Дадэ нэху

Ди еджапIэм и щIыбагъымкIэ топджэгупIэ ин иIэщ. Абы и хъуреягъкIэ жыг сатырхэр дахэу щагъэкIащ. Лъэс зекIуапIи мывэ джафэкIэ ящIауэ кIуэцIрокI. Жыгей мэз цIыкIум хуэдэщ, зыщыбгъэпсэхуну, къыщыпкIухьыну тхъэжыгъуэщ. Iуащхьэ щхьэгуэм сыдэкIуеяуэ къызолъагъу, лъагъуэм тету зы дадэ, нану къызэрырашэкI гу цIыкIуи иIыгъыу кърикIуэу. НыбжьыфI зиIэ дадэ зэщIэкъуа, быдэу ету зытедза джанэ-гъуэншэдж щыгъым зы упIышкIугъи имыIэу, хужьыбзэу тхъуа и щхьэц щабэри дахэу ежьэкIауэ. Гъунэгъу къыщыхъум, гуфIэжу гу цIыкIум ис нану дыгъэм сыIуплъащ. Илъэсым щIигъуами арагъэнт. Джэгуу, езым и уэрэд къришу илът ар гу цIыкIум. Схуэмышэчу сыщыгуфIыкIащ. МыцIыхуи сыкъимыщIу, и нэ цIыкIухэр къысхуипIытIурэ нэхъри къызэролэ дзадзу нэхур. Зи къудамаблэм пыт тхьэмпэшхуэхэмкIэ жьауэ зыщI жыгышхуэм деж къэувыIащ дадэр. Шэнт лъахъшэ зэкIуэцIылъыр гу лъабжьэм къыщIихри игъэуващ. Нанур къищтэри епсалъэурэ и куэщIым иригъэтIысхьащ. И щIэлъыныр зрихъуэкIри икIи игъэшхащ. Дадэр мыувыIэу нанум еубзэрабзэрт. Ауэрэ и бзэрабзэр гущэкъу уэрэдым хуэкIуащ. Куэд щIауэ апхуэдэу псэм ехуэбылIэу нану уэрэд зэхэсхатэкъым.
Дэгызэу щыта цIыхубз дахэшхуэхэу хъыбарыжьхэм къыхэщыжхэр сигу къигъэкIыжащ «Си нэм и щIасэ, си псэм и хъуахуэ, дыщэ зэрылэу дэ къыдита, фом я нэхъ IэфIурэ, дызыгъэгушхуэурэ, ди щIалэ кIасэурэ Тхьэм къыдипэса...» Апхуэдиз лъагъуныгъэ хэлъу дадэм а едзыгъуэр жиIэрти, си нэпсхэр схуэмыубыду къысфIежэхащ. ГъащIэр пхуэзыгъэхуабэр - адэ-анэ, нэхъыжь уи жьэгум дэсыхущ, абы я IэфIыр зыхэзыщIа нанухэм я псэр, я гур щызу, цIыху ныкъуэу замыбжыжу дунейм тетынущ.
- Мыр си къуэрылъху еплIанэщ, - жеIэ дадэм, и нэ жан цIыкIухэмкIэ къызэплъурэ. - Псори си Iэгум испIыкIащ. Си щхьэгъусэр пасэу скIэрыхуащ. Зы къуэ закъуэ сиIэу аращи, къулыкъущIэщ, хущIыхьэркъым. СхузэфIэкIымкIэ зыщIызогъакъуэ. Си нысэр нысэфIщ, гуапэщ, гулъытэ къысхуещI, дауэ абы сызэрыдэмыIэпыкъунур!
Нанур жеят. И шэнт цIыкIур къищтэжри дадэр ежьэжащ хуэмурэ.
Щхьэщэ пхузощI, дадэ дахэ. Яхуэпсэу уэ куэдрэ уи бынхэм. Уэ ураIэху, абыхэм я дунейщ, я насыпщ.
 
Сабиигъуэм и лъэужь
Пщэдджыжь нэхущым сежьащ бгыщхьэм сыдэкIыну. Джабэ лъапэм сыщынэсам, ди хьэ Пэрийри къыскIэлъысат. Си дэлъху Мухьэмэд гузавэрт: «Iэу, зиунагъуэрэ, джабащхьэм уи закъуэу дауэ къызэрыщыпкIухьынур!» - и нэхэм къаIуатэрт и гум илъыр. Сыдыхьэшхащ, къызгурыIуат хужымыIар: усабиижкъым, къокIуркъым, жыхуиIэу арат.
Шыбадзэ нэгъунэ сигу къэкIат. ЛъапэкIэ сызытеувэ удз цIыкIухэм зезгъэзыхыурэ Iэ ядэслъэрт. Хьэуар апхуэдизкIэ къабзэти, щхъуантIэу бгыхэм къытелъу плъагъурт. ЩIымэракIуэ цIыкIухэр ныкъуэхъуу къыхэплъхэрт. Удз щхъуэкIэплъыкIэ псоми ебэкIырт гъуэжьхэр. ДыгъэпскIэ зи ныбэ из хъуа удз гъуэжь цIыкIухэм нэкIукIэ сыхэгъуалъхьэрт. Зыми хуэмыдэщ, зэи уи лъым хэмыкIынщ укъыщыхъуа щIыпIэр. Псы хуэлIам хуэдэу, зесшэкI пэтми, зыщызгъэнщIыртэкъым ди джабэм, ди сабиигъуэ IэфIыщэу зэи къэзымыгъэзэжынур, зы напIэдэхьеигъуэкIи къемыплъэкIыжынур щыдгъэкIуа ди щIыпIэ дахащэм. ГъэщIэгъуэну щымт джабащхьэр. Бадзэ лъатэм и макъыр наIуабзэу щызэхыбох, мэшбэв цIыкIухэм щабабзэу къыщажыхь уи лъабжьэм. Пэрий къызбгъурытщ. Абыи къыгурыIуэм хуэдэт си щытыкIэр, зэран къысхуэхъуртэкъым. Зэзэмызэ къыдэплъейуэрэ си нэм къыщIэплъэрт, сэ сыбдэщIыгъущ, умышынэ жыхуиIэт. Зи гъащIэр ди унагъуэм къыхуэпэжу езыхьэкIа Пэрий мыбдежми сыкъихъумэрт.
КъызэхэскIухьащ ди бгыщхьэр, сызытеувэр сфIэбэмащIэу, IэфIу, жьы къабзэр си нэгум къиту, дыгъэпсымкIэ зызгъэпскIыу, бзу цIыкIухэм я уэрэдхэм саIэту, уафэ къащхъуэр нэхубзэу къысщхьэщыту. Гъуни нэзи зимыIэт ди щIыналъэ дахащэр. Си гум жьы дихуащ. Си псэм зигъэпсэхуащ. Пшапэр щызэхэуэм, сыкъежьэжащ сыкъехыжыну. Зызгъазэри, ихъуреягъкIэ хуиту зысплъыхьыжащ. Мы дакъикъэр зэи къызэрытримыгъэзэжынур, мы сэ къэслъыхъуэ сабиигъуэр жыжьэу зэрыIукIуэтар зыхэсщIэу, итIанэми абы и лъэужьым дызэригъэхуабэм сригуфIэу сыкъехыжащ.
Мухьэмэд къыгурыIуат си щытыкIэр. Ар зыкIи къызэупщIакъым. 
И лъэпагъым сигъуалъхьэри, IэфIу сыжеящ, адэ-анэм, адэжь лъахэм я хуабагъэр дэлъху дыщэм и деж щызыхэсщIэу.
 
Багъ Марьям.
Поделиться:

Читать также: