ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым

Тхыгъэ кIэщIхэр

ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу къызэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэрыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр хащ1ыхьу щыта! ДыщэрыдэкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэ хадыкIырт.

 

Гъуджэм къищым…

ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI – ухуеймэ зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу дапщэри уэ ущытыфу пIэрэ?

 

Шагъдий

Шагъдийр сытым къытекIрэ жыпIа? Абы къикIыр «шыгъэр лъэдийм щыIэщ» жиIэу аращ. Адыгэхэм япэм шыр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: шыр къагъажэурэ фIы дыдэу еша нэужь, абы и фIалъэм лъакъуэкIэ хущIэуэрт. Шы лъакъуэр щIэщIамэ, ар шагъдийуэ къалъытэртэкъым.

Теунэ Хьэчим.

 

Поделиться:

Читать также: