Зэхъуапсэ ехъулIэныгъэ зиIэ къуажэШэджэм районым хыхьэ Щхьэлы-къуэ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ, боксымкIэ командэ къыхэхахэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъ Назаров Сергейрэ спортсменхэр я гъусэу. Боксёр ныбжьыщIэхэм щадэуэршэрым Фархутдиновым къыхигъэщащ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Щхьэлыкъуэ дэт спорт пэшым зыщызыгъэса щIалэ куэд къэралым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэрыщытар икIи республикэри къэралри хуэфэщэну дунейпсо утыкум къызэрыщагъэлъэгъуар. Абыхэм ящыщщ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 2, Урысей Федерацэм спортым и мастеру 35-рэ, Европэмрэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэмрэ къыщыхэжаныкIауэ е щытекIуауэ боксёрипщI, я ныбжь елъытауэ урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуа е къыщыхэжаныкIауэ 40-м нэблагъэ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|