Хэщхьэж гупсысэхэр

ДЫЩЭКI Марие

 

ЦIыхум и гуапэ пщIыныр хьэл пхуэхъуамэ,

ГуфIэм удэгуфIэурэ уопсэу.

Игу зэрыхэбгъахъуэр фIыщIэ ищIмэ,

АдэкIэ хуэпщIэнми уогупсыс.

Ауэ щыIэщ цIыху, а хуэпщIэ псори

Къилэжьауэ фIэкI къызыщымыхъу.

Адыгагъэу лъысам зыгуэр пэкIуэу,

Езым къытехуэIауэ зигу къэмыкI.

КъысхуэмыщIэ ахэр къаплъэнэфми,

Ягу темыхуэу щытми гуапэ щIэн,

ФIыр зыгурымыIуэр, дауэ щытми,

Ар цIыху нэсу сэ схужымыIэн.

КъыбжаIэнщ уэ дахэ зэи, тIэуи,

ГукъэкI зэрумыщIри пхуашэчынщ.

Ауэ уэ зэгъащIэ, яIэщ пIалъэ -

ФIым пэмыджэр мэхъу Iыхьэншэ щIэх.

Дыпсэуатэм дигухэр зэхуэIэфIу,

Дяку дэлъ лъагъуныгъэр быдэ хъунт.

Дэ тфIэфI псом адрейр зэрыхуэныкъуэр

ТщIэуэ щытыгъамэ, сыт къэхъунт.

                             * * *

Мы нэщI мазэшхуэр псоми ягъэлъапIэу

ХъуэхъуфIкIэ зыр хуоупсэ адрейм.

Сыхуейщ абыхэм сэри саригъусэу

НэхъыфIу щыIэр ныфхуэзгъэфэщэн.

Сыхуейкъым, щремыт ар фэрыщI псалъэу,

ГъэщIэрэщIагъэ лъэпкъи хремылъ.

Гум имылъ лъэпкъи хремыт а хъуэхъум -

СолъэIур Тхьэшхуэм фхухъу ар фэ къабыл.

Сыхуейщ фи унэм щытепщэну зэгурыIуэр,

Шхын IэфI дапщэщи щрехъу пэрыхьэт.

Кърехъу фи бынхэр я нэгу цIыкIухэр гуфIэу,

Фыкъэзылъхуахэр фхурехъу арэзы.

КъэхъункIэ хъунщ мы гъащIэм фигу зыуIэ -

Дэ дызыхуейуэ псори къемыкIуэкI.

Ауэ фыхуэмейуэ щытми екIуэкI Iуэхум,

Фэ фи щхьэм хуэвгъэфащэр зэвгъэщIэж.

ФыкIэлъыплъыж фи псалъэм, фи IуэхущIафэм,

Зэран къыфхуэхъужыным зыщывдзей.

Гуапагъэ щIэным нэхъ тынш щыIэу сщIэркъым,

А тIэкIур хьэлъэ зэи къыфщремыхъу.

Къыщремыхъу фи унэм сымаджагъэ,

Къалъху къилъхужаи тутнакъ иремыхъу.

КъахремыкI ныбжьэгъухэм епцIыжакIуэ,

Фи бынхэм фи пщIэр яIыгъын Тхьэм ищI.

Мы мазэ лъапIэм къыдэкIуа насыпыр

Фи жьэгум зэи мыкIуэду ирырелъ,

ФIы зигу илъ цIыхухэм я мурад зэщIэну

Сыныфхуохъуахъуэ, ухъу ар угъурлы.

                             * * *

Саугъэт лъапIи тыгъэ гуэри

Мы мазэ лъапIэм фхуэзмыщIыф.

Ягу фIы къыфхуилъу, псэм фыпащIу

Щымытмэ ахэр сыту фщIын?

Сеуэнщи, ныфхуэсщIынщ сэ тыгъэ,

Мы дуней псом щыфхуэну гу,

ХэщI пэтми, нэхъри къыхэхъуэжу,

ФIылъагъуныгъэ мыухыж.

Щрет фи унэр псэ тыншыпIэу,

Къыщремыхъу абы гухэщI,

ФыщIыхьэжамэ, фи гур хэхъуэу,

КъыщIыкI къывэжьэу хъыбарыфI.

Сыхуейщ фIыуэ флъагъухэр фхуэпсэуну,

КъыфхуащIу пщIэшхуэ, щIыхь, нэмыс,

Сыхуейщ влэжьыну IуэхуфI Iэджэ,

Къыфхуихьу хэхъуэ, мылъку, берычэт.

ЦIыху псори зыгъэщта зауэжьыр

Мы нэщI мазэшхуэм дрекIуэд,

Я псэр узыншэу, бийм текIуауэ,

Ди бынхэр унэм кърекIуэж.

                             * * *

ФIыри Iейри щызэхэухуэнауэ

ГъащIэкIэ зэджэжыр идохьэкI.

ТIури куэдрэ имыгъэунэхуауэ

Дунейм зы цIыху тету уэ жыIэф.

И гур игъэбыдэу, лъэр щIэмыхуу

ЯпэкIи псэуфым и насыпщ.

КъехъулIа IуэхуфIхэм ирахьэжьэу

Хъумэ дэпсэлъей - ар емыкIухьщ.

ГъащIэм дэнэ щIыпIэ уэ пхуищIами,

Тхьэшхуэм и Iэмырщи, хъу бэшэч.

НэхъыфI хуэщIыжыну къару иIэу

Хуитыр Тхьэшхуэращи, девгъэлъэIу.

                             * * *

Зыр адрейм зэран дыхуэмыхъуу,

Тхузэрымыгъэгъуэт гуэрхэм дыщIэмыбэну,

Зэпэдубыдын лъэпкъи ди зэхуаку дэмылъу,

ЯмыуфIея лъагъуныгъэм ди гукъыдэж иIэту,

ЗэщамыгъэIея псэхэр щызэхуэбзэIэфIу,

Зым и псэм адрейр хуэсакъыу,

Гуауэ зиIэр адрейм къихъумэу,

Зым фIыгъуэ къехъулIэмэ, адрейр мыфыгъуэу,

ФIыгъуэр куэду зэIытщIэрэ и щIэм дынэмысу,

Куэдрэ дыпсэуамэ, нэхъ насып дыхуейт?

                             * * *

Ди унэр нэхурэ хуабэу,

Ди шхыныр хъушэрэ маеу,

Ди пIэщхъагъыр щабэрэ тыншу,

Ди Iэпкълъэпкъыр псынщIэрэ щIэлъэту,

ФIыуэ тлъагъухэр къажэу, къаплъэу,

ТыгъэфIу щыIэм дыхагъадэу,

Ди узи ди лажьи кIуэдауэ

Мы мазэр итхыну АМИНЬ!

                             * * *

Ди япэ джалэм дыщIэвмыгъэнакIэ,

Ди кIэ къихуэр ауан дывмыгъэщI.

Нобэ ди Iуэху хуэхъумэ, пщэдейрейр хэт зыщIэр -

ГъащIэм къыдищIэнур хэт и дежкIи щэхущ.

Сыт хуэдэ зэманри дахэу тхуехьэкIыну

НатIэм къритхауэ къыщIэкIам арат.

Зэхуэдабзэщ дылIэм тхухаха щIы Iыхьэр,

Ди ахърэтыр дахэ хъуну къыщIэукI.

                             * * *

ХабзэфI зытрахыр нэхъыжь пашэщ -

Лъэпкъыр нэхъыжьыншэ Тхьэм димыщI.

Унэр зыгъэпудыр цIыху мыдаIуэщ -

ЩхьэзыфIэфIхэр Тхьэм къытхимыгъэкI.

Былымыбэ бгъуэткIэ умыпагэ -

Пагэм цIыхухэр хуэмыарэзы.

ЦIыхум я нэхъыкIэу ябж бзэгузехъэр -

Зи бзэм, зи щхьэм хуитын Тхьэшхуэм дищI.

Удын зыхуэфащэр бзаджэнаджэщ -

Ар тIысэгъуи благъи Тхьэм тхуимыщI.

Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уянэр гъынущ -

Гъусэ тэмэм ди Тхьэм къыдипэс.

Щытхъу зымыIуэтэфыр фыгъуэнэдщи -

Узыщытхъу хъун куэду Тхьэм къыдит.

 

ГъащIэм къыхэсха Iущыгъэхэр

НэхъыфIу лъагъу уэ нэхърэ нэхъ цIыху ябгэу жаIэр,

Дзэлыфэ зытI фэрыщIым нэхърэ ар нэхъыфIщ.

Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэхэм я псалъэм

Нэхъ мащIэу хэлъщ хьилагъэ, щхьэхуещагъ.

                             * * *

Егъэлеяуэ дзыхь хуумыщI уэ хэти.

Диным уикIауи фIыуэ умылъагъу.

Лей къыпхуищIэну ущымыгугъыт зыми,

А псор зэгуэр къоузыжынкIэ хъунщ.

                             * * *

Къысхуэвгъэгъу зыгуэрым лей есхамэ,

Къысхэлъхьэ лIыгъэ ар згъэзэкIуэжыну.

Щрет зыгуэрым къищIауэ си жагъуэ,

Хуэзгъэгъуфыну ар уэ схуэгъэшэч.

                             * * *

ЦIыхур къэпцIыхуным

Хэлъкъым гугъуехъ лъэпкъ.

ФIагъыу абы хэлъыр

И гущIэм щопсэу,

Дахагъэу хэпщахэр

Нэм нуру къыщIех,

Дунейм щилэжь фIагъхэр

И Iуэхухэм къыхощ.

                             * * *

Акъылыншэм ущиен щIидзамэ,

Дуней псор купщIэншэу шэч уегъэщI.

Ауэ губзыгъэм и хьэр къодзэкъами,

Мы ди щIыгур жэнэт хъуа къыпфIощI.

«Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэ усэхэр зи къалэмыпэм къыпыкIа ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур ди республикэм щыцIэрыIуэ цIыхущ. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэ Марие илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрытащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм. Апхуэдэу ар Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм дэс цIыхубзхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэщ. Марие егъэджакIуэ Iэзэ, гъэсакIуэ гумызагъэ, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр къудейкъым. Абы и къалэмыпэм, методикэ тхылъ купщIафIэхэм ящIыгъуу, къыщIокI усыгъэ дахи. НэщI мазэ лъапIэм къриубыдэу ДыщэкIым псэм къыбгъэдэкIыу итха усэ сатырхэм ящыщхэр, «Хэщхьэж гупсысэхэр» фIэщыгъэм щIэту, ди газетым мызэ-мытIэу къытехуащ. Нобэрей къыдэкIыгъуэм тетхэри абыхэм ящыщщ.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также: