Адыгэшым и махуэр яубзыхуакIэщ

ЩэкIуэгъуэм и 9-м Адыгэ республикэм щызэхэт «Шу Хасэ» зэгухьэныгъэм, Адыгэ республикэм и гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым, «Адыгэ Хасэ – Черкесский парламент» зэгухьэныгъэм я нэIэ щIэту, Мейкъуапэ щызэхэтащ «Адыгэшыр – дунейпсо хъугъуэфыгъуэщ» стIол хъурейр.
 ЩIэджыкIакIуэхэм гу лъатэну дыхуейщ зэIущIэм и цIэм: «Адыгэшыр – дунейпсо хъугъуэфIыгъуэщ». Иджыри къэс лъэпкъыцIэр зезыхьэ псущхьэр хъумэныр къэралкIуэцI Iуэху къудейуэ щытамэ, иджы абы и фIагъым зэрызиубгъум къыхэкIыу, къару нэхъыбэ ирахьэлIэ щIэныгъэлIхэм.
 Дэтхэнэ лэжьыгъэри щефIакIуэр ар къэрал хабзэм къыбдиIыгъмэщ. Хамэ къэралхэми, Урысейм и кIапэ зэмылIыужьыгъуэхэми хъарзынэу щызэрахуэ ди лъэпкъышыр, итIани, адыгэр щыадыгэжкIэ, Iуэхум и лъабжьэр Хэкум епхауэ щытыпхъэщ. АдыгэлIрэ адыгэшрэ щыжаIэкIи, псэущхьэм дежкIэ нэхъыфIыр зыщIэр абы и лъэпкъэгъухэрщ. Адыгэ шыхъуэхэм я лэжьыгъэр къызэщIэубыдэныр, адыгэшым елэжьу хамэ къэралхэм щыIэ IуэхущIапIэхэм ялъэIэсыныр, лъэпкъыцIэр зезыхьэ псэущхьэм и пщэдейрей махуэр убзыхуныр, ар къэрал утыкум екIурэ ещхьу иша хъун папщIэ, шыхъуэхэм зыхуэныкъуэ псори яIэрыхьэныр – куэд мэхъу стIол хъурейм къыщаIэта Iуэхухэр.
 ЗэIущIэм и лэжьыгъэм кърихьэлIащ Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI Зайцев Александр, а IуэхущIапIэ дыдэм и къудамэу КЪБР-м щыIэ лабораторэм и и унафэщI, адыгэшыр къыхэтхыкIынымкIэ IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Амщокъуэ Хьэжысмел, Адыгэ республикэм и мэкъумэш хозяйствэмкIэ министрым и къуэдзэ Шопин Сергей, хасэ тхьэмадэхэр, зэгухьэныгъэм хэтхэр, къинэмыщIхэр.
 «Адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэр Урысейм и Iыхьэшхуэщ, - дыкъыщоджэ стол хъурейм ипкъ иткIэ къащта резолюцэм. - ЩIалэгъуалэм гъэсэныгъэ узыншэ игъуэтын папщIэ, тхыдэм и дерсхэм, абы къыщIэна щапхъэ дахэхэм щыгъуэзэным нэхърэ нэхъ щхьэпэ щыIэкъым».
 Шы лъэпкъыр езыгъэфIэкIуэну унафэхэр пхагъэкIыным зэкъуэту елэжьыну зэгурыIуащ зэIущIэм кърихьэлIахэр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ, адыгэш зезыхуэ псоми я махуэшхуэ ящIыну зыщIэхъуэпс Адыгэшым и дунейпсо махуэр зыхуэзэнымкIи щызэгурыIуащ стIол хъурейм. Адыгэ республикэм и правительствэм «Шу Хасэм» и лъэIур къабыл ищIмэ, дяпэкIэ ар ягъэлъэпIэнущ жэпуэгъуэм и япэ щэбэтым.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: