ЩIалэгъуалэм я зэфIэкI щагъэунэху

    "Территория смысла" урысейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI. Ар мы гъэм къыщызэрагъэпэщащ Солнечногорск къалэм. Абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэгъуалэ гупи.
    Адрей гъэхэм хуэмыдэу, 2021 гъэм лIэужьыгъуитIу зэхэтщ форумыр. Абы и сэбэпкIэ зэхыхьэм ныбжьыщIэ нэхъыбэ къыхэша хъунущ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр къэунэхунущ.
    ШыщхьэуIум и 12 пщIондэ екIуэкIыну урысейпсо зэхыхьэшхуэр пIалъитхуу гуэшащ. Дэтхэнэми цIыху мин хэтщ, абыхэм ящыщу 350-р щекIуэкI щыпIэм щыIэщ, 650-р онлайну япыщIащ. Ар коронавирус уз зэрыцIалэм дызригъэува щытыкIэм дызыхуиша Iэмалщ. Форумым офлайнуи, онлайнуи хэтхэр япэ махуэм щегъэжьауэ щIэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, гуапагъэм, узыншагъэм я дунейм къыщохутэ икIи я гъащIэ псокIэ къахуэщхьэпэн куэд къыщащIэ.
    ГъэщIэгъуэнращи, ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх елъытакIэ езыхэм къыхахыу аращ щыкIуэну пIалъэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэхуэсыгъуэ къэс зытеухуа Iуэхугъуэ хэха иIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, пIалъитхум я цIэхэр мыращ - "Щэблэм я макъ", "Урысейр Iэмалхэм я къэралщ", "Урысейм щылэжьэн", "Политикэ: хэкIыпIэщIэхэр", "Хэкум хуэлэжьэн".
    Щхьэж и зэфIэкI къыщигъэлъэгъуэну нэхъ къищтэ утыкур къыхехри, макIуэ икIи и къэухьым зиужьауэ, гъэщIэгъуэн куэд къыщищIауэ къокIуэж.
    ЩIэныгъэ, егъэджэныгъэ утыкухэм нэмыщI, форумым кърагъэблагъэ къэралым щыцIэрыIуэ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр, щэнхабзэм и лIэужьыгъуэ куэдым щIалэгъуалэр хуагъасэ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: