Иужьрей нарт

1

Зы щакIуэ мэз лъапэм техьауэ, мэзым зы бланэ къыхэжащ. «Бланэр тхьэм къызитащ», - жери щакIуэм и шабзэр зэIуидзащ. ЩакIуэм и шабзэр зэIуидза къудейуэ, мэзым зы шу къыхэжащ, бланэм къыкIэлъысри, зэ уэгъуэм и пIэ къригъэкIакъым. Шур епсыхри, бланэм бгъэдэуващ. 
Шум бланэр зэIихыху, щакIуэр лъэныкъуэкIэ щытащ. 
Бланэр зэIихри, шур щакIуэм къеджащ: 
- Мыдэ къакIуэт, - жери. 
Шум блатхьэр къыщIигъэхури, щакIуэм къыхуигъэтIылъащ. 
ЩакIуэм блатхьэр къыхуэIэтакъым. 
- Нартхэ ди ужь къихъуэнум гуащIэ яIэжынукъым къыджаIэрти, си нэгу щIэбгъэкIащ, - жиIащ шум. - Уэ пхуэдэ защIэ ди ужь къихъуэнур?
 - Схуэдэщ, - жиIащ щакIуэм. - Уэ усыт лъэпкъ? 
- Сынарт лъэпкъщ, - жиIащ шум. - Нарт ШукIасэ слъэгъуащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. 
Шум блатхьэр щакIуэм и шыплIэм къыдилъхьащ. ЩакIуэм и шыр блатхьэм игъэтIысащ. 
- Мыр шы пхуэхъункъым, щIалэфI, - къыжриIащ шум. - Си лъэужьым урикIуэмэ, шы пхуэхъун уэстынщ. Си лъэужьыр илъэсиблкIэ кIуэдыжынукъым. 
Бланэм и лыр фэм кIуэцIишыхьыжщ, и шыплIэм дилъхьэри, нарт шур мэзым хыхьэжащ. 

2

 Зы щIалэ хьэжэбажащэ ежьауэ зылI ирихьэлIащ. ЛIым бланэ къиукIауэ зэIихырти, бгъэдыхьэн ирикуакъым. КIэлъыплъурэ, лIым бланэр зэIихащ, лыр фэм кIуэцIишыхьыжщ, и шыплIэм дилъхьэри шэсыжащ. 
«Мыр здэкIуэм сеплъынщ», - жери щIалэр лIым и ужь иуващ. 
КъызэплъэкIри, щIалэм гу къылъитащ лIым. Гу къыщылъитэм, шыр къыжьэдикъуэри, щIалэм къеджащ:
 - Мыдэ къакIуэт, щIалэфI, - жери. 
ЩIалэр лIым бгъэдыхьащ. 
- ЩакIуэм я хабзэщ, - лIым блатхьэр къыщIигъэхури, гъуэгум къытрилъхьащ. 
ЛIыр ежьэжащ. ЕIэбыха щхьэкIэ, щIалэм блатхьэр къыхуэIэтакъым. КъыщыхуэмыIэтым, лIым къигъэзэжри, блатхьэр щIалэм и шыплIэм къыдилъхьащ.
 - Хэт ухуэза жаIэмэ, хэт и цIэ исIуэнур? - еупщIащ щIалэр лIым.
 - Нарт ШукIасэ сыхуэзащ яжеIэ. Нартым я ужь къинар сэращ.
Ар къыжриIэри, лIыр ежьэжащ, итIани, шыр къыжьэдикъуэжри, щIалэр зыбгъэдишащ. 
- Сызыхуейуэ укъызихьэлIащ, - къыжриIащ лIым. - Сэ зы гъэщ къысхуэнэжар - си гъащIэр сухащ. Зы гъэ дэкIмэ, мыпхуэдэ щIыпIэм некIуалIи, сыщIэлъхьэж. 
ЛIымрэ щIалэмрэ зэбгъэдэкIыжащ. Зы гъэ дэкIри, щIалэр лIым къыхуигъэлъэгъуа щIыпIэм кIуащ, ШукIасэ лIауэ ирихьэлIэри, и хьэдэр абдеж щыщIилъхьэжащ. 
ШукIасэ и кхъащхьэкIэ йоджэ иужьрей нартыр щыщIалъхьа Iуащхьэм. Iуащхьэр Щхьэгуащэ псыхъуэ дэтщ.

Поделиться:

Читать также: