ЦIыху мин 850-м тращIыхь

    Къэбэрдей-Балъкъэрым  зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэр процент 30-кIэ нэхъыбэ хъуащ 20I9 гъэм елъытауэ. Апхуэдэу, 202I гъэм и япэ илъэс ныкъуэм щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэу мин 459-рэ и хьэщIащ.
    КъБР-м зыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат зэрыжиIэмкIэ, дызэрыт илъэсым и кIэм щогугъ зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэр мин 800-850-рэ хъуну. «Ди гуапэ мыхъуу къанэркъым гъэмахуэ, щIымахуэ пIалъэ имыIэу, зыгъэпсэхуакIуэхэр куэд къызэрыхъур», - къыхегъэщ министрым.
    КъищынэмыщIауэ, иужьрей зэманым нэхъ щIэупщIэ  яIэ хъуащ транспорт хэхакIэ фIэкIа узэмыкIуэлIэф, гъуэгу здэщымыIэ щIыпIэхэм зыщагъэпсэхуным. Абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм IэмалыфI ягъуэтащ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыбэм зыщагъэгъуэзэну. Псом хуэмыдэу зыгъэпсэхуакIуэхэм яфIэфIщ Шэджэм аузым и щхьэм дэкIыну, «Долина Нарзанов», «Джылы-Суу» щIыпIэхэр зрагъэлъэгъуну. Бгы дэкIыным дихьэххэм нэхъ къащтэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Безенгирэ. КъищынэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэм и щыхьэрым - Налшык къалэм - зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэм.
      ЩоджэнцIыкIум зэрыжиIэмкIэ, хьэщIэщхэмрэ санаторэхэмрэ цIыхур щIэзщ. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр сакъыу къызэрагъэпэщ Роспотребнадзорым пщэрылъ къащищIхэм тету.                                 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: