымытам и щыхьэту къоув пщышхуэр щыхахым деж «Къэбэрдейпсо чэнджэщ» зэхашэу зэрыщытар.
Апхуэдэ «чэнджэщхэр» урыс дэфтэрхэм япэу къыщыхэувэр 1589 гъэрщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къетыкъуэ Жансэхъу тепщэгъуэр къызэрыIэрыхьарщ. Дэфтэрым къыджеIэ, Жансэхъу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжь Аслъэнбэч и бынхэри, езым ейхэри, и къуэш-шыпхъу бынхэри, езы лъэпкъри и гъусэу Къэбэрдейм щызэхуэса пщыхэм зэрахуэзам. КърабжэкI цIэ-унэцIэхэм къахощ Мамстрыкъуэр, Уэщкъаныр, Къундетыр, Хъуэтыр. Абыхэми щIыналъэм ис адрей уэркъхэми абдежым псалъэ щатащ пащтыхьым и бийхэр езыхэм я бийуэ къалъытэу, ягъэпэжу бгъэдэтыну.
Къэбэрдей тхыдэм уриплъэжмэ, пщы-уэлийм и пщIэм щыхэхъуа лъэхъэни щыкIэрыхуаи къыхуихуащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ шынагъуэ ящхьэщымыту, езыхэр нэхъ ефIакIуэу щыщыта зэманым щхьэж лъабжьэ быдэ зэрищIыным хущIэкъурт. Абы щыгъуэм Хасэми пщы уэлийми я хьэтырыр нэхъ цIыкIут. Бий щамыIэм деж, къэбэрдеипщхэр езыхэр зэпэувыжырт, зи акъыл зэтехуэ зыбжанэм езыхэм къагуэмыхьэр хэкум щрагъэIэпхъукI къахуихуэу. Апхуэдэ дыдэу, тетыгъуэм щIэхъуэпс пщыр къыщхьэщыжын къилъыхъуэу хамэ къэралхэм щыкIуи къэхъурт. Ахэр я щхьэусыгъуэу къэбэрдей пщы къудамэхэм Урысейм щыгугъ лъэныкъуэрэ (Бахъсэнхэр) Кърымым щыгугъкIэ (Къэщкъэтаухэр) загуэшауэ щытащ. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыр Хасэращи, а тхыдэ напэкIуэцIым зедгъэубгъункъым. Гу зылъытапхъэ закъуэр 1763 гъэм, Мэздэгу быдапIэр щаухуа лъэхъэнэм пщIондэ, Хасэшхуэм ипэрей къарур зэрыбгъэдэмылъыжарщ.
ИтIани, жыIапхъэщ пщы уэлийм и къарумрэ Хасэм и хьэтырымрэ зэпхауэ къызэрекIуэкIар: зыр дэкIуеймэ, адрейри абы кIэлъэщIыхьэрт. Ар щыхьэту къоув Хасэр пщым и унафэм епха зэпыту, езыми ар и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэу къигъэщхьэпэу къызэрекIуэкIамкIэ.
Сыт хуэдэ къэралыгъуэу Къэбэрдейр зэрыщытар?
1807 - 1808 гъэхэм Къэбэрдейм щыIа Клапрот Юлиус етхыж: «Мыбы щызекIуэ къэралыгъуэ лIэужьыгъуэм цIэ фIэсщынщ жыпIэмэ, абы зэреджапхъэр «пщы-уэркъ республикэщ (республиканско-аристократический строй). Абы куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым 1818 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIам тепсэлъыхьыж Де Мариньи Тёбу жиIэр: «Шэрджэсейр пщы зыбжанэ щытепщэ феодальнэ республикэщ».
1810 гъэм Кавказым щыIа Броневский Семён къызэщIэубыдауэ Кавказым щызекIуэ унафэ зехьэкIэм и гугъу щищIкIэ, жеIэ: унафэ щIыкIэ лIэужьыгъуищри - монархие, аристократие, демократие - Кавказым щызокIуэ, ауэ абы псори щызэхыхьэжащ, псом хуэмыдэу япэ ититIыр.
Адыгэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэр Клапротрэ Де Мариньирэ я Iуэху еплъыкIэм тохуэ. Ауэ «аристократ республикэ»-кIэ щIыналъэм ущеджэфынур абы унафэр пщы-уэркъхэм я закъуэ щызэрагъакIуэмэщ. ЩытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ къигъуэтыфащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Броневский Семён: «Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ пщы лъэпкъихым я унафэ щIэтщ, дэтхэнэ зыри и щIыналъэм щытепщэу, ауэ псори зы щIыналъэм зэрыхиубыдэм и нэщэнэу, унафэр зэхуэсышхуэхэм щызэIэпах».
Хасэ лIэужьыгъуэхэр
Я унафэр здынэсым елъытакIэ, хасэхэр зэщхьэщыкIыу щытащ. XVIII лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм ипэ лэжьа хасэхэм я лъэужьым дриплъэжмэ, гу лъыдотэ абыхэм Iуэху нэхъ цIыкIу дыдэм деж щегъэжьауэ лъэпкъ псом къыпэщылъхэм нэс щызэфIахыу зэрыщытар. Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр я унафэр здынэсым елъытауэт. Псалъэм папщIэ, урыс пащтыхьым, хьэмэрэ кърым хъаным деж лIыкIуэ ягъэкIуэн е ямыгъэкIуэн унафэр къэзыщтэну хуитыр пщыгъуэ щхьэхуэм и Хасэрт (удельная хаса), ауэ абы и унафэр зыгъэзэщIэну къызытехуэр езым къедзахэрт, зэры-Къэбэрдеишхуэу абы едэIуэну я къалэнтэкъым. Псоми ягъэзэщIэн хуейр Къэбэрдейпсо Хасэм и унафэм и закъуэт.
Нобэрей дунейм зыщытплъыхьмэ, ХасэкIэ йоджэ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, Тэрч, Дзэлыкъуэ, Аруан, Бахъсэн, Шэджэм щIыналъэхэм къедза зэгухьэныгъэ нэхъ цIыкIухэми, адыгэ здэщыIэ хамэ къэралхэм щылажьэхэми. Абы пхуегъэщхьынущ пщыгъуэ-пщыгъуэкIэ гуэшауэ XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм щылэжьа хасэ лIэужьыгъуэхэр.
Пщыгъуэ щхьэхуэхэм я хасэхэм нэмыщI, иджыри пщы зыбжанэ зэгухьэу гуп щхьэхуэ зэрыгъэхъуамэ, абыхэми Хасэ щхьэхуэ яIэжт. Хасэ лIэужьыгъуэхэр мыпхуэдэ щIыкIэу ягуэшу щытауэ хуэбгъэфащэ хъунущ:
1) пщыгъуэ щхьэхуэм и кIуэцI щызэхыхьэ Хасэ;
2) пщыгъуитI зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
3) пщыгъуищ е нэхъыбэ зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
4) Къэбэрдейпсо, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, Къэбэрдеишхуэ Хасэ.
Тхыдэ дэфтэрхэм а псори къызэрыхэщыр «хасэшхуэ» («общая хаса») мыхьэнэм тетущ. АпхуэдэцIэ абыхэм щIыфIащар а зи гугъу ящI пщыгъуэм е щIыналъэм хыхьэ псори къызэрекIуалIэм щхьэкIэт: ар пщыгъуэ щхьэхуэми, пщыгъуищу зэхэт зэгухьэныгъэми, Къэбэрдеишхуэ Хасэу щытми.
Ахэр къащхьэщыкIырт нэхъ зэхуэс цIыкIуу, Iуэху пыухыкIа гуэр щхьэкIэ зэхашэ, пщыхэм я уэркъхэр къраджэу щечэнджэщу щытахэм. Ауэ а «чэнджэщ цIыкIухэми» хасэшхуэхэм ещхьу заубгъужырт:
1) зы пщыгъуэм и кIуэцIкIэ;
2) пщыгъуитI зэгухьам я чэнджэщ;
3) пщыгъуищ зэгухьам хыхьэхэм я зэхуэс цIыкIу;
4) Къэбэрдеишхуэм и чэнджэщ цIыкIу.
Къэбэрдейпсо Хасэр хабзэ къыдэзыгъэкI унафэ щIапIэ нэхъыщхьэт (высший законодательный орган). Абы къекIуалIэ пщыхэм пщышхуэу къыщыхахам хабзэр цIыхубэм ялъигъэIэсын къалэн ихьырт (высшая исполнительная власть).
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа пщыгъуэ щхьэхуэхэм щызэхашэ хасэхэм я гугъу пщIымэ, пщырэ уэркъыу я щIыналъэ Iыхьэм исыр къезышэлIэну хуитыр пщы-тхьэмадэм и закъуэт. Апхуэдэ «Хасэ щхьэхуэхэм» я щапхъэу къэплъытэ хъунущ 1767 гъэм мэлыжьыхьым и 4-мрэ и 11-мрэ Рослъэнбэч Хьэмырзэрэ Бомэт Мысострэ Псыжь адрыщI Iэпхъуэу, кърым хъаным и унафэм щIэувэну зэрызагъэхьэзырым тепсэлъыхьыну зэхыхьа Хасэр. Абы унафэ къыщащтат а Iуэхум Iэмал зэриIэкIэ пэщIэувэну.
1763 гъэм и пэ къихуэу Къэбэрдейпсо Хасэ щызэхуашэса щхьэусыгъуэу тхыдэм къыхэнащ 1753 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 6 пщIондэ зэхэтар: япэщIыкIэ Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум дэт Хьэлышыбг къуэм деж, иужькIэ - Тохъутэмыщей (иджырей Чернэ Речкэ) деж. Абы щыгъуэщ Къэбэрдейр IыхьитI зэрищIыкIыу, Бахъсэнхэмрэ Къэщкъэтаухэмрэ я зэхуакум Шэджэм псыежэхыр гъунапкъэу дэтыну унафэ къыщащтар.
1739 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIа Белград зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр а къэралитIым я зэхуаку дэт гъунапкъэ хуэдэу ягъэуват. Абы къикIыр хэгъэгур къэралитIми щымыщу зэрыщхьэхуитырт. А Iуэхум Къэбэрдейпсо Хасэм и мыхьэнэми и къаруми хигъахъуэрт. Ауэ, зэрыхъу хабзэу, лъэныкъуэкIэ узыхуэсакъын бий зэрыщымыIэм къыхэкIыу, хэкум и кIуэцIкIэ къаугъэхэр къыщыхъеирейт. Апхуэдэу щыт пэтми, зи къару хэзыгъахъуэу лъэпкъпсо унафэм хэщхьэхукIыну мурад зыщI пщыгъуэхэм ар хуагъэдахэу щытакъым. Езыхэми, ирагъэлеймэ, Къэбэрдейм зэрырахуфынур ящIэрт. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, хамэ къэралыгъуэхэр лъэпкъ Iуэхум къыхэIэбэху, зэры-Къэбэрдейуэ зэрыубыдыным, зэгурыIуэным щхьэхуимыту ирихулIэрт. А къаруитIыр щызэдэлэжьауэ жыпIэ хъунущ Урыс-Кавказ зауэм ипэкIэ екIуэкIа Къэбэрдей хэгъэгу политикэм.
Хасэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм теухуауэ
Пщыгъуэ щхьэхуэхэм, зэгухьа гупхэм ирагъэкIуэкI хасэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр щызэхуэсыну щIыпIэм теухуауэ унафэр къэзыщтэ хабзэр а къудамэхэм тхьэмадэ яхуэхъу пщы нэхъыжьырт. Къэбэрдейпсо Хасэр щызэхыхьэну щIыпIэр къыхэзыхыну хуитыр пщы-тхьэмадэрт. Нэхъыбэм апхуэдэ щIыпIэр езы пщы-тхьэмадэм иубыд щIыхэм храгъэубыдэрт. ИтIанэми, Хасэр къуажэхэм, псэупIэхэм нэхъ япэIэщIэу зэрырагъэкIуэкIыным яужь итт.
Пщыгъуэхэр зэныкъуэкъуу щыщыта лъэхъэнэм абы и щхьэусыгъуэр пщыхэр псори зэхуагъэдэн, зым адрейм нэхърэ Iэмал нэхъыбэ лъамыгъэсын щхьэкIэт.
1747 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м Къызбрун къуэм деж щекIуэкIауэ щытащ пщыгъуищу зэхэт гупым я зэхуэсышхуэ. Абы пщы нэхъыжьу къекIуэлIахэт: Бэчмырзэ Батокъуэ, Кургъуокъуэ Бомэт, Къетыкъуэ Жамболэт. Зытепсэлъыхьынур кърым хъаныр щIэмыарэзы гуэрт.
КъыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр щекIуэкIауэ щытащ а Къызбрун дыдэм деж 1748 гъэм и мазаем. Утыку илъыр Кургъуокъуэ Бомэтрэ Къетыкъуэ Жамболэтрэ щэхуу, Бэчмырзэ Батокъуэрэ адрей пщыхэмрэ щабзыщIу, Кърым хъаным тхыгъэ зэрыхуагъэхьарт. Урысейр къатеуэ хъумэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Къэбэрдейм зэрырахуам теухуауэ хъаныр зэгупсысым щIэупщIэнырт я мурадыр. Зэхуэсыр зэчэнджэщын къудей папщIэ щызэхашэм дежи, ар губгъуэм зэрыщрагъэкIуэкIыным хущIэкъухэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей езым и уэркъхэмрэ Анзорхэ я уэркъхэмрэ яхуэзэн папщIэ, 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м зэхуишэса Хасэр.
Хасэр губгъуэм зэрыщрагъэкIуэкIым и щхьэусыгъуэхэм язт ар цIыхухэм нэхъ япэжыжьэху, ущэхупхъэр яущэхуну Iэмал нэхъ зэраIэр. Абыи къегъэлъагъуэ а зэманым Къэбэрдейм зэгурыIуэшхуэ зэримылъыжар, зы пщыгъуэм адрейм дзыхьышхуэ хуищIу зэрыщымытар. Пщышхуэм, пасэ зэманым ещхьу, унафэ ищIкIэ зэфIэкIыртэкъым, зэбий лъэныкъуэхэр арэзы щIыгъуейт.
ПсэупIэхэм япэIэщIэ щIыпIэ къыхаха нэужь, ар цIыхумрэ шымрэ яшхын-ирафын щагъуэтын хуэдэу къыщIэкIыным хущIэкъухэрт. КIуэ, къуажэ кIуэцIхэм щызэхуэси къахуихуащ. Псалъэм папщIэ, 1748 гъэм щэкIуэгъуэм и 27 - 29 махуэхэм ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Джылахъстэнейм ирахун унафэр къыщащтам щыгъуэ, зы гупым хэт пщыгъуищыр Бэчмырзэ Батокъуэ и унэм щызэхуэсауэ щытащ. А Iуэху дыдэр къыщаIэтауэ щытащ Къанбэчыкъуэ къуажэм 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 15 - 28 махуэхэм. Ауэ мыбдежым гу лъытапхъэщ, Хасэр къуажэ кIуэцIым щащIа щхьэкIэ, ар Къэбэрдеишхуэм фIыуэ пэIэщIэ Джылахъстэнейм зэрыщекIуэкIар.
Хасэм хыхьэ къудамэхэр зэрызэдэлажьэу щыта щIыкIэр
ЗэрыжытIащи, Адыгэ Хасэр къудамэ зыбжанэу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр. Дауэт зы къудамэм къищта унафэр адрейхэм яIэрыхьэу зэрыщытар? ИщхьэкIэ зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян зэритхыжымкIэ, Хасэм и къудамэхэр зэлъэIэсын папщIэ, лIыкIуэ щхьэхуэхэр хахыу щытащ, езыхэм я къудамэм и кIуэцI къыщащта унафэр адрейхэм гурагъэIуэныр я къалэну.
Псом хуэмыдэу а хабзэм мыхьэнэ щиIэт зэпэщIэт гупхэм я зэхуакум лъэныкъуитIыр щIызэдауэ, ауэ зэгурымыIуэу щIэмыхъуну Iуэху гуэр къыдэхъуэмэ, сыту жыпIэмэ, я псалъэ зэжьэхэуэмэ, асыхьэтым ужьыхыжа къаугъэ гуэр къэхъеижу, лъыгъажэм щIидзэжынкIи хъунут. Апхуэдэ лъэпкъпсо зэхуэсхэр зэрекIуэкIам теухуа дэфтэр мымащIэ тхыдэм къыхэнащ, абыхэм урыс офицерхэр кIэлъыплъакIуэу зэрыхэтам къыхэкIыу.
1753 гъэм Шэджэм пэгъунэгъуу Бэчмырзэхэ я кхъэм деж щрагъэкIуэкIа зэхуэсым майорхэу Барковский И., Татаров П. сымэ зэрыхэтам топсэлъыхьыж: «Жэпуэгъуэм и 10-м Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ щыщ пщыхэр уэркъ гупыфI я гъусэу зэхуэсхэри, щхьэж езым и телъхьэхэр и гъусэу, щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэсахэщ».
ЛIыкIуэ зыбжанэ - уэркъитI-щырэ зы бейгуэлрэ - зым адрейм хуигъакIуэурэ, щхьэж езыр зытемыкIынур адрей лъэныкъуэм лъигъэIэсырт. Гу лъытапхъэщ апхуэдэ «хъыбарегъащIэ» къалэныр цIыху къызэрымыкIуэ дыдэхэм фIэкIа дзыхь хуащIу зэрыщымытам. Апхуэдэ цIыхухэр Къэбэрдейм щекIуэкIми абы Iуэху зэрыщызэрахьэ щIыкIэми хэт нэхъри нэхъыфIу зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, хамэ къэрал къикI кIэлъыплъакIуэхэм ахэр зэрыдашэхыным иужь итхэт.
Хасэр щрагъэкIуэкIыу щыта зэманыр
Хасэр щызэхуашэсыр лъэпкъыр щытыкIэ гугъу щихуэхэм дежт икIи абы хэтхэр сыт хуэдэ сыхьэти къраджэнкIи зэрыхъунур гурыIуэгъуэт. Ауэ Iуэху блэкI щымыIэмэ, зэхуэсхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм я чэзум, махуэшхуэхэм, щакIуэ кIуэгъуэхэм, мыугъурлыуэ къалъытэ махуэхэм зэрытрамыгъэхуэным иужь итхэт.
Езы Хасэм текIуадэ зэманым и гугъу пщIымэ, ар мыпхуэдэ щIыкIэу игуэшырт:
1)къекIуэлIахэр утыку кърахьа, зытепсэлъыхьын хуей Iуэхум щыгъуазэ ящIыныр;
2)Iуэхум тепсэлъыхьыныр;
3)унафэ къащтэныр;
4)къащта унафэм тетыну тхьэ зэхуаIуэныр.
Зыхуей хуэзауэ ирагъэкIуэкI Хасэр нэхъыбэм махуищ-плIым зэфIэкIырт.
Пащтыхьыгъуэм лъэпкъыр зэкъуегъэху
1763 гъэм иужькIэ къэбэрдей пщыгъуэхэр зэкъуэмыувэу щIэмыхъун щхьэусыгъуэхэр наIуэ къызэрыхъуам къыхэкIыу, я зэхущытыкIэми зихъуэжащ. Ар Хасэхэр щызэхуашэс щIыпIэми, зэрырагъэкIуэкI щIыкIэми хыболъагъукI. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, зэпэщIэт гупитIым я зэхуакум дагъэува гъунапкъэхэри хабзэ ткIийхэри фIыуэ къэтIэсхъат. 1767 гъэм Шэджэм деж, Бэчмырзэхэ я кхъэм пэгъунэгъуу, щекIуэкIа лъэпкъпсо зэIущIэм, Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ я зэхуаку биигъэ дэлъу зыщIыпIэ дежи къыщыхэщыжыркъым.
XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм урыс пащтыхьыгъуэм къэбэрдей цIыхубэр зэкъуигъэхун мурадыр пхигъэкIын щIидзакIэт. Абы лъэIэсын папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэу зэрызэфIигъэнэным иужь итт. «Къэбэрдей уэркъхэм, - хуетх фельдмаршал Потёмкин Григорий корпусым и нэхъыщхьэ Теккели Пётр, - пщыхэм зэрахуэмыарэзыр ябзыщIыркъым. Абыхэм хуащI гукъанэхэр апхуэдизкIэ инщи, зыхуейр къыхуамыщIэмэ, дяпэкIэ жаIэр ямыгъэзэщIэну, атэлыкъ хабзэм тету пщыхэм я бын зыпI яхэтмэ, ахэри иратыжыну унафэ къащтащ. Зыгуэр а унафэмкIэ арэзы мыхъумэ, уэркъ псори зэхыхьэу апхуэдэм и лъапсэр зэтракъутэну зэгурыIуахэщ».
Апхуэдэ унафэ къащтэн папщIэ, япэрауэ, зэры-Къэбэрдейуэ зэхуэмысу хъунутэкъым. ЕтIуанэрауэ, зи лъапсэм псы ирагъэжыхьыжынур пщыхэратэкъым, уэркъ Хасэм и унафэм арэзы темыхъуэ уэркъхэрт. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: уэркъхэм нэхъыбэ дыдэу пщыхэм иращIэфынур - емыдэIуэнырт, армыхъумэ, Iэщэ яIэщIэлъу абыхэм япэувыныр Iэмал зимыIэт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а зэманым иджыри пщым и пщIэр кIуэдатэкъым, абы зэраныгъэ епщIылIэнри ягъэдурысыртэкъым.
Теккели и нэгъуэщI тхыгъэм къыхощ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэхуэсар икIи зы лъэныкъуэр адрейм иджыри зэрыхуэмыарэзыр. Дэ гу зылъывэдгъэтэну дызыхуейр абдежым щызэрахьэ унафэхэр утыку къыщипхьэфыну щытар Къэбэрдейпсо Хасэрауэ зэрыщытырщ. ЗэфIэна лъэныкъуитI зэгъэкIужын къалэныр и пщэ дэзылъхьэжу щытари апхуэдэ хасэшхуэхэрщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Нарт Хасэм Сосрыкъуэ и къарур щегъэлъагъуэ.
Адыгэ Хасэм уэрэдыжьхэри щызэхэпхырт.