КъэралитIым я чемпион Хьэпэ Заур

 Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.

Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн Хьэпэ Заур япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий ирикъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, Хьэпэ Заур гъуэм дагъэуващ.
Джэгум щIидзэри дакъикъибл дэкIауэ арат, Заур топ къыщыхудагъэкIам. ЩIэдзапIэр узэмыхъуэпсэнт. АрщхьэкIэ гъуащхьэтет щIалэщIэм къыдэджэгу нэхъыжьыIуэхэу Бэч Русланрэ Наурыз Басиррэ къыбгъэдыхьэри, къыжраIащ къэхъуаишхуэ зэрыщымыIэр икIи, адэкIэ нэхъ тегушхуауэ гъуэм дэтмэ, псори тэмэм зэрыхъунур. Апхуэдэуи къыщIэкIащ – джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ, Заури тренерхэм я щытхъу къилэжьащ.
Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри, Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ.
Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIалэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. 1989 - 1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалыр къихьащ.
 Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыщыджэгуа 1991 - 1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту 1995 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар ящыщ хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ.
2000 гъэхэм я пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4-м къищынэмыщIауэ, Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Ди къэралым и футболист нэхъыфI 33-м Заур щэнейрэ хабжащ.
Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ.
Хьэпэ Заур и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр ди редакцэм щигъэкIуащ. Абы и анэ ТIэш (Хьэпэ) Анинкэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) адыгэ газетым и корректору илъэс куэдкIэ лэжьащ икIи къызыхуигъэнэн щыщымыIэм и деж и къуэ цIыкIур «здигъэIэпыкъуну» къыщыздишэ щыIэт.
Адыгэм и щIыхьыр ди къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым Хьэпэ Заур щиIэтащ. Иужь илъэс пщыкIутIым ар Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ. А командэ цIэрыIуэм хэту нэгъабэ ещанэу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
Дохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ и цIэр фIыкIэ къраIуэу утыку итыну, и щхьэгъусэ Терезэ узыншэу къыкъуэту я бынхэу Лаурэрэ Артуррэ я насып ялъагъуну.

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: