IэщIагъэр псэкIэ къыщыхэпхкIэ…

Сабиигъуэм деж плъагъумрэ зэхэпхымрэ нэхъ гукъинэж хъу хабзэщ, цIыхум и хьэл-щэныр зэфIэувэнымкIи абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Бэтэх къуажэм щыщ Хъалил Залинэ къыхихыну IэщIагъэр а пIалъэм къриубыдэу гурыIуэгъуэ хъуат. 
Псом хуэмыдэу адэ-анэр пасэ дыдэу хэлIыфIыхьащ хъыджэбз цIыкIум игъуэтыну щIэныгъэм: Залинэ цIыкIу дыдэт и анэр (сабий гъэсапIэм и лэжьакIуэт абы щыгъуэм) инджылызыбзэкIэ усэхэм къыхуеджэу щыщIидзам, и адэрати (егъэджакIуэщ) глобускIэ дуней псом сабийр хигъэгъуазэрт - сыт хуэдэ къэрал укIуэми пщIэн хуей бзэр зыхуэдэр зэхагъэкIыу. 
Балигъ хъури, Залинэ щеджащ Stanton школым (Лондон), апхуэдэуи ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Пятигорск къэрал университетым зэдзэкIынымрэ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ и факультетым и магистратурэр. 2016 - 2017 гъэхэм Кадис университетми (Испанием) абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Зэрынэрылъагъущи, сабиигъуэм и тхьэкIумэм къиIуэу щыта инджылызыбзэм абы и гъащIэр ирипхащ, испаныбзэри абы дыщIигъуащ.
- Класс нэхъыжьхэм сыщынэсам шэч къытесхьэжтэкъым япэу зэзгъэщIэну сызыхуей хамэ къэралыбзэр сыт хуэдэрами – ар, дауи, инджылызыбзэт, - жеIэ Хъалилым. - Къапщтэмэ, си анэдэлъхубзэми увыпIэ хэха щеубыд си гъащIэм. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэм зэрызиужьамрэ игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ теухуауэ щытащ си диплом лэжьыгъэхэм языр. Сэ езым сфIэгъэщIэгъуэну абы селэжьыну къыхэсхат. ЕтIуанэрауэ, Испанием университетым сыщыщеджарат ари, ди лъэпкъым абы зэрыщыщымыгъуазэм къыхэкIыу ттеухуауэ зыгуэр захезгъэхмэ сфIэкъабыл хъуат. Испанием сыщыIэу абы щыгъуэм Лъэпкъ библиотекэм электроннэ пощткIэ закъыпысщIэу абы и IэщIагъэлIхэр си лэжьыгъэмкIэ къызэрыздэIэпыкъуауэ щытар сщыгъупщэжынукъым икIи фIыщIэ яхузощI.
Испание
- Испанием егъэджэныгъэр зэрыщызэтеухуар дыдейм къыщхьэщокI. Псалъэм папщIэ, абы магистратурэр зы илъэсым къриубыдэу къыщыбоух, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкIэ ар зыхуэмыгъэкъаруунум егъэджэныгъэр илъэситIым тригуашэ хъунуи щытщ. Дипломыр къузэратыж щIыкIэмрэ пIалъэмри зэтехуэркъым - дэфтэрхэр зэфIэхьэным илъэс ныкъуэм нэблагъэ ехь. Арами, сэ сыхьэзырт абы сыпэплъэну, сыту жыпIэмэ дипломым Iэ щIэзыдзыр езы пащтыхьращ. Андалусие пэгъунэгъу Атлантикэ хым и Iуфэм Iус Кадис пасэрей къалэм сыщыпсэуащ, ауэ зэрыхъукIэ нэгъуэщI къалэ, къуажэ цIыкIухэми сыщыIащ. Испанием щэнхабзэ къулей иIэщ, нэгъуэщI зыми хэмыгъуащэу.
Лондон
- Бзэ гуэр щызэбгъащIэкIэ ар зей лъэпкъым и хабзэхэми, щыIэкIэ-псэукIэми удахьэх. Сэ сыт щыгъуи Лондон сыхуэпабгъэрт. Арати, еджакIуэ сыкIуэну Iэмал къыщысхукъуэкIам сызэрыгуфIар къэIуэтэжыгъуейщ. ИнджылызыбзэкIэ тха тхылъхэм псоми Лондон къызэрыщыгъэлъэгъуар уэшхрилэу уфауэ апхуэдэти, згъэщIэгъуат дыгъэпсу ар къыщытпежьам. ЕджакIуэ сызэрыщыIа зэманым музейрэ щIыпIэ телъыджэ куэдрэ зэзгъэлъэгъунуи сыхунэсащ, апхуэдэуи Виндзор уардэунэмрэ Стоунхеджымрэ сыщыIащ. Уардэунэм зыщыщытплъыхьым ирихьэлIауэ пащтыхь гуащэ Елизаветэ II къыщалъхуа махуэшхуэм иращIэкIа парадыр кърикIуэрти, быдапIэм укъыщIэплъу абы ухэплъэныр гуимыхужт. 
Лондон сыщыщеджам иджыри зы хъуэпсапIэ сиIэ хъуащ: быдапIэ нэхъыбэ дуней псом щызэзгъэлъэгъуну. Хуэмурэ сыхущIокъу ар нэхуапIэ зэрысщIыным.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: