И усэхэр къабзэщ

Iэпщэ Анзор ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щыщщ. Студентщ, Налшык гъуазджэмкIэ институтым хэт колледжым макъамэр щедж. НыбжькIэ щIалэми, пшынауэ Iэзэщ, зэрыцIыкIурэ абы зыхуегъасэ. А псом нэмыщI, Анзор усакIуэщ. Илъэс зыбжанэ хъууэ аращ усэ итхыу зэрыщIидзэрэ. Ауэ усыгъэр и гум къызэрихьэрэ зыкъом щIауэ къыщIэкIынущ - и усыгъэм хыболъагъуэ куэдрэ тIыгъуа гупсысэхэр. И IэдакъэщIэкIхэм хыболъагъуэ къабзагъэ, лIыгъэ, цIыхугъэ, Хэку лъагъуныгъэ, гухэлъ, дуней тетыкIэ, щIыуэпсым и телъыджагъ. Анзор псалъэхэм хощыпыхь, я нэхъ гуапэр къыхехри, ар усэм гъэщIэгъуэну хеухуанэ. Псалъэ щхьэхуэм зы усэм апхуэдизу мыхьэнэ щегъуэтри, сатыру хъуам яхэлъ купщIэр абы къикIыкIыу къыпфIощI. НыбжьыщIэр адыгэ къуажэ къызэрыдэкIар, анэдэлъхубзэ къулей зэрыIурылъыр, щIыуэпс дахэм езым и хьэл-щэныр зэрипсыхьар и усыгъэм хыболъагъуэ. Удз гъэгъар, бзу цIыкIур, мазэр, вагъуэхэр, уафэ къабзэр, псыежэхыр усакIуэм и сатырхэм къыщыхыхьэкIэ, уехъуапсэрэ зыхуэпшийуэ зы дуней дахэ укъыхохутэ. Усэхэм яхэтщ гуапагъэмрэ щабагъэмрэ зыгъэлъапIэхэр. Iэпщэ Анзор тотхыхь зэрысабийрэ и Iэпэгъу пшынэм - абы къригъэкI макъамэм цIыхупсэр зэригъэпIетейм хуэдэу, усэу игъэпса нэужьи, уегъэхъуапсэ, гукъыдэж къует. Усэхэм яхэтщ уэрэду игъэпсаи.

Iэпщэ Анзор усэныр къохъулIэ. ахэр езым и гупсысэкIэм, и акъыл жаным, и зэхэщIыкIым, и хъуапсапIэхэм яхуэфэщэжщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

Iэпщэ Анзор

                   Пшынэ

Пшынэ фIыцIэр гъащIэм си Iэпэгъуу,

ИдохьэкI зэгъусэу махуэ къэс.

Сынэщхъеймэ, гуауэр къыздегуэшыр,

СынэщхъыфIэм, фIыгъуэр къыздеIэт.

 

Си насыпыр къыщежьари пшынэрщ,

ГъащIэм гъуэгу абы хызигъэшащ.

Срогушхуэ сэ жысIэну ину:

Сэ IэщIагъэ сщIынур пшынэращ!

25.04.2021. - 27.10.2022.

 

           Унэбзу

Тесщ бжэщхьэIум унэбзу,

ПщIантIэр зэпеплъыхьри,

ЗеутхыпщIыр унэбзум,

Уи ни уи пи ихьу.

 

И ныбжьэгъухэм зэ яхоплъэ,

Зэм къеплъыхьыр унэр,

Сыту пIэрэ и гум илъыр,

Сыт зэхъуапсэр и нэр?

Къыздишауэ зэми гъусэ,

Я кIэр ягъэсысу,

Я пэ цIыкIухэмкIэ теуIуэу,

Бзухэр зэдоусэ.

 

Бзу цIыкIуитIым къыздрашыр

Уэрэд куэд жьгърууэ.

Гъатхэу, щIылъэр къыщыушым

ЩIохъуэпс дахэм псори.

 

Бжьыхьэр къэсмэ, адрей бзухэр

Жыжьэ лъэтэжынущ.

Ауэ сэ си унэбзухэр

БжэщхьэIум тесынущ.

28.05.2021.

              * * *

Нобэ махуэр - щихущи,

Пщэдей махуэр - псейщ.

АдкIи зыгуэр щыIэщ,

Ауэ согужьей.

16.04.2021.

           * * *

Зэзэмызэ къокIуэ усэр,

Зэми мэбзэхыж.

ЩIыпIэ куэдым къыщекIухьри,

Си деж къопсыхыж.

 

Сэ а усэр си щхьэм илъщи,

Зыри сымыщIэж.

Ар тхылъымпIэм къытехьэхукIэ,

Псэм псэху имыIэж.

2021.

           Псэ дахагъэ

Дунейм пщащэ дахэ щымымащIэ,

Узэплъын умыщIэу куэдрэ къохъу.

Ауэ гур зылъыхъуэ, зыкъуигъащIэу,

ГъащIэм зэ уIумыщIэнкIэ мэхъу.

 

Дахэм и дахагъэр зэман Iуэхущи,

Игъуэ нэсмэ, ари кIуэдыжынщ.

Ауэ псэ дахагъэр мыкIуэд нэхущи,

Псэр щыIэху, дахагъэри щыIэнщ.

 

Псэлъыхъугъуэ хъуауэ къыщыплъыхъуэм,

ТхьэIухудым зыдомыгъэхьэх.

И гупсысэр дахэм ууейм техуэм,

Ущыуэнкъым, пщащэу ар къыхэх.

 

ЖиIащ Iущым: «Фи Iуэхур хэплъэгъуэщ»,

Бетэмалу ущыуэнкIэ мэхъу.

Ауэ уи гум жиIэм нэхъ тепщIыхьмэ,

Сыт нэхъыфIыр къыпхуэзэм уи псэгъу?!

 

Иджырей дуней

Тобэ… цIыхухэр зэкIуэкIа?

Соплъри къысхуэмыщIэ.

Бзэм нэхъ дахэр дадзэжащ,

Аращ я щхьэм и пщIэр.

 

Модэ… хамэ бзэр нэхъыфIщ,

Абы уегъэкIуатэ,

Ар полъэщыр Iэджэ фIым,

Куэди къыпхуеIуатэ.

 

Аращ жаIэр иджырейм,

Хуэмеижу я бзэм: -

«Гугъущ дэ ди бзэр хэти хуей,

Нэхъ тфIэтыншщ хамэбзэр».

 

Мис, я бынхэм ямыжагъуэу

Йоплъыр таурыхъ хамэ.

Зэман докIри, ягъэщIагъуэ:

Хъуащ анэбзэр хамэ.

 

Хуэму ар яIэщIохужри,

Мэхъу бзэмыIу езыхэр.

Бын мыгъасэм ягъэсэжри,

Унэм бзэр щымыIу.

 

Апхуэдэххэу ди адыгэр

Хамэм хошэпсыхь.

Гу лъамытэу къызэрыхъум,

Куэд хъум хозэрыхь.

 

Бзэ уимыIэм улъэпкъыжкъым,

Арщ дызэлъытар.

Пщыгъупщэжмэ, зомыIэжьэу,

Джыжыт тхьэм къуитар!

17.05. - 17.06. 2022.

 

           * * *

Сэ слъэгъуат зы пщащи,

Ещхьыркъабзэт гуащэм.

И теплъэм хуэдабзэу,

И гуи, и пси къабзэу.

08.12.2022.

         * * *

Гъатхэщ.

Уэшх нэужьщ.

Си псэм фIэфI акъужь

Къыкъуэуащи сэ сегъэгумэщI,

Си гум и макъамэу зы къудамэм,

Зы ткIуэпс къабзэм си нэр егъэплъыз.

ЛъэмыкIыжу гущIэр зыгъэгыз

Псори зыхуэкIуэжыр - ГукъэкIыжщ…

2022 - 2023.

           * * *

Си пшынэ макъыр

ЖэщкIэ жыжьэ мэIур.

Уэ пхуэгъэпсауэ куэдрэ

Ар мэудж.

Уджым дыхэту

Нэгум укъыщIохьэ,

Хьэ банэ макъым

Жэщыр ещIыр дыдж.

Си пшынэ макъыр

 ЖэщкIэ зэрощэщыр,

Мэщащэ, гугъэу

Уэ къэпщыпыжын.

Уи шыкIэпшынэр

Дежьууэ си пшынэм,

Сыхуейщ си гъащIэм

УкъеуджэкIын.

12.05.2023.

            * * *

Мазэр изыбзэу,

Сигу ущыпсэууэ,

Гъатхэр блэкIауэ,

Сигу укъэкIауэ,

Зыри умыщIэу,

СызыхомыщIэу…

Мазэр къыстопсэ,

Псэм укъыщопсыр,

Жэщыр хокIуатэ,

Си гур мэятэ,

Уэрамыр нэщIу,

Дэ дызэрыщIэу,

Укъыполъадэ

Си гум щIэрыщIэу,

Ущоджэрэзыр

Си гъащIэ мэзым,

ЗэкIэ зырызми,

Псэхэр зэрыщIэу,

Нэгум къыщIохьэ

Узищхьэгъусэу…

01.06.2023.

                               * * *

Уи деж сызышэ, зэшыр здэзыгуэш

Си лъагъуэ Iушэр хуэму хокIуэдэжыр.

Дэ ди псэхэр зы чысэ щилъа жэщ

Сэ куэдрэ къызощIэжыр семызэшу.

 

Гъэгъа уэ пфIэфIт, сэ си псэр къыбдэгъагъэрт,

Уэ гъэр сыпщIати, слъагъутэкъым нэгъуэщI.

КъызжепIэ закъуэм икIи сыбдэгъынут…

Ауэ сэракъым, гъусэ пщIар нэгъуэщIщ.

11.04.2023.

 

          * * *

Псэм ухэкIыжами,

Гум усхуимыкIыж,

Гъатхэр къихьэжауэ,

Си гум укъокIыж.

 

Гугъэр хэсхыжами,

Нэм Iэмал къегъуэт.

Хэт сыт жимыIами,

Уэщхьу цIыху мыкуэд.

 

Сэ сэщхьынри мащIэщ,

Арагъэнщ езыр

ГъащIэ гугъуу гуащIэм

ДыщIищIар дэ тIу.

 

Сытхэр сымыщIами,

Дэ дызэфIокIуэд.

Псэм ар жриIащи,

Гур сфIызэгуоуд.

 

БжесIэжыни згъуэткъым,

Гъатхэм си гур щIогъу.

Iэмал гуэри гъуэткъым,

Гур зэщыджэу магъ.

 

Гъыми, бжэми, хьэщIэщ

Си гур псэм щозэш.

Ауэ сэркIэ мащIэщ

Къэсхъуэпсар уи деж.

 

Бжьыхьэм укъихьауэ,

Гъатхэм усфIехьыж.

ПIалъэ гуэр икIащи,

ГъащIэм ухокIыж.

03.03.2023.

Поделиться:

Читать также: