Кавказ макъамэхэр щоIуНалшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 25-м япэу къыщызэIуахащ KAVKAZ MUSIC FEST щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. - Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу кавказ макъамэ фестивалыр къыщызэзыгъэпэщахэм, ар зыгъэдахэхэмрэ и хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! ДэркIэ пщIэшхуэщ икIи ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ щэнхабзэ проект иныр ди щIыналъэм япэу зэрыщрагъэжьар. Къэралыгъуэм и махуэмрэ республикэм и юбилеймрэ ирихьэлIэу фестивалыр зэрызэхашам зэхыхьэм и пщIэр нэхъри егъэин, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, зэхыхьэр къыщызэIуихым. - Мыпхуэдэ пшыхь гуапэхэр IэмалыфIщ артист цIэрыIуэхэр нэхъри зэкъуэувэнымкIэ, хьэщIэхэр зэрыцIыхунымкIэ, зэпсэлъэнымкIэ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэнымкIэ. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм щыщхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм къыпызыщэщ мы щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|