Хъуэхъу псалъэхэр

Пщэдджыжьым зэхуэзэмэ,  «Уи пщэдджыжь фIыуэ!» жаIэ.

Махуэм зэхуэзэмэ,  «Уи махуэ фIыуэ!» – жаIэ. Пщыхьэщхьэм зэхуэзэмэ,  «Уи пшыхь фIыуэ!» – жаIэ. Пщыхьэщхьэм (жэщу) щIэкIыжым унагъуэм яжыреIэ: «Фи жэщ фIы ухъу!» е «НэхулъэфI фыкъикI!».

ЖызыIар нэхъыщIэмэ,  «НасыпыфIэ ухъу!» е «ГъащIэ кIыхь ухъу!» – къыжраIэж.

ЖызыIар нэхъыжьмэ, «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» – къыжраIэж.

Гъуэгу техьэм «Гъуэгу махуэ!»  жраIэ.

Зипхъу яшам, – «Лъэдакъэ махуэ Тхьэм къыфхущинэ, лъапэ махуэ Тхьэм иригъэхьэ!» – жраIэ.

ЗыхэлIыкIа лъэпкъым ящыщ зыгуэрым щыхуэнэщхъейкIэ: «Тхьэм фщимыгъэгъупщэкIэ, и ужьыр махуэ Тхьэм фхуищI, Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу!» – жраIэ.

Къалъхуам щхьэкIэ, – «Фхуэпсэу, гъащIэ кIыхь ухъу! Псэ быдэ ухъу!» – жаIэ.

Зауэм къелу къэкIуэжам, – «Плъэгъуар пIуэтэжу, апхуэдэ лажьэ умылъагъужу куэдрэ дунейм Тхьэм утригъэт!» – жраIэ.

Щауэр зэкIуэлIам е нысэр зрахьэлIам, – «Уи къаным и хъер улъагъу!» – жраIэ.

Iэщ къащэхуамэ, – «Хъер тхьэм пхуищI!» – жраIэ.

«Хъер хъун Тхьэм къуитI» – къажреIэж.

Жэм къащэхуами нысэ къашами, – «Къуэбын-щэбын Тхьэм пхуищI!» – жраIэ.

И Iэщ лIамэ, – «Пхуэщын Тхьэм къуитыж!» – жаIэ.

И Iэщым хутыкъуауэ зыгуэр къыщыщIарэ абы щхьэкIэ иукIыжауэ ищэмэ, – «УасафIэ Тхьэм пхуищI» «Пхуэщын Тхьэм къуитыж!» – жраIэ.

«Пхуэщ хъун Тхьэм къуит!» – жраIэж.

ЩыгъыныщIэ къищэхуамэ, – «ФIыкIэ улажьэ, нэхъыфIкIэ щыухыж! Угъурлы ухъу!» – жаIэри йохъуэхъу.

Зыгуэр зыфIэкIуэдауэ лъыхъуэм, – «Уи насып Тхьэм химыхкIэ, Тхьэм къуитыж!» – жаIэри йохъуэхъу.

Махъсымэр фалъэшхуэкIэ къекIуэкIыу щрафым деж, изыфыр и гъунэгъу къыкIэлъыкIуэм еджэжырт, – «Тхьэ къуитщ!» – жиIэрти. Адрейм, – «ГъуэгуфIщ», – жиIэжырт.

ЩIалэм щыгъыныщIэ къищэхумэ, – «Къыриушэ», – жраIэ.

Хъыджэбзым щыгъыныщIэ щитIагъэмэ, – «Ураушэ», – жраIэ.

Фыз къэзыша щауэм, – «Уи пыIэ угъурлы ухъу!» – жраIэ, ныбжьэгъухэм, – «Тхьэм жьы фыздищI!» – жраIэ.

Зи щхьэ яупса щIалэм, – «Бэрэупс!» – жраIэ.

ЩэкIхэкI, щыгъыныпхъэ, щыгъын сыт хуэдэ зытым, – «Джылъу Iулъым хуэдизыр уи гъащIэ, уи насып ухъу!» – жраIэ.

Тыгъэ гуэр зыхуащIам и ныбжьэгъухэм, – «ФыкърихьэлIащ, ямыгъуэт ятыжкъым!» – яжреIэ.

«Былым тегъуатэ пхухъу» – жаIэри жэуап къратыж.

ХьэщIэм бгъэдэсауэ, сэлам езыхауэ щIэкIыжыр къыхуэмызэжынумэ, – «Уи хьэщIэгъуэ фIы ухъу!» – жеIэри щIокIыж.

Зы заул щIауэ щымыIауэ къэкIуэжам, е куэд щIауэ ямылъэгъуам, – «Уи лъагъуж фIы ухъу!» – жраIэ.

И унэ кIуэж хьэщIэм, – «Унэ лъащIэфI тхьэм урихьэж», – жраIэ.

Илъэсым зэ нэхъ къэмыхъу махуэ лъапIэхэм Iэубыд къэзыкIухь щIалэгъуалэми, цIыкIухэми, нэгъуэщIхэми, – «ЕтIанэгъэ пIалъэм фIыкIэ фыныс!» – жаIэурэ къакIухь.

ЩIалэгъуалэм, нэхъыщIэ цIыкIухэм хъуэхъу псалъэу жраIэхэр: «НасыпыфIэ ухъу!» «Насып защIэ ухъу!» «ГъащIэ кIыхь ухъу!» «Тхьэм уигъэпсэу!» «Жьы ухъу!».

Пщащэм, гушыIэ хуэдэу, – «НасыпыфIэ, лIыфI натIэ ухъу!» – жраIэ.

Къепсар нэхъыжьмэ, – «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» е «Жьыщхьэ махуэ тхъэж ухъу!» – жраIэ. Къепсар щIалэмэ, пщащэмэ, – «НасыпыфIэ, гъащIэ кIыхь ухъу!» – жраIэ.

Къепсар сабиймэ, – «Тхьэм укъигъэхъу!» – жраIэ.

Къепса сабийм, гушыIэ хуэдэу, – «Угулъэ, улъынэ, лъынэ хуэдэ убагъуэ, абрагъуэшхуэ ухъу!» – жраIэ.

Къепсар нэхъыщIэ цIыкIумэ, дэгушыIэу, – «Хьэтх утесу псафэ укIуэ!» е «Хьэндыркъуакъуэ псэфым ущIэмыхьэу жэр ухъу!» – жраIэ.

Сымаджэм щIэупщIакIуэ щыхуэкIуэкIэ, – «Тхьэм уигъэIуэтэж!» «Тхьэм уи узыр псынщIэ пщищI», – жраIэ.

Сымаджэр къэтэджыжамэ, – «Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!» – жраIэ.

Зы мылъку гуэр, хьэпшып гуэр къызыхэхъуам жраIэ:

«И хъер улъагъу!»

«Угъурлы пхухъу!»

«ФIыкIэ зыухьэ!»

Ӏуэху зэдэзыщӀауэ зэбгъэдэкIыжхэм зэжраIэ:

«ФIыкIэ дызэIущIэ!»

«ГуфIэгъуэ фыщымыщIэкIэ!»

«Уигу зыдэщыIэм, уи Iэ лъэуIэс!»

«Уи хъуныпэ Тхьэм фIы къриIуэ!»

«Уи гъуэгупэ Тхьэм фIы къриIуэ!»

«ХъеркIэ Тхьэм дызэIуигъащIэ!»

Зыгуэрым егуэпам, гукъэкӀ ищӀу тыгъэ зыщIам жраIэ:

«Уи Iыхьэ кIыхь ухъу!»

«Уи гъащIэ кIыхь ухъу!»

Зэхуэзыхьэсыжар КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ,

тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

Читать также: