ЩIакхъуэ Iыхьэ тыншу къалэжьрэ?

Сабийхэм папщIэ
ЛIыжь мэкъумэшыщIэр, мэш къихыу здитым, ешри етIысэхащ. И хъуржыным иIэбэщ, щIакхъуэ Iыхьэ кърихри, едзэкъащ. Ар зылъэгъуа дыгъужь ныбаблэр пIащIэу мэзым къыщIэкIщ, къыбгъэдыхьэри, къеупщIащ:
- Ей, цIыху, сыт мы пшхыр?
- ЩIакхъуэ, - зэрышхэм хуэдэурэ лIыжьым жэуап иретыж.
- ЩIакхъуэр IэфI?
- Ауэкъым!
- Сегъэдзакъэт..
- Мэ, - лIыжьым и щIакхъуэ Iыхьэм къыпищIыкIри, дыгъужьым иритащ.
Дыгъужьым, дауи, игу ирихьащ щIакхъуэр.
- Махуэ къэс сшхынт щIакхъуэ, ауэ дэнэ къыздисхынур? КъызжепIэн?
- Хъунщ, уезгъэсэнщ щIакхъуэ зэращIым. Мыдэ къэдаIуэ:
Псом япэрауэ щIыр бвэн хуейщ.
- ИтIанэ щIакхъуэ къэкIыну? – жи дыгъужьым зэрыпIащIэр плъагъуу.
- Зэ умыпIащIэ. ИтIанэ щIыр бгъэщэбэнущ.
- ИтIанэ сшхы хъуну?
- Дауэ зэрыпшхынур. Жылэр хэщIэн хуейкъэ?
 -ЩIакъуэр хьэзыр хъуа?- зэIуробзае дыгъужьыр.
- Иджыри уопIащIэ. Жылэр къикIыкIауэ щIымахуэ тохьэри, гъатхэ къызэрихьэу къокI, итIанэ хьэщхьэвылъэ ищIу щIедзэ, щхьэмыжыр мэхъу..
- Уэху, сыту куэдрэ уежьэн хуей, - хощэтыкI дыгъужьыр. - ИтIанэ си Iуэхущ срикъуху щIакхъуэ сымышхмэ. 
- Дауэ зэрыпшхынур? Пасэщ иджыри. ЯпэщIыкIэ гуэдзыр  пхын, къэхыжын, ар дыгъэ гуащIэм щыгъэгъун хуейщ.
- ЩIакъуэ щысшх хъунум сынэса?
- Сыту утепыIэншэ езыр. ИтIанэ щхьэлым бохьри, бохьэж.
- Духа итIанэ?
- Хьэуэ иджыри. ХьэжыгъэмкIэ хупцIынэ зэхэпщIэу къэбгъэтэджын, итIанэ хьэку пщтыркIэ бгъэжьэн хуейщ.
- Абдеж щIакхъуэр хьэзыр хъуа?
- Хъуащ! Мис итIанэ урикъуху щIакхъуэ пшхы хъунущ.
Дыгъужьыр зэрыхэгупсысыхьыр плъагъуу, кIэбдз лъакъуэмкIэ и щхьэ щIыбым щIэтIэхъуащ.
- Хьэуэ, ар сэркIэ лэжьыгъэшхуэщ, куэд дыдэрэ сежьэн хуей хъунущ сышхэн щхьэк1э. Абы нэхърэ нэхъыфIщ, тыншу сшхын къызэрызгъуэтын къызжеIи.
- НтIэээ, гугъу уехьыну ущыхуэмейкIэ, хъупIэм кIуэи абы щыхэпщ шыжьыр шхы.
Дыгъужьым куэдрэ зимыIэжьэу хъупIэм кIуащ, пэжу шыр итт.
- Ей, пщIэгъуалэ, усшхыну сыкъэкIуащ.
- Сыт сщIэн, сышх, ауэ, япэщIыкIэ си налхэр къыщIэх, сыщыпшхкIэ уи дзэхэр имыкъутэн хуэдэу.
- ЖыпIэр пэжщ, шы дахэ, - жиIэри, дыгъужьыр шым и щIыбагъымкIэ къыщыдыхьэм, мор зэрифэщкIэ къызэуэкIри, дыгъужьым и дзэхэм техуэу къеуащ. Дыгъужьыр къэпщIэури, макIуэ–мэлъей.
Псыежэхым деж жащ. Плъэмэ, абы и Iуфэм къазхэр щохъуакIуэ. «Мыхэр сшхы щIэмыхъур сыт?» йогупсыс ар.
- Ей къаз хужьхэ, фысшхынущ иджыпсту, - жи.
- Сытыр ди Iэмал, дышх, ауэ ди псэр хомых щIыкIэ ди лъэIур тхуэгъэзащIэ.
- ЖыфIэ!
- Уэрэд къыджеIэ, дэ дынодэIуэнщ.
- Ахьейми нывжесIэн, сэ ауэми дахэу жысIэрэ уэрэд.
Дыгъужьыр и кIэбдз лъакъуитIым тетIысхьэри, къугъун щIидзащ.АпщIондэху къазхэм я дамэ лъэщхэр яутхыпщIри, лъэтэжащ.
Дыгъужьым уэрэд жыIэн щиухам къазхэм лъагэу заIэтыжат. МакIуэ адэкIэ, и щхьэм хуэшхыдэжу. 
- Сызэрыделэ! Си уэрэд къэтт сэ?.. Иджы япэу къысхуэзэр сшхынущ!
Ар жиIа къудейуэ плъэмэ, лIыжь гуэр гъуэгум кърокIуэ. Дыгъужьыр абы бгъэдэлъадэри:
- Ей дадэ, гъуэгу мыгъуэ укъытехьат нобэ,иджы усшхынущ, - жреIэ.
- Сыт апхуэдизу ущIэпIащIэр? Дегъауи япэщIыкIэ тутын зырыз дегъафэ.
- Тутыныр IэфI?
- Еплъи къэпщIэнущ.
- Къащтэ.
Дадэм тутынылъэр къыдихри, езыри епэмащ, дыгъужьми иритащ. Дыгъужьыр зэрифIэщкIэ екъури… Мэз псом зэхамыхауэ си фIэщ хъуркъым ар къызэрепсар. Зы сыхьэткIэ зэпымыууэ къепса хъунщ. ЗыкъищIэжрэ зиплъыхьмэ, лIыжьыр бгъуэтмэ къащтэ. Сыт ищIэнт, адэкIэ ежьащ. КIуэм-лъейм, кIуэм-лейуэрэ, мэл гуартэ ирихьэлIащ. Мэл нэхъ пшэр дыдэр хиубыдыкIри, къиубыдащ:
- УкъысIэрыхьа! Усшхынщ сыномыплъу.
- Сытыр си Iэмал, сышх. Ауэ си къупщхьэ быдэхэр пхуэмыгъэныщкIуурэ гугъу уемыхьын хуэдэу, модэ мо кумбым иуви уи жьэр ину къэущI, сэ джабэм сыкъытеувэнщи, сыкъажэурэ уи жьэм сыжьэдэпкIэнщи, сыпшхагъэххэщ.
- Сыту чэнджэщыфI къызэпта. ТщIынщ апхуэдэу, - жи дыгъужь мэжэлIам.
Кумбым и жьэр ущIауэ иуващи, йожьэ. ТIыр джабэм дэкIщ, зэрифIэщкIэ къыщIэпхъуэри и бжьакъуэхэмкIэ дыгъужьым и щхьэм техуэу къеуэри, къриудащ.
Дыгъужьым зыкъыщищIэжам зыри ищIэжыртэкъым.
- Догуэт, мэлыр сшхат, хьэмэ?..
Абы ирихьэлIэу мэшыр Iузыхыж лIым и лэжьыгъэр иухауэ къэкIуэжу кърихьэлIащ.
- Мэлыр пшхакъым, ауэ тыншу ушхэфынрэ умышхэфынрэ къэпщIащи, ари хъарзынэщ, - жиIэри и гъуэгу пищэжащ. 
Украин таурыхъхэм щыщщ.
Сурэтыр Бонни Марисс ейщ.

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: