Зэрызыхуагъазэм къыщыгъэлъэгъуахэм хоплъэКъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ-хьэм и Президиумым хэтхэм я зэIущIэ. Депутатхэм яубзыхуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ, зэрылэжьэну планыр. КъБР-м и Парламентым Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ къызэрыхигъэщамкIэ, планыр Зэрызыхуагъазэм къыщыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ятещIыхьауэ зэхалъхьащ, ар пункт 25-рэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, абы хэтщ законхэм я проект зыбжанэ зэрагъэхьэзырынур, «правительствэ сыхьэт», «комитетым и сыхьэт» зэIущIэхэр, «стIол хъурейхэр», комитетхэм я зэхуэс къызэрыгуэкIхэмрэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIхэмрэ, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|