Кадетхэм яхуозэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ Бахъуэ Аслъэн «Нэхъыжьхэм я чэнджэщхэр» хэкупсэ Iуэхум хыхьэу яхуэзащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №7-м полицэм щиIэ кадет классхэм щеджэхэм.

Къэрал ныпыр школ пщIантIэм щаIэту зыщIадза зэIущIэр зэIухауэ екIуэкIащ. КъулыкъущIэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ IэщIагъэр къызэрыхихамрэ абы пыщIауэ къикIуа гъуэгуанэмрэ. АдэкIэ абы кадетхэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэм жэуапхэр яритащ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIащи, Iуэхур тещIыхьащ нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ нэхъри быдэу зэпыщIауэ щытыным, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным.

ЗэIущIэм и кIэухыу щIэблэм гукъинэж ящыхъуну сурэт зытрагъэхащ, - къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.

                                                               

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: