Диным хэгъэзыхь хэлъкъым!Ираным Iэуэлъауэшхуэ щокIуэкI. ЦIыхубзхэм зыкъаIэтауэ, я щхьэфIэпхыкIхэр ягъэс. Сыт къэхъуар? ФокIадэм и I3-м курд лъэпкъым щыщ Iэмини Махсэ я благъэхэм я деж Тегеран хьэщIапIэ къэкIуащ. Илъэс 22-рэ ныбжьым ит хъыджэбзым, зэрыжаIэмкIэ, IэлъэщI телът, ауэ и щхьэцыр къыщIэщырт. Къэралым щылажьэ «Хабзэм кIэлъыплъ» полицэм хъыджэбзыр тутнакъэщым ишэри, удын къытрилъхьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, махуищкIэ яIыгъа Махсэ фэбжь телъхьэм къагъэлъэгъуащ абы къарукIэ зэреныкъуэкъуар. Ещанэ махуэм хъыджэбзыр щIалъхьащ. Полицэм зэрызиухеижым тепщIыхьмэ, Махсэ къызэраубыду къэмэхат. Ар зыщIаша, хъыджэбзхэм IэлъэщI зытелъхьэкIэ щрагъащIэ зэхуэсым зыри къыщращIакъым пщащэм. Сымаджэщым ямышэу щIэмыхъуа щхьэусыгъуэм теухуауи зыгуэрхэр къагупсысащ. Щыхьэтхэми благъэхэми зы жьэу жаIэ хъыджэбзыр зэраубэрэжьар, и лIэныгъэри абы къызэрыхэкIар. Iэмини Махсэ Курдистан щIыпIэм хыхьэ Саккез къуажэм къыщалъхуа, Ираным щыщ хъыджэбзщ. КъыщIаубыдам и щхьэусыгъуэр I979 гъэм екIуэкIа революцэм щегъэжьауэ, Ираным ис цIыхубз псоми IэлъэщI зытралъхьэну хабзэ укъуэдия зэрыщыIэрщ. «Хабзэм кIэлъыплъ» полицэр 2005 гъэ лъандэрэ щхьэхуэу мэлажьэ. Абы хэтхэм я къалэнщ цIыхухэм диным тету зэрагъэхуэпэныр, хамэ къэралхэм щыщхэм якIэлъыплъыныр. ЯIэщIэщIа икIагъэм я щхьэр зэрыхахыну къагъуэта псалъэухахэр сыт хуэдэ жыпIэмэ, «хъыджэбзым и IэлъэщIыр зэрыщытыпхъэм хуэдэу быдэу телътэкъым». «Хабзэм кIэлъыплъ» полицэм и лэжьакIуэхэр судым ирата щхьэкIэ, къэралым къыщыхъея Iэуэлъауэм кIуэ пэтми нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зеубгъу. ЦIыхубзхэм я IэлъэщIхэр зытрахыурэ утыкум щагъэс. Махуэ зыбжанэ хъуауэ цIыхухэр я унэм щIэзэгъэжыркъым, я лIыщхьэхэм я сурэтхэри блынхэм къыфIатхъ. Ираным щызэрахьэ ислъам къудамэр шиит къуэпсым хеубыдэ. ИтIани, «диным хэгъэзыхь хэлъкъым» псалъэухар зэрымыт КъурIэн щыIэкъым. Хъыджэбзым кIэлъызэрахьа гущIэгъуншагъэр мафIэ къызэщIэгъэстыпIэ яхуэхъуауэ, къэралыр къаугъэ нэхъ гуащIэм зэрыхыхьэр иужьрей махуэхэм нэхъри нэхъ нэрылъагъу мэхъу.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|