Жылагъуэ

ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур ди республикэм щыцIэрыIуэ цIыхущ. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэ Марие илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрытащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм. Апхуэдэу ДыщэкIыр Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм дэс цIыхубзхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэщ. Марие егъэджакIуэ Iэзэ, гъэсакIуэ гумызагъэ, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр къудейкъым. Абы и къалэмыпэм, методикэ тхылъ купщIафIэхэм ящIыгъуу, къыщIокI усыгъэ дахи. НэщI мазэ лъапIэм къриубыдэу итха усэ зыбжанэ къытехуащ ди газетым, «Хэщхьэж гупсысэхэр» фIэщыгъэм щIэту. 

«Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэр нобэ щыгъуазэ фыхудощI хэкупсэ нэсу дынейм тет адыгэ бзылъхугъэм и къалэмыпэм къыпыкIа усэщIэхэм ящыщхэм. Ахэр ятеухуащ цIыху зэхущытыкIэм, гъащIэм, пэжыгъэм, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ. 
ТАМБИЙ Линэ. 
Гугъэмрэ гъащIэмрэ 
Слъэгъуащ загъэгубзыгъэу псэ фIей Iэджэ,
Щапхъэу къэпхьыну зэмыкIу цIыхубз куэд,
Слъэгъуащ акъылкIи хьэлкIи мыхьэнэншэ
Я щхьэр яIэтрэ хъууэ емыкIухь.
Ар гъащIэщ. Сыт абы пхуещIэнур,
НэхъыфIт дагъуэншэу псори дыщытам.
Дауэ мыхъуами, хэсхыжакъым гугъэ,
ЦIыху нэсхэр нэхъ куэд хъуну сащогугъ.
УмыщIэм зэи щыхьэт утемыхъуэ,
Умылъэгъуами утемыпсэлъыхь,
ПцIы бупсыжынум иумыгъэщI зым гугъэ,
Къытепхыжын мурадкIэ умытыIа.
ЗыдебгъэкIун къудейкIэ уэ зыгуэрым,
Адрейм темылъкIэ уэ гуэныхь къыумыхь,
Дзыхь зыхуэпщIар уэ куэдрэ къыумыпщытэ,
Псалъэ зэптами сыткIи хуэпэжыф.
ФIыкIэ хуэлъаIуэ уи псэм къищта цIыхухэм,
Дапщэщи ахэр гъащIэ гъусэ щIы,
Плъагъу мыхъу цIыху псори IугъэкIуэт уэ жыжьэу,
Псалъэ купщIэншэм зыри тумыщIыхь. 

 

ФIыщIэ псалъэ
 Фэ фIыщIэ фщIы, нэху фыкъекIащи,
АбыкIэ Тхьэр къыфхуэупсащи.
Хуэсакъыу пIэм фыкъыхигъэкIри,
Мы пщэдджыжъ дахэм фыхишащи.
Къыфхуэсакъащ ар фыщыжейми,
ЗывгъэпсэхункIэ сэбэпащ.
МелыIычыфIхэр зэхуишэсри,
Къэрэгъул бжыхь фхуигъэуващ.
А Iуэхутхьэбзэшхуэр къытхуэзыщIэ
Ди Тхьэшхуэр сыткIэ зыхэтщIа?
Дэ тщымыгъупщэу пщэдджыжь къэскIэ
Шыкур Тхьэ лъапIэм хуэтщIыфа?
А фIыщIэ псалъэм хуэдывгъэщI гъусэ
Гуапагъэ, псапэ, хьэлэлагъ.
Дыщывмыгъэсхь, Iэмал иIэххэм, 
Хабзэ, гухэхъуэ, жумартагъ.
ДыщIэвгъэлъэIу пIэхэлъ сымаджэм
Уз къеузау имыщIэжыну.
ГъащIэм зэгуэр зигу хигъэщIахэм
Нэплъэгъуэ дахэ яIэж хъуну.
Сыхуейщ цIыху псори зэгурыIуэу,
Гукъеуэ я кум къыдэмыхъуэу,
Зыр адрейм хуэпэжрэ щхьэпэу,
Я гъащIэ Iыхьэр ирахыну.

 Ущие 
 И макъыр инрэ быхъуу бакъуэу,
Нэхъыжь-нэхъыщIэ имыщIэххэу,
«ЦIыхухъущ мыр», - жиIэу зимыхьэкъуэу
Чэнджэщ ептыныр имыдэххэу,
Псоми хищIыкIыу и гугъэжу
Нысэ къэпшамэ, уунэхъуащ.
Зэ буущиин иужь уихьамэ,
ЩыIэщ ажалу къызыщыхъу,
«Сыхуумыгъаджэт уэ абыхэм,
Куэд щIауэ сощIэ ахэр сэ», -
УщIегъуэжыхукIэ къодэуэну
КъахокI нэрыбгэхэм ерыщ.
ПщIэ псори пэжу, унэхъ Iэзэу
ЖыпIэну дауэ жьэм къекIуэн?
ЦIыхур псэуху еджэн щыхуейкIэ,
Уэ псори зэуэ къохъулIэн?
Псом я нэхъ Iущу зыплъытэныр
Къулейсызыгъэу сэ къызобж.
Уэ уи щхьэм фIыхэр хужыпIэжкIэ
Зы цIыхум и фIэщ пхуэмыщIын.
УкъацIыхунщ щIэх дыдэу псоми
Пхуэфащэ цIэи къыпфIащынщ.
ПщIэ лъэпкъ абы уэ къыпхуимыхьу
«ЕмыкIукъэхь» цIэри къыпхуэнэнщ.
Ди цIыхубз цIыкIухэр ирещабэ,
Я щхьэм пщIэ хуащIу ирепсэу.
Iэдэбу, щабэу, фIэлIыкI яIэу
Зыхэхуа лъэпкъми хрырес.
Унэм илъ хабзэм хуращI пщIэшхуэ,
Ар гъэпэжыныр хьэкъ щрехъу.  

Поделиться:

Читать также: