Альпинист ныбжьыщIэхэр ягъэлъапIэ

    КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм шыщхьэуIум и 2-м зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ "Шынагъуэншагъэм и школ 202I" щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ Iуэхум и щIыналъэ Iыхьэм хэта щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Бадзэуэгъуэм и 28-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 2 пщIондэ Шхельдэ альплагерым щыIа ныбжьыщIыхэм иратыжащ "Альпинист России" бгъэхэIухэмрэ абы щыхьэт техъуэ тхылъхэмрэ.
    Альпинист ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм, КъБР-м зыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат жиIащ "Шынагъуэншагъэм и школ 2021" проектым Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхухэр зэрызэхуишэсар. А псори зэзыпх зы Iуэхугъуэ щыIэщ - я Хэкур нэхъыфIу зрагъэцIыхунырщ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, Iуэхум и пIалъэ зрагъэщIэным зэрыхуэпабгъэрщ, ныбжьэгъущIэ зрагъэпэщыну жэрдэм зэраIэрщ.
    Проектым хэтхэм я насып къихьащ альпинист, къегъэлакIуэ цIэрыIуэ, международнэ класс зиIэ Аккаев Азнаур и дерсхэм щIэдэIуну.
ЩIыналъэ Iыхьэу щытми, КъБР-м щыщхэм я мызакъуэу, мы проектым хэтащ Урыс географие зэгухьэныгъэм и щIалэгъуалэ клубым и лIыкIуэхэр. Ахэр Урысейм и хэгъэгуи 8-м къикIат.
    НыбжьыщIэхэм альпинист IэщIагъэм и щэху псоми зыщагъэгъуэзащ, бгы, джабэ куэдым дэкIуеящ, гугъуми, ар къызэмыхъулIа къахэкIакъым.
ЗэIущIэм щагъэлъэпIащ "Шынагъуэншагъэм и школ 2021" и щIыналъэ Iыхьэр къызэзыгъэпэщахэри, абыхэм иратащ КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр.

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: