Джэдгъэф Чэмал домбеякъ медалыр къехьШахматхэр
Джэдгъэф Чэмал домбеякъ медалыр къехь
Ди къэралым шахматхэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуащ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр. Ар щекIуэкIащ Владивосток и гъунэгъу Урысей хытIыгу щIыпIэм. Мыбы хэтащ щIыналъэ 21-м къикIа шахматист 32-рэ. Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиубыдри, домбеякъ медалыр къратащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ щыцIэрыIуэ Джэдгъэф Чэмал. Фигу къэдгъэкIыжынщи, абы 2021 гъэм дунейпсо чемпионатми ещанэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. ТIэунейрэ Урысейм и чемпион хъуащ – 2015, 2021 гъэхэм.
Атлетикэ псынщIэ
Кубаев Сабир и етIуанэ увыпIэ
"Зэныбжьэгъугъэм и Кубок" зыфIаща саугъэтыр къэхьыным теухуауэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Новгород Ищхъэрэ.
Атлетикэ псынщIэм хыхьэ лIэужьыгъуищкIэ зэпеуащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я спортсмен 300-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ цIыхуиплI абы хэтати, ди щIалэ Кубаев Сабир етIуанэ увыпIэр къихьри, дыжьын медалыр къратащ. Ар егъасэ атлетикэ псынщIэмкIэ спортым и мастер Зенин Сергей.
Картинг
Ди щIалэхэр хуэмыхуакъым
Курск къалэм Урысейм и чемпионатым и кIэух зэпеуэхэр щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абыхэм ещанэ увыпIэр къыщахьащ. Ахэр Тырныаузрэ Нарткъалэрэ щыщхэу Филков Никитэ, Салпагаров Адей, Башиев Къуанч сымэщ. Щхьэзакъуэ зэпеуэр къапщтэмэ, Нарткъалэ щыщ ЗэшэкIуу Жэмал япэ увыпIэр къихьащ.
Ди командэм и унафэщIхэр Уэлджыр Аскэрхъанрэ Бабенкэ Алексейрэщ. Спортсменхэми я гъэсакIуэхэми фIыщIэ ин хуащI Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм. ЗэрыжаIамкIэ, абыхэм зыкъыщIамыгъэкъуамэ, мы зэхьэзэхуэм кIуэфынутэкъым.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 16:33 →
Гуп зэпеуэм щыяпэщ
02.05.2024 - 14:21 →
Медаль тIощIрэ бгъурэ
02.05.2024 - 14:15 →
Дыщи домбеякъи къахь
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
|