ПСОРИ БЛЭКIЫНУЩ

Iуэтэж

Насыпыр уи щIалэгъуэм уэстын, хьэмэрэ уи жьы хъугъуэм пэзгъэплъэн, жиIэри зэгуэрым гъащIэр цIыхуитIым еупщIат, жи.
Зым жеIэ: «СыщыщIалэм деж, сытхъэжу, гукъеуэ симыIэу, гъащIэм къихь фIыгъуэм сыхэджэгухьу, дунейр есхьэкIмэ, ар нэхъыфIкъэ? Си щIалэгъуэм Iэджэми сыхуейщи, а сызыхуей псори згъуэтурэ жьы сыхъумэ, гъащIэр егъэзыхыгъуэщи, адэкIэ куэд къэнэжкъым».
«Ари пэжщ, ауэ щIалэгъуэр пIэщIэкIарэ, жьыгъэмрэ узымрэ къыптекIуамэ, ар зы насыпыншагъэ. Ауэ гъащIэм зи гугъу ищIыр нэгъуэщI насыпыншагъэщ. Ярэби-тIэ, си щIалэгъуэм гугъу сехьми, си жьыщхьэ сIуэтэжмэ, мынэхъыфIу пIэрэ?» – жиIэщ адрейми, ар къыхихащ.
АдэкIэ зыгуэр къыщытщи: «Сыт щхьэкIэ, цIыхур псэуху епт хъунукъэ а насыпыр, ущымысхьу?» – жеIэ. «Апхуэдэ щыIэкъым», – идэркъым  гъащIэм.
Ар сигу къэкIыжащ и щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ куэд щIа пэтми, ноби зи гур хэщIу щыс дадэр щыслъагъум.
КъулыкъуфIи иIыгъыу, цIыхуми пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIу, зыхыхьэми ягъэлъапIэу, и щхьэгъусэри дахэрэ зэкIужу, апхуэдэхэт. А тIур зэгъусэу зыщIыпIэ кIуамэ, здэкIуа унагъуэм ар я напщIэ телът. ЖьантIэр тIысыпIэ хуащIырт, нэхъ нэ лейкIи къеплъырт, къыщыгуфIыкI пэтми яфIэмащIэу, къагъэхьэщIэрт. 
Розэрэ Мэжидрэ бынищ яIэти, хъарзынэхэт, дэбгъуэн щымыIэу гъэсат. Ахэр къыдэкIуэтейри, хэти яшащ, хэти къишащ. Ауэ, куэд мыщIэу, щхьэуз къудеи зимыIа Розэ зэуэ къытехуэри, мыпсэлъэжу и бзэр иубыдащ. Махуищ фIэкIа мысымэджауэ, дунейм ехыжащ.
– СымыукIытэжыххэу бжесIэнщи, зэи си гугъакъым мыпхуэдэ IэнатIэ сыIуувэну, – кърегъажьэ Мэжид. – Илъэс куэдкIэ дынасыпыфIа пэтми, махуэ закъуэу блэлъэтауэщ къызэрысщыхъур. Зы гузэвэгъуэ закъуэм уи гъащIэм фIыуэ хэлъа псори пщигъэгъупщэжыфынущ... Къулыкъу нобэ згъуэтащ, жыпIэу, хъийм уимыкI, ар нобэ къыуатамэ, пщэдей пIахыжыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Насыпым ухэсу узэрыпсэуар къыщыбгурыIуэжыр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар пIэщIэкIа нэужьщ. Ар цIыхум ди щыуагъэшхуэщ. Дауи, сэ жысIэркъым псори апхуэдэу, ауэ сриукIытэжурэ зызумысыжынщи, сызэрыщытар аращ. Жьы ухъуамэ, зэманыр къолеекIыжмэ, уи гъащIэм уроплъэжри, Iейуи фIыуи хэлъар къыхыбогъуэтэж.
Мэжид и псалъэр зэпигъэури, и нэгъуджэр быдэу илъэщIащ, зыIуимылъхьэжу стIолым трилъхьэри, адэкIэ пищащ:
– Пэжыр жысIэнщи, тIэкIу зыкъысфIэщIыжауэ, си щхьэр лъагэу Iэтауэ сызэрыщытам пцIы хэлътэкъым. «Волга» сыкъызэрырашэкIым и фэр сужэгъурти, кIэщI-кIэщIурэ фIыцIэр хужькIэ, хужьыр фIыцIэкIэ зэсхъуэкIырт. КъызэрыгуэкI цIыхухэми сакъыхуеплъых хъуам пцIы хэлътэкъым. Сэбэп сызыхуэхъуаи сызэмылIэлIэхаи щыIэщ. ПцIы зыхэмылъращи, си щIалэгъуэри си хьэмтетыгъуэри зэи иухын си гугъакъым.
– Дзэзешэ цIэрыIуэ Александр Македонскэм и Iэлъыным «псори блэкIынущ», жиIэу тетхауэ яIуатэ. Дигу ирихь Iуэху гуэр дыщыхэтым и деж ар зэрыблэкIынур тщогъупщэж.
– Упсэу, пэж дыдэщ, ди Iуэху ехъулIэу щIэддзамэ, ди гугъэщ игъащIэкIэ апхуэдэу щытыну, Iейм хуэдэу фIыри зэрыблэкIым дегупсысыну дыхуейкъым, – жи дадэм. – Пенсэм сытIысыжащ, си гуауэр сщхьэщызыхын къулыкъури сиIэжкъым, апхуэдиз илъэскIэ, уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, зэнэзэпсэу жыхуиIэм хуэдэу сызыдэпсэуа
щхьэгъусэри сыгурымыжурэ сIэщIэкIащ. Си жейр кIуэдащ, си гъащIэм сызэмыфа тутынри къэзублащи, Iейуэ сегъапсчэ. Бынри хъарзынэщ, ауэ ахэр я щхьэ хуопсэуж. «Сыт ухуей, дадэ, сыт къыпхуэтщэхун?» – жаIэмэ, ари фIыщIэ умыщIу хъуркъым. Си зэманыгъуэр блэкIами, абыхэм я дунейщи, тхьэм игъэузыншэхэ. Бынхэри хущIыхьэрэ? ХущIыхьэркъым, пIащIэгъуэкIэ  къыдолъэдэж, ещхьыркъабзэуи дожыж. «КъыдэтIысылIэж», – жаIэ, ауэ сыхуейкъым, си унэжь сыщылIэжмэ нэхъ къызощтэ.
– Уэ иджыри ужькъым. Тхьэм жиIэмэ, иджыри Iэджэрэ...
– Ар тхьэм жимыIэкIэ, нэхъыбэрэ сыпсэуху, си гъащIэр нэхъри нэхъ хьэлъэж хъуну аращ.

 

КIэбышэ Лилэ.
Поделиться:

Читать также: